ЗыгъэпсэхупIэм зрагъэужь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ Азау щIыпIэм щэбэт кIуам зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексым зэрызегъэужьыпхъэ Iэмалхэм.

ЗэIущIэм щыхэплъащ «Iуащхьэмахуэ» экономикэ щIыпIэ хэхар гъэм и зэман ­псоми ебгъэфIакIуэ зэрыхъунум, зыгъэп­сэхупIэм и инженер инфраструктурэм, ­Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрыщыту дяпэкIэ зэрызебгъэужь хъуну хэкIыпIэхэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ нобэ, Урысейм и къэралкIуэцI туризмэм жыджэру зыщиужь лъэхъэнэм, щIыналъэ, муниципальнэ унафэщIхэмрэ Кав­-каз Ищхъэрэм и курортхэмрэ зэкъуэувэу, Iуащхьэмахуэ лъапэ хуабжьу удэзыхьэх зыгъэпсэхупIэ ящIын зэрыхуейр.
- Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыдгъэ­зэщIэну ди мурад проектышхуэхэм зыхуей хуэзэу делэжьыныр, фIагъ лъагэ иIэу дгъэзэщIэныр, мы щIыпIэм щыпсэухэм я еплъыкIэхэри къэтлъытэу зэтедублэныр Iэмал зимыIэщ, - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэм.
А псори и кIэм нэс зрагъэхъулIэн пап­щIэ, гъуэгур, зэфэ псыр, къагъэсэбэпа псыр зэрыжэ бжьамийхэр, электрофикацэр, щIыпIэр гъэдэхэныр япэ зэригъэщыпхъэр дыщIигъуащ республикэм и Iэтащ­хьэм. А псоми ди зыгъэпсэхупIэр куэдкIэ иригъэфIэкIуэнущ, цIыху нэхъыбэм я ­плъапIэ хъунущ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щып­сэухэмрэ щылажьэхэмрэ я ­гъащIэм зиузэщIынымкIи сэбэпышхуэ хъунущ.
«Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» IуэхущIапIэм и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн жи­Iам тепщIыхьмэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ и зыужьыныгъэр - бгы-лыжэ лъагъуэхэр, кIапсэ гъуэгухэр ухуэныр - 2023 гъэ ­пщIондэ федеральнэ бюджетым хагъэ­хьэну я мурадщ. Абы теухуа унафэм и проектыр иджыпсту УФ-м и Правитель­ствэм щIэлъщ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)