IэщIагъэм и пщIэр къаIэт

Ди къэралым и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм, хабзэ хъуащи, зэхъуэкIыныгъэхэр щокIуэкI дапщэщи. Абыхэм я нэхъыбапIэр хуэгъэпсащ егъэджакIуэхэм я пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыным, езы IэнатIэм щызэфIах лэжьыгъэр егъэ­фIэкIуэным, Iуэху зехьэкIэщIэ мардэхэр абы шэщIауэ къыщыгъэсэбэпыным.
УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министр ­Кравцов Сергей иджыблагъэ зэрыжиIамкIэ, етIанэгъэ къыщыщIэдзауэ пэщIэдзэ, курыт школхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм ­къахэхъуэнущ IэщIагъэщIэхэр. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, егъэджакIуэ-методистхэмрэ егъэ­джакIуэ-унэтIакIуэхэмрэ. А унэтIыныгъэхэм егъэджакIуэхэр хэхауэ хуагъэ­хьэ­зырынущ, ябгъэдэлъ квалификацэкIи ­щIэ­ныгъэкIи яIыгъ къулыкъум хуэкIуэн хуэдэу. КъинэмыщIауэ, министрым зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм и фокIадэм лэжьыгъэм хагъэхьэнущ егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я зэфIэкIыр къызэрапщытэ ­IэмалыщIэхэри. Ахэри сэбэп хъунущ егъэджэныгъэм и фIагъыр хэгъэхъуэнымкIэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Кравцовым ­нэхъапэIуэкIэ жиIащ фокIадэм и 1-м сабийхэр гъэсапIэхэмрэ еджапIэхэмрэ зэреса хабзэм тету зэрекIуэлIэжынур, гъэ еджэгъуэр зэраублэжынур. АтIэми сакъыныгъэр зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунуми къыт­ригъэзэжащ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.