КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ щIыналъэм Iэщ гъэхъун IэнатIэм зыщегъэужьыным теухуа зэIущIэ

КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм хэтхэмрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ хэту бадзэуэгъуэм и 26-м «Хьэмащэ» хъупIэм щригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэщ гъэхъун IэнатIэм зыщегъэу­жьы­ным, гъэ­махуэ хъупIэхэр фейдэ нэхъыбэ къату къэгъэсэ­бэпыным теухуа Iуэхухэм щытеп­сэ­лъыхьа зэIущIэ. Абы хэтащ Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м Агрохи­-мие къулыкъущIапIэмкIэ и стан­цым, Ветеринар медицинэмкIэ Къэбэрдей-­Балъкъэр центрым, «Хьэмащэ» хъупIэм и дохутыр IуэхущIапIэм, фермер хозяйствэхэм я лIыкIуэхэр.
НехьэкI-къехьэкI хэ­мы­лъу екIуэкIа псалъэмакъыр теухуауэ щытащ республикэм и Iэщ гъэхъун IэнатIэм мы зэманым щыщыIэ щы­ты­кIэм, абы зегъэужьынымкIэ гъэмахуэ хъупIэхэм яIэ мыхьэнэм, щыIэ гугъуехь­хэмрэ къалэнхэмрэ щхьэ­течу къагъэлъэгъуащ, абыхэм хэкIыпIэ яхуэхъуну къалъытэхэр къыжаIащ.
Псалъэм папщIэ, къыхагъэщащ 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм мэкъумэш­хэкIыу къыщIагъэкIар 2019 гъэм и иджы хуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ проценти 104,7-рэ зэрыхъуар. Бы­лы­мылрэ джэдкъазылу тонн мин 48,2-рэ къалэжьащ (про­центи 101,7-рэ), шэуэ тонн мин 227-рэ къашащ (проценти 104,8-рэ). Мы гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Iэщышхуэу яIащ мин 271,2-рэ. Илъэс кIуам елъытауэ былымым и ­бжыгъэр 5415-кIэ нэхъыбэ ­хъуащ, мэл-бжэныр - 19298-кIэ, шыхэр - 488-кIэ.
Гъэмахуэ хъупIэхэм щолажьэ цIыху 976-рэ. Ахэр Iэщыхъуэхэрщ, фермер Iуэху­щIапIэхэм я IэщIагъэлI­хэрщ, лэжьакIуэхэрщ. Абыхэм я бжыгъэми мы дызэрыт илъэсым къахэхъуащ цIыхуи 180-рэ.
Къызэхуэсахэм захуигъа­зэкIэрэ, КIуэкIуэ Казбек къы­хигъэщащ Iэщ гъэхъун IэнатIэм зегъэужьыныр, абы хъеру къыпэкIуэм хэгъэхъуэныр республикэм и экономикэмрэ социальнэ Iэ­натIэмрэ къыщыув къалэн нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. «Абы епхащ цIыхухэм IэнатIэ яIэныр, я хэхъуэхэр бэ­гъуэныр, шхын узыншэкIэ къызэгъэпэщыныр, ерыскъыпхъэ шынагъуэншагъэр», - жиIащ республикэм и УнафэщIым. Мэкъумэш IэнатIэм къыщрахьэлIэ продукцэ псоми я процент 40-м щIигъур Iэщ гъэхъун IэнатIэм къыпыкIа хъерщ.
IэнатIэм зиужьынымкIэ хэ­кIыпIэ нэхъыщхьэхэм ящы­щу республикэм и Iэтащхьэм къигъэлъэгъуащ гъэ­махуэ хъупIэхэр нэсу къэ­гъэсэбэпыныр. Апхуэдэ лэ­жьыгъэр къызэгъэ­пэ­щы­ным и пIалъэ ящIэ икIи ­республикэм абы фIы къы­ху­дэкIуэу щытащ. А лэ­жьыгъэр зэтеухуэныр мыб­де­жым къэрал Iуэхуу къы­щы­лъытапхъэщ, абы тэ­мэ­му бгъэдыхьапхъэщ. А лэ­жьэкIэм зи фейдэ хэлъ IуэхущIапIэ псори а Iуэхум хузэщIэгъэуIуэн икIи зэдегъэгугъун хуейщ.
«КъБР-м и гъэмахуэ хъу­пIэхэр фIыгъуэшхуэщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу, ахэр нэсу къэдгъэсэбэпакъым. Дэ тэмэму зетхьэн хуейщ гъэмахуэ хъупIэхэр икIи абы фейдэуэ къыпэкIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу дэтхэнэми ифI зы­хэлъ­хэм хуэдунэтIыпхъэщ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ К. В.
КъБР-м и Iэтащхьэм ап­хуэдэуи жиIащ а къалэнхэр зэбгъэхъулIэн папщIэ фермерхэр а щIыпIэм тыншу щылэжьэфын щхьэкIэ зы­хуэныкъуэ псомкIи къызэ­ры­зэгъэпэщыпхъэр - абы хохьэ гъуэгухэр зэIузэпэщ щIынри, электрокъару яхуэ­шэнри, псыкIэ ирикъуу къы­зэгъэпэщынри, нэгъуэщI къалэн зыбжани. Апхуэдэуи Iэщ гъэхъун IэнатIэм зегъэужьыпхъэщ лъэп­къыфI­хэр гъэхъуным зетауэ, абы папщIэ щIэныгъэр зи лъабжьэ лэжьэкIэщIэхэм хуэ­кIуэн, мэкъумэш IэнатIэм щылажьэхэм я гулъытэри абы хуэунэтIын хуейщ.
КъБР-м и Iэтащхьэм Правительствэм пщэрылъ щи­щIащ гъэмахуэ хъупIэхэм я Iуэху зыIутыр къипщытэну, а щIыналъэр нэхъыфIу къэгъэсэбэпа хъуным хуэунэтIа программи зэхилъхьэну.
Мэкъумэш-промышленнэ комплексым и унэтIыныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщу къагъэлъэгъуащ фIагъ лъагэ зиIэ, ерыскъы къабзэ, гурыхь къыщIэгъэкIыныр, ар зышхым сэбэп хуэхъун, цIыху псоми ар къащэхуфу щытын хуэдэу. Абы мыхьэ­-нэ нэхъ мащIэкъым иIэр рес­публикэм и бгылъэ щIы­пIэхэм зегъэужьынымкIи, абыхэм лэжьапIэ IэнатIэ­щIэхэр къыщызэIухынымкIи, цIыхухэм я хэхъуэхэр ­нэхъыбэ хъунымкIи.
ЗэIущIэм щхьэхуэу щы­хэп­лъащ Iэщыр хъупIэхэм зэрыщаIыгъыпхъэ щIы­кIэм, ягъэхъуну нэхъыфI лIэу­жьыгъуэхэм, абыхэм продукцэу къыщалэжьыфынур зыхуэдизынкIэ хъунум, къы­щIагъэкIым елэжьыным, хъу­мэным, щэным ехьэлIа Iуэхухэм, Iэщ гъэхъун IэнатIэм иджырей технологие­хэр къыщыгъэсэбэпыным.
Зи гугъу ящI Iуэхухэм теухуауэ зэIущIэм къыщы­п­сэлъащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хь. Л., КъБР-м щIым­рэ мылъкумрэ я Iуэху­хэмкIэ и министр Тэхъу А. Д., Шэрэдж, Бахъсэн щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэу Муртазов Б. С., Балъкъыз А. Хь., Ветеринар, фитосанитар кIэ­лъыплъыныгъэмкIэ федеральнэ IэнатIэм и управ­ленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Меркулов Д. Е., КъБР-м ВетеринариемкIэ и управленэм и Iэтащхьэ Iэ­рэмысэ А. М., «Рассвет-Н», «Малка» IуэхущIапIэхэм, мэкъу­мэшыщIэ-фермер ­хозяйствэхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэр щиухым КIуэкIуэ Казбек фермерхэм, IэщIагъэлIхэм, зи гъащIэр а лэ­жьыгъэ мытыншым езыпха дэтхэнэми фIыщIэ яхуи­щIащ икIи ехъулIэныгъэхэр яIэну ехъуэхъуащ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм IэнатIэм и лэжьакIуэхэр къигъэгугъащ гъэмахуэ хъупIэхэм Iэщыр щыгъэхъуным къэрал гулъытэ зэригъуэтынумкIэ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.