Жьыху кIэухыншэм и даущ

ПщIыхь нэбжьыцым нэр тепыIэу хокIылэ, мамыр пIэжьажьэм щатэурэ хоумэзыхьри погуфIыкI гущэм хэлъ цIынабзэр. А къалъхуагъащIэм и пащIащхьэ ирижа гуфIэжей щтэIэщтаблэр зимыщыпэлъагъу балигъым «дзы­гъуэхэм ягъэдыхьэшх» жеIэри… щогъупщэж. Хъыдан жэ­румэм сыт и гуфIэ? Дзыгъуэхэм я щIагъыбзэ бзэмыIум, апхуэдиз гурыфIыгъуэ къызыщIэщым, дауэрэ дыщыужт? Гущэм хэлъыр дыгъэ нэщIащэу къыздыщыблэ, кхъаблэкIэ яхьыр гъэзапIэншэу зды­хэужьыхэж а дунейм иджы ириплъэжыфын нэхъей, балигъыпсэр теуджыджыхьу мэупIэрапIэ. Зо­хъуэпсэкI. Зэплъэ­кIыжрэ пэт гуры­Iуэщхъу жылэ Iэпощэт. ЗэщIэ­дэIукIыурэ псэм къеулъэпхъэщыж: къепсри къилъэтауэ езы дыдэрщ а цIыкIунитIэр! Дыгъуасэ хуэдэщ къыщыIутар а псори нэхъапэIуэм къэзыутIыпщ дуней кIэухыншэмрэ мыдэкIэ къыздэщыунэху тафэ IэрыщIымрэ я щхьэдэхыпIэм. Зэм къэуIэбжьу, зэми гужьеигъуэу Iэпхъэу ар къеIэрт бзэхыжынкIэ щIэшынэ хьэщIапIэ дахэшхуэм и гъунапкъэхэмкIэ. Абы иджыри ищIэртэкъым мо кхъаблэ IэтакIэ ирахьэкIыжыр а дуней хей угъурлыфэм игу щIыхупыкIар. Ар езыр иджыри ущызэкIэщIэплъу хейт. Пшэплъ Iубахъэмрэ ахъыр IупщIакIэмрэ щызэупсея жьэгу тхьэхур ибгына щIыкIэтэкъым.
Гъуэбжэгъуэщ цIырхъхэр и гущащхьэ плъыррэ лъэбэдий щIэлъэтыр и Iупэ пшынэу дунейм къытехьэр УсакIуэщ. КъыщыкIуэм деж дэтхэнэри усакIуэт-тIэ … Псысэ щIэ­жыуэр зи дзапэ уэрэдыр зыкъым, тIукъым, арщхьэкIэ УсакIуэ дыдэрщ зи макъамэ шэщIар мыбзащхъуэу къы­IэщIэзылъхьам и пащхьэ изы­хьэжыфыр. УщIэмыупщIэт абы ­игъэвым! НэмыплъкIэ зэтэжурэ зэлъикIуэта гъадэ къутахуэхэм я Iэжьэгъу-фэжа­гъуэхьу мэIуэхутхьэ­бзащIэ УсакIуэр.
ТIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэщ. Дызэрыт гъэм и гъатхэу дунейм къытохьэ Ацкъан Руслан «Пшэм хэт унэ» зыфIища тхылъыр. Мыгъэрей гъатхэпэм къыдэхьэмкIэ емынэ кIаблэр зи бжэ лъэмб имыхьэфын унэщи… зичэзу дыдэщ!
Нобэрей IуэхукIэ макъамэм дэмы­щIытэж псэуакIуэ нэжьгъщ дуней IэрыщIыр. ГъащIэ хъыринэри сату IэфракIэщи, псысэкъым щIиупскIэр. Абы ирихьэлIэу тхыгъэ къыхэхахэр здэщыIэ «… унэм» уэздыгъэ щыпа­гъанэ:
Къызэплъри уафэр, щIыфэр
игъэтхытхыу,
жиIэну зыхэтар ибзыщIыжащ…
…Зы упщIэ нагъыщэщ гъащIэкIэ зэджэр. Усэ-гупсысэр уэгум изщ. ЖаIэртэкъэ: псэр жэрщ?! «Пшэм хэт унэ»-р зыухуар хэт нэхъри нэхъыфIу ­щыгъуазэщ дэтхэнэ жэрми щхьэж и лъахъэ зэриIэжым. Къилъху илъхужыр зыхэфа уи псыежэхым и мывэ дэгумрэ нетIрей уафэ Iуплъэгъуэмрэ а къы­зэрытфIэщIым хуэдэу зэпэIэщIэкъым. Зы псэм ейщ тIури. Зыщ къэзыгъэщIар. Жэуап ппызыхыну хуитри а зырщ. «ДэнэкIэрэ?» жыпIэу зыщуплъыхьыжкIэ, усэр къызопсэлъэкIри:
Псым адкIэ щыIэр псэм и хэкущ.
……………………………………
А лъахэм сэ щызэхэсхащ
Жьыбгъэр щхьэмыжым
еIущащэу…
Уи щхьэрэ уи псэрэ зэхуэмы­арэ­зыжмэ, а щIыпIэм уи Iуэху щыIэкъыми, къыпэкIухь жыхуиIэ щIыкIэу усэм трегъэчыныхь:
Псым адкIэ щыIэр псэм и хэкущ,
Абы умыкIуэ, улIыгъэншэм…
АрщхьэкIэ усэр зи дамэгъум къыщIикIуэтын дагъуэ къуэлъу къыщIэкIынтэкъыми, мес пщIыхьхэр джэгуу щхьэщохьэ:
Лэсчэн аузым,
си адэм и жэмыр щыхъуакIуэм,
мазэм и нурым
псэхугъуэ IэрыпI щыщIегъэпщ.
УсакIуэр уэкъулэу здихьэж лъапсэр, аддэ зэгуэр гущэ щхьэтепхъуэм и щIэплъыпIэу щытар, иджы хамэгу-хамащхьэу къыIуплъагъэнщ… Армырамэ сыт-тIэ усэ къуэпсыр апхуэдизу щIэузыр?
Лэсчэн аузым,
зыгуэрым… и жэмыр
щыхъуакIуэм, жьыбгъэ емышым
гупсысэ зэмыщхь щыщIегъэпщ.
Нэрылъагъущ гугъэмрэ гъуэгумрэ зэрызэблэщхъуар: псэ къэбырсеяр иужьыгужу а кIуэжам къыIуплъа нэхужьыбэ псыIэшхуэхэм къащIэщыр зы гъащIэкъым. Усэ тхыпхъэщIыпхъэм пэIэщIэ тхылъаджэм, шэч хэмылъу, къицIыхужащ-тIэ щалъхуа щIыпIэм и нэщэнэу зыми хэмыгъуащэр… Дэнэ­кIэт здэгъэзар а псыпэхэр? Дауэрэ щIэщэщрэт уи губгъуэ щхьэмыжхэр? Сытыт щIэмыгъужыр уи бжьэпэ хьэкъыршхэр? Дэтхэнэра а жьыбгъэ щхьэкIурахъэр гуфIэжу къызыпемыжэжьар! Жэмыр-щэ?! Дапщэрэ уи псэ нэцIэрыфэр хьэчэу Iуувэжрэт а лъыпскIэ узыщыщ дуней бжаблэм…
ТхылъымпIэ тхьэмпэр макъамэу щыщIэхъаем, жьыпэу Iущащэ къы­дэцырхъауэ аркъудейщ, итIани зэуэ зыхэпщIаи! Зызылъахъэу икIуэтыжхэм ящыщкъым апхуэдэ жьыбгъэхэр.
Тхыгъэ къыхэхахэр усэ тхьэмпэ Iувщ, я дэтхэнэр къэдгъэпсэлъэн… ди еп­лъыкIэхэри жыжьэ-гъунэгъуу зэте­мыхуэнкIэ мэхъу. КъимыдэкIэ: усэм теп­сэлъыхь хабзэкъым. Зэпкъырахыркъым икIи яупIэркъым. Усэщ ар. Нэ­гъуэщIым и псэм къигъэщIа уэрэдщи, уемыIущэщэфмэ… псалъэ зэрыхъэ хэзэгъэнукъым. Догуэт зэхыумыгъэзэрыхь: зи гугъу тщIыр Усэрщ армыхъумэ, Щам и бжыхьу ирагъэцIэфтэкIа псалъэ чокъым. Къып­щIыхьэ пэт уипхъуатэрэ уэм урихьэу; уиудыныщIауэ уздэщымыгугъэххам укъыщызыIэпигъэхужкIэ, дамэу зып­хузэщIэзых Макъамэщ.
НтIэ, апхуэдэ гъэвыгъуэр зи Iэты­гъуейм щищIэн щыIэкъым «Пшэм хэт унэ»-м. А щIагъыбзэр зи гурыIуэгъуейми, и тхьэкIумэIупс - бдзапцIавэщи, езым и дагъэ щрелыбжьэж: дэ дезы­шэжьар макъамэ кIэухыншэщ. Плъэ­IуакIуэ-дэIуакIуэхэм я бжыгъэм фIыуэ зэрыкIэрыхуар нэрылъагъуу, псы­хъуэмкIэ идогъэзых. Иджыри тщIэркъым Лэсчэн щхьэрыхьу здэжэр, ауэ салъкъыну къытлъэIусакIэщ усэ­псэр зытегузавэр:
… себгъэдэIуэжыркъым шыпсэ,
къысхубоIуатэ
зэрымытыншыр уи гъуэгу.
УсакIуэм и лъэ и щхьэр зрихьэлIэжа псыежэх бэшэчыр иджы езыр щхьэлажьэщи, макъамэ тхытхыр мэуфэразэ:
Псы делэ цIыкIуу
си гуфIэ нэгуу сэ згъафIэ…
Зэхэпхыркъэ а «… делэ цIыкIур»? ПсалъитIым гъэфIэгъыбзэу щIауфэр -щэ? Жьыи щIэи зытемызашэ къебжэкIщ а … цIыкIур. Ар жызыIэм и бынжэ къуэпсыр мэджалъэ. Ар зыжраIэм и гуфIэ нэпсыр зэи гъущыркъым. Тобэ ирехъуи, псыежэхым хуэдэу а псалъэ дыгъэщыгъэр зыхуэфэщэпс щыIэу къыщIэкIынтэкъым… псом хуэмыдэжу, и гукъеуэ псыфыр кIэкъуащIэ шкIурэкIэ нэпкъым ириупцIэкIыурэ щыкIуэсэжым!
Уи Iупэм къеIусэрэ пэт, зэгуэр пху­жымыIа теплъэгъуэ дахащэхэр нэIу­рыту къэзыгъэщI УсакIуэм Iумыл зэпхъуа сурэтхэри и хамэкъым. ЩIэдэIут ар къуршыбгъэм зэрегием:
УздэщыIэр зымыщIэр нэхъыбэщ,
уи пагагъэм хуэныкъуэри хэт…
Абдежи щызэтеувыIэркъым
гупсысэр:
КъыпкIэрех и щIыIэмэр уэгу
къащхъуэм,
нэ утхъуахэм пшэ фIыцIэ щопэкIу.
Мы сатыр ишыгъуэм щIагъыбзэ-псантхуэу ихьыр жьыIурыхьэгъуэм и щэлъахъэу зэрыдзэжащ. Макъамэ лъэхъцыжьыбэщ; уеIэмэ, къоIэж! Сыт щхьэкIэ, ардыдэтэкъэ мо къыт­щхьэщыт лэгъуп лъащIэхум ди нэ къызыхуикIыу къыщытлъыхъур? Арауи дощIри, ди щыIэныгъэм езыр налъэкIэ ирипщIантIэкъым. И пэр Iунэу и нэр жанми, дэ къытхуэнэф-хьэфизщ. Уэгум и анэлщ ар. Къуршыбгъэщ! Ма­къамэ нэхъ лъагэхэм я Iыхьлыщ. ЦIыху гуэрхэми апхуэдизу щIедгъэщхьыр сыт-тIэ?
Мы теплъэгъуэхэр къыщыунэху тхыгъэ къыхэхахэр къызыхахыжар, дауи, усыгъэ тIасхъэтэкъым. Лъынтхуэ ­къуэпс зэгущу гъэпса уэрэдыр Iэдэбщ, лантIэщ. Зы быркъуэшыркъуэ деж щылъэпантхуэркъым псалъэр. Абы и гъуазэр - псэм и лъахэрщ. Зы щыхупIэ нэзи щыбэлэрыгъыжыркъым гум и псысэр:
ЩыхупIэ хьэлыр сэ сощIэж,
зэпхырысхащ ар бжьыбжьу
гъащIэм:
бгъафэм щIэлъ мывэми йощэж
иридзыхын хьэзыру лъащIэм.
Гум хьэуа IэмпIэ имыгъуэтыжу щы­дзыр зэролъадэри узэпекъуз а ухыгъэм. Асыхьэтуи къоIу нэгъуэщI уэрэ­дым (мыбдеж зыкIи къыщымыщым) и щIэжьыуэр:
Захузыр къуаншэ къафIэщIыжу -
НыпкIэлъыплъынщи ублэкIам…
Уэри, сэри, адрейми - ди гупщIэузыр зэуэзэпсэу иджы къоятэ… КъэпцIыхужащ:
Куэбжэпэм Iусхэщ, тесу мывэм,
ящIэжкъым илъэс дапщэ хъуам.
Я щIыб дэт къуршхэм телъ
уэс Iувым
хогъуащэ ахэм я щхьэц тхъуар.
Дэтхэнэ хуэшым зыдэбгъэшын? Дэтхэнэ узымкIэ узэпхъуэтэкIын… Зэ­хуаIуэхури сытыт, гуэщэтурэ зы бгы дэкIыгъуэ хъужа щыхупIэмрэ зи плIэ ухуар шэджагъуэ дыгъэм езыгъэуж лIыжь-фызыжьхэмрэ? Уэрэд зэ­пэщ­хьэхуэхэр щIызэгуэдгъэзам и щхьэу­сыгъуэрщи: усэр зейр ар къэзыгъэщIым и закъуэкъым… къеджэм и гур здрижэну лъагъуэхэри усакIуэм ейр зэрыгъури зэгуэр зэрогъуэтыж. Усэбзэм пих бзийр зэрыпщIыпщIыр а зытепсэми елъытагъэнщ.
…Ацкъаным иIэщ дунейр зэрыхьэхум ущызгъэукIытэ усэхэри. Апхуэдэхэм абрэмывэу зыкъыпкIэращIэри уау­тIып­щыхэркъым. ДэнэкIэ умыгъа­зэмэ, къыппэтIысхэм ящыщщ «Лъэ­мыкIыу къегъанэ и лъапсэр…» Лы­гъу­лысу зеуплIэнщI а зи гугъу тщIы ма­къа­мэм:
Псэунущ, гъуэщам ещхьыркъабзэу,уигъащтэу и нэгум къищам.
УсакIуэм дызыIуигъэплъа гъуджэр гурыщхъуэщIу мэхъуэпскIри… абджыпсыр жгъыжьгъыу зэтощахэ. УкъыIукIуэтурэ узоупщIыж: «Апхуэдэ къэхъурэ - зы пкъынэлынэ тIасхъэм и закъуэпцIий губгъэнрэ гуауэу дуней кIэдахъуэм щызэхуэхьэсар Iыхьэмыгуэшу къыщефыкIыж? Пэлъэщынут-тIэ зы псэ Iэгубжьэр апхуэдизым зэуэ?! Къохъу икIи полъэщ, а псэр къыздэщыблэр УсакIуэм и лъапсэу щытмэ. А зырщ ди гъурри ди цIынэри тхьэмщIыгъукIэ зэхуэзыкъусыр. Арщ дызыхищIэрэ пэт, зигъэшу бзыщIэр, ауэ щыхъукIи, а «бзыщIэкIэр»  укъигъэуIэбжьу жьэнахуэщи, псалъэр макъамэм сакъыпэу зэтреуIэфIэ:
Жьэгу мафIэм ибзыщIыр нэхъыбэщ, игу щыщIэри Iугъуэ ещIыф.
МафIэм хуигъадэу «псэм и зэшкIэ» ар зэджэр, псэ зыIут дэтхэнэми и тезыр Iыхьэт, итIани УсакIуэм и закъуэ еIэтри, гупсысэ Iугъуэм хэуфэрафэу ехь:
УкIытэу, пхъэ кIапэ щIэлъэIуу,
жэщ кIыхьым бла мафIэр мэужьых.
Жьэгу мафIэм и нэгум щызекIуэм
аргуэру си щIыфэр дотхытх.
ГъэщIэгъуэнкъым жьымрэ псымрэ зэраудэкIыу яхь; псымрэ мафIэмрэ зэпаубыдыжауэ яхузэрымыгъэгуэш щIыщхьэ ешам Макъамэ бзабзэм къы­щынэмыщIа зы дэщIакIуэ зэримы­гъуэтыжыр. КъапщIий жьыхуу зыздипхъэхыжым, усэбзэр лъаIуэурэ мэубзэ. Убзэрэ пэт фIэбэмащIэщи, нэхъапэжкIэ щыIахэри уэчыл къищIыну маджэ. Щызэхамыхым - къэщIэрэщIэжурэ мабжэ:
Махуэр нуру хобзахэ илъэсым,
жэщыр ныбжьу хохьэжыр абы.
Си псэр гъуэгу
техьэжам лъэмыIэсми,
ещхьщ зэсахэм кIэлъыжэ сабийм.
Усэ нэщхъейщ жыпIа? Усэ-гупсысэщ. Куущ. Гупсысэ гъэнщIам и куур щы­нэщхъыфIэ къэхъуами, ар здэщыIэ ­дунейр - мы дызытетыркъым. Усэ-гупсысэр псэхугъуэ имыщIэу тхьэджэ псэм и жьгъырущ. ИщхьэIуэкIэ жы­хуэтIа «IуэхутхьэбзэщIэныр» зи натIэ къритхар «уэху» зимыIэж гъуэгуанэ кIыхь тетщ. ЩызэтеувыIэ къэхъумэ, е лъэIуакIуэм и дэщIэгъущ, е дахагъэм и уэчылщ. Ар фIыуэ щыгъуазэщ:
УелъэIуу щытмэ,
уафэри мэуфIыцI,
лъэIуакIуэр зытез щIыр
уфIыцIагъэххэщ.
ЗыгуэркIэ къелъэIуну къафIэщI
хъунщ,
къеплъэкI ямыIэу
зэрыблохыр гъэхэр.
ГущIэгъури, хьэтырри, укIытэри хуэнщIей кхъапIэу щIощэщри:
Зэрызэхэуэу пшапэр - дуней псор
лъэIу ин зыщIэт зы нэгуу
къыщIокIыжыр.
Хэтыт зымыгъэунэхуар! ПхужыIат? СхуэIуэтат? ЖызыIапхъэм игъэIуащ ар. Уафэр зэи щыуэркъым, адрейхэм яблихыу, зиIу ирилъхьа закъуэм еусыж.
ЛIэщIыгъуэхэми къахуэумысыркъым Уафэмрэ УсакIуэмрэ я зэхуэдэ щэхур. Макъамэр зейм (УафэмкIэ даIуэурэ) ЩIым и гъатхэхэр игъафIэми:
ЩIым къыхокIри зиплъыхьурэ
бахъэр
хьэсэ щэхухэм ныбжь хужьу
щхьэщокI.
Мис аргуэру зы гъатхэ си лъахэм
гу лъызмытэу къихьауэ къыщIокI.
АрщхьэкIэ уэгу щIэплъыпIэмкIэ аргуэру зогузэвэкI:
Зэтож уафэм и Iупэр аргуэру,
ар губжьауэ и фIэщ пхуэмыщIын.
Пшэ кIуэсэжхэм я гъусэу сыкIуэну
сежьэ пэтрэ зыкъэсщIэжынщ.
Хьэуэ, вагъащхьэ бгъафэм щтэIэщтаблэу зыщызыплъыхь гъатхэ Iубахъэм и закъуэтэкъым УсакIуэм игу пымыкIыр. Уафэ нэзыр уIэгъэплъ зыщIа зэрыджейхэри и лъэпхъэдэнэтэкъым абы. НэгъуэщIщ, макъами псалъи къызыпемыкIуэкIыу нэгъуэщI гуэрщ, ар щIыщхьэм тезыIыгъэжыр. ДунеитIым щылъэуджыджэ тэрмэшщи, ежьэж хъунукъым псори къигъа­нэу. Уэрам зэхэкIыпIэ гуэрхэм деж абы иджыри къыщыпоплъэ хьэ хьэулей ­нэхъ мыхъумэ. ЦIыхум ещхьыпсу зы­щIыпIэкIэ ар къыкъуоджэлри:
Уи нэм къыщIэплъэу блокIыр,
иужькIэ ягу ныкъуэжщ.
ЯмыщIэу къызыхэкIыр
нэкIэ укъалъыхъуэж.
А екIуэлIапIэншэр зэригъэудэIу, зэредэхащIэр-щэ:
Хьэ хьэулейкIэ къоджэ,
ауэ абы къимыкI
хэти уэ къыпщIэнакIэу,
куэдым ягу упымыкI.
Къуалэ щхьэхуитми, хьэгъуэ плIа­нэпэ зимыIэ хьэжьми, дыгъужь кхъахэми задэзыгъэш Макъамэр дапщэщи зытеуфэбгъуар а зы щIы IэгупIэрщ, зы жьэгу дурэшщ:
… абы шыхэр щохъуакIуэ,
гукъэкIыж лъапцIэрыщэ щопэкIу.
Къыхуэупса уафэри ехъуэпсэкIыжу сыту пIэрэ-тIэ а хэкум щыIэр? Месри:
Абдежщ IэфI къыщыщIыхьэр си гъащIэм, къыкъуокIыж сабиигъуэр сефийм.
Гу кIыргъ макъ бзум щегъэIури
тIуащIэм
къэкIуэж сфIощI си
адэшхуэ Афай…
Усэ Iэджэ (сиIатэмэ!) щIэстынт мы иужьрей сатыритIым! А псысэ щIэ­жьыуэр кIапцIэкIэ зыхь дэтхэнэми дя­пэкIэ зэхихыну бзу къыртыгъуэхэр зы «Афа-а-йуэ!» дапщэщи къэджэнущ.
АдэкIэ зи гугъу тщIынур тхыгъэ къыхэхахэм яхэмыхуатэмэ, Ацкъан ­Руслан и IэдакъэщIэкI тхылъ тIощIым ­къитлъыхъуэжу дежьэнут. Уэрэдри усэри зыхущыIэжыр апхуэдэ зы Iуплъэгъуэщ:
Жьы хъуа унэм и блынхэр къощэщ,
щыдэжыныр къобэкIыр унащхьэм.
И щхьэгъубжэхэр Iузэщ, ещIащ,
ещI жыпIэнщ сытым щыгъуэми
нащхьэ.
КъыпIуплъаи! КъэпцIыхуащ уи хьэмкIутIей гущэжьыр зи пкIэм драдзеижар:
Унэ лъахъшэр удз кIырым пхосыкI
шыпсыранэ Iэрамэ иIыгъыу.
Гъуанэ къэскIэ бзу шыр
къохъуэпсыкI
анэм IукIэ къихьынум щыгугъыу.
Уэ сщIэркъым, ауэ… си пэкуцIым ткIыбжьу къозэрыхь а пабжьалъэ сабэм и мэ псыIэр… «Бзу шыркIэ» усэм зэтриха хъуапсэнэхэр иджыри Iэджэ­-рэ къещэкIуэнущ щIапIэжьыр зи нэрыгъым. ИмыкIуэтыжыххэращи… шып­сыранэр! ГукъэкIыж баринэу зэщIэкIэжа шыпсыранэр усакIуэм и макъамэ зэмыщхьхэм зэщхьыщэу къыщобжьыбжь. Аджыдэ, а зэрыдзакъэуи, сыту IэфIыщэу гуимыхуж… Дэнэ щIыпIи щыхуэлэжа нэужь, ар щыгъэгъэнущ «Пшэм хэт унэ»-м щыпсэу новеллэхэм ящыщ зым. УсакIуэм къэгъэщIыгъэу иIэм я пажэщ а унэм IэщIэлъ Iэрамэ дзакъэр. Философие сыр телъыджэу абы къыхэпсыр-щэ?! Зэгуэр урыс литературэм (жаIэрэ пэт нахуэмыжыIысу) хыхьат Пастернак Борис кхъэлъахэм щыкI банэщIэнэм зэрыхуэусар («… кладбищенский воспел чертополох…» (А. Ахматова.)). ЗыхэщIэгъуэт ар. НтIэ мо шыпсыранэм ауи къигъэпIэтIэуэнукъым! (Шэч ­къытезыхьэхэм тIури щIэвджы-       кIыж.).
Тхыгъэ къыхэхахэм языхэзри гупы­кIыгъуейщ. ЗащыбгъэнщIрэ езыхэм… Ипэ ибгъэщынур къыхэхы­гъуафIэ­къым. Дэтхэнэри гум къошхыдыкI, псэм зрешыхьэкI. Езыр-езыру къып­кIэлъысыжхэри куэды­кIейщ. Ап­хуэ­дэщ:
КъыщIохьэ дядэр. Щыму доувыкI
удыным пэплъэ зэранщIакIуэм ещхьу.
Псэр игъэтыншу ар пымыгуфIыкI,
текIыну хабзэм тримылъхьэ
и щхьэм.
АдэкIэ къэхъур-щэ? ГъащIэ зыбжанэ йозагъэ зы теплъэгъуэм:
Абы и макъым дэуша сабийр,
гуфIэгъуэр иIэу дадэм
ныпожажьэ.
Модрейми зыкъыхуедзри абы,
пхъашагъэу хэлъыр зэуэ
зэтощащэ.
Дапщэрэ уи нэгу щIэкIрэт а напIэзыпIэр? Дапхуэдизрэ уемыгупсысамэ, пхузэпымыщар къызэрыгуэкIи хуэ­дэу, арщхьэкIэ:
Хэт и гугъэнт ди адэм апхуэдиз
псалъэ дыгъэлу, псалъэ IэфIу
ищIэу…
ЗыхэпщIыкIагъэнщ мыр зи хъэтIым и бын деж зэгуэр нэсмэ, макъамэм щэныфIэу зэрызиущэхужынур. Ап­хуэ­дэ уэрэди щоIу «Пшэм хэт унэ»-м, ­мэууэ тIэкIу, пщIэркъэ, щхьэдэлъэфэхауэ… ЕкIущ: жьэгужьым дэлъа бзыпхъэмкIэ гъуэгущIэ зыубзыхур - цIыхущ.
Апхуэмыдэу жьгъыру бзэрабзэщ УсакIуэм Iыхьлым ирищIэкI зекIуэр. КупщIэ нэху кIуэцIылъщ:
Iыхьлыхэм лъыхъуэу
къыздикIухьым,
гупсысэр щIылъэм
къыщынэжкъым.
Къыбгъэдоувэ вагъуэ бжыхьым
ущызэпхыплъу си анэшхуэр.
Лъынтхуэ кIантIэм ецырхъ фэеплъ сурэтщ. АдэкIэ усэм и пащIэIуантIэр-щэ?
Нэбэнэушэу сыкъэтэджри -
къысщыгуфIыкIырт уафэ
бзыгъэр.
Зыгуэрым бжыхьыр икъутэжри,
зэщIигъэнат абыкIэ дыгъэр…
УсакIуэр сыт щыгъуи зыхудэплъей а дыгъэр щыIэщи аркъэ, аддэ зэгуэр ­къуэрылъхум зыхуэзгъэщхъа дадэм и къуэр (езыр) мызыгъуэгукIэ зыми фIэмылIыкIыххэу, щIрикъутыхьыжыр:
Сабий дыгъэ нэщхъей, уэгуш напэ,
Iэнкун сещIыр аргуэру
уи плъэкIэм.
Хъуащ си дежкIэ иджы псом
нэхъапэ
уи псэ нэху мыжэпхъам щызэблэкIыр.
Плъагъуркъэ фоущIэм зи Iупэ хэзмыщIам, фоужькIэ зэрызитIыжыр? Ауэ сытми фоужь ар езыр!
Дыгъэ щIыкIафIэ щодэхащIэ нэ­гъуэщI зы уси. Мыр ящыщщ усакIуэм пхъэмбылъэ дэгу цIыкIукIэ игъэтIы­гъуэ псысэхэм:
УмыщI си жагъуэ дыгъэр
къыщыщIэкIым…
…………………………………………………
УмыщI си жагъуэ дыгъэр
щыкъухьэжым.
УмыщI си жагъуэ зэи.
Къытлъыс гъащIэр
Лей лъэпкъ хэмызэгъэну
мащIэ тIэкIущ.
Я пщIантIэм зэгурыIуэхэм,
слъэгъуащ сэ,
Нэхъ псынщIэу гъатхэ
жыгри къыщотIэпI…
Ардыдэрауэ къыщIэкIынщ
зыжриIэр:
ТекIуам ейщ псори, ауэ
кIасэ мэхъу,
зызгъэхьэзыррэ пэт
узгъэфIэжыну.
Сыхунэмысу къанэм,
къысхуэгъэгъу,
къысхуэбгъэгъуауэ хъуам
къахэжы­жынкъым…
УсакIуэм хэIущIыIу имыщIу фIыншэм илъар тIэкIу-тIэкIуурэ иджы къы­фIытредзэ гъэхэм къапхыкIа «гуны­къуэгъуитIыр зи нэджыджхэм». Зэгуэр (хэт ищIэрэ) хущысхьагъэнт псалъэ дыгъэл… Иджы сакъыпэу хъуапсэкIэ къеуфыхь:
Сыхуейщ иджыри илъэс куэд,
згъэзэкIуэжыным щхьэкIэ псори.
Абы нэсыхукIэ сэ сыкIуэн,
лIыгъэншэщ апхуэдизрэ псэур.
УкъыщеджэкIэ бзэгупэм къыполъа­дэ: «ЛIыгъэншэр - апхуэдэ зэи жимыIэфауэ… кIуэжырщ!»
Блэгъуиплъэм щхьэхуэпсалъэ ищI нэхъей, макъамэ гупсысалэр «Пшэм хэт унэ»-м и дурэшхэми щоуэршэр. Апхуэдэхэм деж зэм щIыIэ уаер пху­деху (гущIагъщIэлъым и дахапIэ уэрэ­дым зыщиIэткIэ), зэми дыгъэпс пхы­рым и щэнызэ кIэтххэр къыптолъэ­щIыхь.
Поэмэ зыбжанэм яIыгъщ тхыгъэ къыхэхахэм я жьантIэр. Тхылъым и цIэджэгъури абыхэм яхэтщ. ЦIыху белджылым (мыбдеж: езы усакIуэм) и ­гъащIэ гъуэгуанэщ а поэмэ щхьэхуэр (автобиографие).
«Пшэм хэт унэ»-м и щIэлъэныкъуэр сонету зэщIожьыуэ. Ахэр 310 мэхъу. Пасэрей Сицилием XIII лIэщIы­гъуэм къыщыунэхуу, XVI - XVII ЕвропэщIыр дэзыхьэха усэ гъэпсыкIэр мис: XXI лIэщIыгъуэм щIыIунэ-щIыIущхьэу щы­зэхуигъэкIуащ адыгэ Ацкъаным. Зы псалъэ уфэрэкIыркъым, зы макъ псчэуIуркъым. УсакIуэм и гупсысэр зэщIэкъуащ, псалъэр жанщи, шабзэпэу йолъэт. Катрен шэщIыгъуэм жьы къыпщIрегъэхури, чын джэгуу терцетым удоуфэразэ.
Новеллэхэмрэ прозэу тха усэхэмрэ тхыгъэ къыхэхахэм я кIэух теплъэ­гъуэщ. Гу лъывэдгъэтэнут: мыпхуэдэ куэдрэ къэхъуркъым - усэбзэ лъагэ зылъысар прозэ жьакIуэкIэ къызэ­щытхыкIыу. Къэхъуртэкъым, ауэ… зи гугъу тщIы тхыгъэхэри ахэр зейри жыжьащэхэм къыщежьэурэ, кIэ зимыIэ дзапэ уэрэдхэм щыпсэу къэгъэщIыгъэхэщ. Арагъэнщ и «Лъагъу­ныгъэ лъап­цIэрыщэри» акъужь щIыIэ­тыIэм лъэтхьэмпэкIэ хэупсапсэрэ пэт, зэи щIэмыупщIыIупэр. Ардыдэрщ «Псэм и щэху»-м дыгъэ еIэжар сыт щыгъуи щIытеплъызэр. «Хьэм и гуп­сысэ»-м хэт егупсысыххэрэт, усакIуэм къыщынэмыщIа? «Гугъэ нэпцI»; «НатIэм ит»; «IунщIэгъуитI» - мыхэр уи закъуэ дыдэу узыщIэджыкIын тхыпхъэщIыпхъэхэщ.
«ДыгъэцIыкIу»-рщи, ар уэ езым фIы дыдэу пцIыхурт. Сыт-тIэ иджыри къэс щIубзыщIар? Адыгэ хьэблэ укъыщыхъуар пэжмэ, дауэрэ пщыгъупщэжт а хъыдан жэрумэхэм я гуфIэжейм щабэрыкIуэ есу зэгуэр хыхьэжа фызыжь дахэ цIыкIур? «Пшэм хэт унэ»-ми щагъэфIа нанэт ар, ауэ «Зы пщэдджыжь гуэрым Дыгъэшхуэ гуфIэжу къы­щIэкIри - игъуэтыжакъым Дыгъэ­цIыкIу»… (А. Р.).
… Мы дуней иным цIыхуитI къыте­хьагъэнкъым зэщхьыпсу. Апхуэдэщ тхылъ­хэри: зым нэкIэ урожэри дапхъэ гъунэгъум тыболъхьэж, адрейр здэ­щыIэм упэIэщIэ пщIондэ и жьыху ­даущыр уи щIыфэм ирижэурэ гуры­гъуазэкIэ удоуэршэр. Зэщхькъым тхылъа­джэхэри. Гущэ шхыIэным къы­щIатхыкIыр зыдж-зыхэзыщIэхэр за­къуэтIакъуэщ. ЕмыкIу пщIы хъунукъым… яхущIыхьэркъым цIыху цIы­кIум: кIэфыщакIуэу Интернет хьэшым иужьгъащи, матхэри матхэ! Еджэн ­хуейхэри матхэ; Ятхам къемыджэ­жыф­хэри матхэ. Щхьэж и Iугъуэ и ­уэнжакъщ. Емынэм зэхихункъым а псор.
Сэ зэхэсхуаращи, «Пшэм хэт унэ»-м хуэдэщ гува-щIэхами хьэблэ нэху цIыкIу зэтIысэкIыжхэр. Лъапсэ махуэщ ар. ДыздэщыIэ мы дунейр хьэршым щаусыр пэжрэ, а пэжым хабзэ щызекIуэмэ, щIым кIэухыншэу щыусэнур Ацкъанхэрщ. Мо гущэм хэлъым нэхъ ищIэнщ ар! ПщIыхь зэмыфэгъухэм я гурыфIыхь а хъыдан жэрумэр пщэдей хуэдэу къызэщыунурэ… къицIыхужынущ и фэгъур.

КЪАРМЭ Iэсият.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.