Республикэм и Iэтащхьэр къыщыпсэлъащ КъБР-м и егъэджакIуэхэм я шыщхьэуIу зэIущIэм

ЩIэныгъэм и махуэмрэ гъэ еджэ­гъуэщIэм щыщIадзэжынумрэ и пэ къихуэу курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэту Нал­шык дэт еджапIэ №33-м щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджа­кIуэхэм я шыщхьэуIу зэIущIэр.
ЕгъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К., Правительствэм и УнафэщI Мусуков А., ­КъБР-мкIэ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Т., Урысейм ЩIэ­-ныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм и департаментым и унафэщI Свистунов А., КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн М., школ егъэджа­кIуэхэр, гъэзэщIакIуэ властым, щIы­пIэ ­самоуправленэм, егъэджэныгъэ, профсоюз, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я Iэтащхьэхэр.
Тепсэлъыхьащ курыт, IэщIагъэ щрагъэгъуэт, гуэдзэн егъэджэныгъэм, щIалэ­гъуалэ политикэм заужьын папщIэ япэ игъэщыпхъэхэм, 2020 - 2021 гъэ еджэ­гъуэм щIэныгъэр хэгъэхъуэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр яубзыхуащ.
ВидеоIэмалхэр къигъэсэбэпри, зэIущIэм хэтхэм захуигъэзащ Урысей Федерацэм щIэныгъэ щегъэгъуэтынымкIэ и министр Кравцов Сергей. Абы ди егъэджакIуэхэм фIыщIэ къахуищIащ гъэ блэкIа гугъум я лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ къызэрырахьэлIам папщIэ икIи зэпэщIэхауэ сабийхэр егъэджэным ехьэлIа Iэзагъ дэтхэнэми зэригъуэтар къыхигъэщащ. «ЗэпэщIэхауэ зэрырагъаджэ зы Iэмалри пэхъунукъым дызэреса егъэджэкIэм. Абы къыхэкIыу онлайн щытыкIэм еджапIэхэр зэи дыхуэкIуэнукъым», - къыхигъэщащ федеральнэ министрым.
КъищынэмыщIауэ, Кравцовым хъыбар къаригъэщIащ Урысей Федерацэм щIэ­ныгъэ щегъэгъуэтынымкIэ министерст­вэм ЕгъэджакIуэхэм я совет къызэры­щызэрагъэпэщыр. Абы хыхьэнущ щIыналъэ къэс цIыху зырыз.
Зэхуэсым кърихьэлIахэм фIэхъус ярих­ри, КIуэкIуэ Казбек яжриIащ къэралми республикэми я дежкIэ егъэджэныгъэр япэ игъэщын хуей Iуэхугъуэхэм зэры­щыщыр. ШыщхьэуIу зэIущIэхэр, къыхигъэщащ абы, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху­гъуэщ. Абы блэкIа гъэ еджэгъуэм кърикIуахэр къыщыдопщытэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэм зэ­рызиужьынур щыдоубзыху.
«Къыпэубыдыныгъэхэр къызэрежьэрэ, иджы япэу, фокIадэм и 1-м цIыхухэм - школакIуэхэм, студентхэм, егъэджа­кIуэ­хэм, адэ-анэхэм - куэду зэуIуу зэхуэсу щIадзэжынущ. БлэкIа гъэ еджэгъуэр ­хуабжьу гугъуу зэфIэтхащ, коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ. Апхуэдэу щIэ­дзэн хуей хъунущ еджэгъуэщIэми - санитар-эпидемиологие щытыкIэм къигъэув­хэм дытету, сыту жыпIэмэ, республикэм щыпсэухэм, сабийхэм я узыншагъэращ Iуэхур зытеухуар. Абы дэ жэуаплыныгъэшхуэ ди пщэм кърелъхьэ икIи зэгъусэу дыпэлъэщыпхъэщ», - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек. Школ егъэджакIуэхэмрэ уна­фэщIхэмрэ республикэм и Iэтащхьэм къыхуриджащ Роспотребнадзорым къигъэувхэм ткIийуэ тетыну.
ЩIыналъэм и зыужьыныгъэр зэлъыта къалэныщIэу КIуэкIуэм жиIащ егъэ­джэ­ныгъэр егъэфIэкIуэныр. «Дэ тлъэкI псори длэжьын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэр къэралым щынэхъы­фIипщIым хэдгъэхьэн папщIэ. Си фIэщ мэхъу нобэ абы дызэрыпэлъэщынур», - къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
Егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр техникэ и лъэныкъуэкIэ къызэгъэпэщынми мы­хьэнэшхуэ зэриIэм гу лъаригъэтащ республикэм и лIыщхьэм. Мы зэIущIэр лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ иджыблагъэ яухуа школыщIэм зэрыщрагъэкIуэкI­ри зэрымыщIэкIэ къызэрымыхъуар къыхигъэщащ. Ар щапхъэ яхуэхъупхъэщ ­адрей еджапIэхэми - республикэм и ­уна­фэщI IэнатIэхэм, егъэджэныгъэ Iэна­тIэхэр я щIэгъэкъуэну, лъэпкъ проектхэм къыхузэIуах Iэмал гъуэзэджэхэр къагъэсэбэпыпхъэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и школхэм я щытыкIэр ирагъэ­фIэкIуэн папщIэ.
КIуэкIуэ Казбек щхьэхуэу къытеувыIащ пэщIэдзэ классхэм щIэс сабийхэр шхын пщтыркIэ къызэгъэпэщыным. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьащ а про­граммэр зэригъэзэщIэну мылъкур: «Урысей Федерацэм и Президентым и жэрдэмыр дэ нэсу дгъэзэщIэн хуейщ».
Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу КIуэ­кIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ егъэджакIуэм и мыхьэнэр. Школ унафэщI­хэмрэ щIыналъэм я Iэтащхьэхэмрэ зэ­гъусэу елэжьыпхъэщ егъэджакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным, я псэупIэр егъэ­фIэкIуэным, псом ящхьэращи, - егъэджакIуэм и пщIэр къэIэтыным. «Фи лэ­жьыгъэм уасэ иIэкъым, ар мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Фыпсэу!», - жиIащ Къэбэрдей­-Балъкъэрым и Iэтащхьэм икIи зэIущIэм хэтахэм, егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыт псоми узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэ­-ну ехъуэхъуащ.
Доклад ящIу шыщхьэуIу зэIущIэм къыщыпсэлъахэщ Урысейм ЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм и департаментым и унафэщI Свистунов А., КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и ­министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ ­Езауэ А., Тэрч щIыналъэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и уна­фэщI Варий М., Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыIэ Эльбрус къуажэм и курыт еджапIэм и унафэщI Залиханов А., «ДыгъафIэ къалэ» ГБОУ-м сабий зэчиифIэхэр къэхутэнымрэ ядэлэжьэнымкIэ и «Антарес» центрым и унафэщIым и ­къуэдзэ Айбазов Т., КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Сэхъу­рокъуэ Хь., егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я лэжьакIуэхэм я профсоюзхэм я рескомым и унафэщI Карныш С. сымэ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.