Къуажэдэсхэм я лъэIукIэ

Адыгэхэм ящыщу футболымкIэ япэ дыдэу Совет Союзым и чемпион хъуа Iэпщэ Александр и цIэр Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и стадионым фIащащ. ЕкIуу зыхуей ­хуагъазэри, гуфIэгъуэ щытыкIэм иту, иджыблагъэ ар къызэIуахыжащ.
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм, КъБР-м ФутболымкIэ и федерацэм, я лIыкIуэхэр, хьэтIохъущы­къуейдэсхэр куэду кърихьэлIат зэрагъэ­пэщыжа стадионыр къыщызэIуахыжым. Абыхэм гуапэу захуигъэзащ щIыпIэ му­ниципалитетым и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур.
- Нобэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм гуфIэгъуэ щытыкIэм иту къыщызэIудохыж куэд щIауэ фызыпэплъэ стадионыр. Ар къанэ щымыIэу зыхуей хуагъэзащ «Къуа­жэ щIыналъэхэм зегъэужьын» къэрал программэ щхьэхуэм ипкъ иткIэ. Лэжьыгъэр езыгъэкIуэкIахэм я къару, зэфIэкI псори ирахьэлIащ нобэрей зэманым ­къезэгъ спорт зэхьэзэхуапIэ фиIэн папщIэ. Абы хэтщ иджырей топджэгу губ­гъуэ, спортсменхэм я зытIэщIыпIэхэр, зыгъэпскIыпIэхэр, цIыху тIысыпIэхэр. Къи­щынэмыщIауэ, ихъуреягъыр зэлъыIухащ, нэхущ. Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ а псори фIыуэ егупсысауэ къэгъэсэ­бэ­пыным, щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэнымкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуным.
- Иужь илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм «ХьэтIохъущыкъуей» командэр лъэ быдэ­кIэ хэтщ. Абы и щыхьэтщ иджыпсту ар пашэхэм зэращыщыр икIи республикэм и чемпионыгъэм щIэбэнхэм зэрахыхьэр, - къыпищащ псалъэмакъым КъБР-м ФутболымкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Пащты Руслан. - Топджэгум и лъабжьэ быдэхэм зыщиубгъуа ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дяпэкIи футболист цIэрыIуэ куэд къызэрыдэкIынум шэч къытетхьэркъым.
ХьэтIохъущыкъуейдэсхэм хуабжьу я гуа­пэ хъуат къуажэ стадионыр зэIузэпщу къы­зэрызэIуахыжар. Абыхэм къабгъэ­дэ­кIыу къызэхуэсахэм фIыщIэ ин яхуищIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, щIыпIэм и псапащIэ цIэрыIуэ Хьэжы Руслан.
Къэпсэлъэныгъэхэр иуха иужькIэ Бахъ­сэн щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэхэм концерт ятащ. Жахъуэтекъуэ къикIа артист ныбжьыщIэхэм я къафэкIэри хуабжьу удэзыхьэхт.
Стадионыр къызэрызэIуахыжам и щIыхь­кIэ топджэгумкIэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ екIуэкIащ. Хэгъэрейхэм кърагъэблэгъат езыхэми хуэдэу КъБР-м футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм ехъулIэныгъэкIэ хэт Ислъэмей къуажэм и командэр. Ар зэрыте­мыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухащ. Абы лъэны­къуэ псори арэзы къищIащ.
ХьэтIохъущыкъуей къуажэм нобэми пщIэшхуэ щыхуащI я жылэм къыдэкIа, псэухукIи зэпыщIэныгъэ быдэ хузиIа ­СССР спортымкIэ и мастер, Совет Сою­зымрэ Урысей Федерацэмрэ я чемпиону щыта Iэпщэ Александр. Абы и цIэр зэрехьэ щыпсэуа уэрамым. Иджы Iэпщэ Алек­сандр сыт щыгъуи ягу къэкIыжынущ я стадионым къакIуэхэми. Хэт ищIэн ар здэщыт щIыпIэхэм япэу топ къехуэкIын щригъэжьауэ къыщIэкIынщ иужькIэ къэ­рал псор зэрыпагэу щыта футболист цIэрыIуэм.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.