Урысейпсо утыкум щытокIуэ

Ди республикэм щыщ школакIуэ зыбжанэ щытекIуащ къэралым предмет зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ще­кIуэ­кIа олимпиадэхэм я кIэух Iыхьэхэм. Апхуэдэхэщ 11-нэ классыр мы гъэм къэзыуххэу Абазэ Алим (Тэрч къалэ, курыт школ №2), Бетыгъуэн Амир (Аруан къуажэм дэт курыт школ), Бэрбэч Даянэ (Налшык къалэ, гимназие №14), Хьэмжу Мадинэ (Налшык къалэ, «ДыгъафIэ къалэ»). Алимрэ Амиррэ физическэ щэнхабзэмкIэ, Даянэ - инджылызыбзэмкIэ, Мадинэ - ОБЖ-мкIэ пашэ щыхъуащ зыхэта зэпеуэхэм.
ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэр щагъэлъэпIащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэм­рэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. ЗэIущIэ гуапэм кърихьэлIат министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор, абы и къуэдзэ Мысост Екатеринэ, школакIуэхэм я адэ-анэхэр, Iыхьлыхэр. Ахэр псори гуапэу ехъуэхъуащ урысейпсо утыкум ехъу­лIэныгъэфIхэр къыщызыхьа, щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ къызы­къуэкIа ныбжьыщIэхэм.
-Ди гуапэу дынывохъуэхъу фи те­кIуэныгъэмкIэ, - жиIащ Езауэ Анзор. - Апхуэдэу, фызыхэт гупхэм фIыкIэ ­факъыхэщу, гъащIэм хувиIэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къывэхъулIэу фыпсэуну, ныбжьыщIэхэ. ФэркIэ догушхуэ икIи допагэ.
Езауэр апхуэдэу ехъуэхъуащ те­кIуэ­ныгъэ къэзыхьахэм я адэ-анэхэм, ахэр зэпеуэхэм хуэзыгъэхьэзыра я егъэджакIуэ Iэзэхэм. Абы зэрыжи­IамкIэ, ШколакIуэхэм я урысейпсо олимпиадэр, хабзэ хъуауэ, илъэс куэд ­лъандэрэ щокIуэкI ди къэра-лым. Зы гъэ къэмынэуи абы хэтщ школакIуэ мин 20-30-м нэс. Олимпиадэм и фIыгъэкIэ наIуэ къохъу ныбжьы­щIэхэм ябгъэдэлъ зэчий ­лъагэр, зэфIэкI къы­зэрымыкIуэхэр. 2019-2020 гъэм екIуэ­кIа апхуэдэ зэ­пеуэм ди республикэм и школакIуэ-хэр хэтащ унэтIыныгъэ 22-кIэ. Зэпеуэм и япэ Iыхьэу курыт школхэм щекIуэкIам хэтащ сабий мин 25,5-м нэс. ЩIыпIэ Iыхьэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ ныбжьыщIэ мини 10-м нэсым. Республикэ Iыхьэм хэтащ 9-11-нэ классхэм я еджакIуэ 1080-рэ. Абыхэм ящыщу урысейпсо утыкум нэсащ цIыху 200-м щIигъу.
Олимпиадэхэм щытекIуа ныбжьы­щIэхэм иратащ министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, апхуэдэуи «Apple iPad» планшетхэри тыгъэ хуа­щIащ.

КЪАРДЭН Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)