Ягъэувауэ щыта мардэхэм я ещанэ Iыхьэр зэрыIуахыжынум Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщыхуагъэхьэзыр

Видеоконференц мардэм тету КIуэ­кIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирусым зыщыщыхъумэ­ным­рэ а уз зэрыцIалэм зэрызиуб­гъум пэщIэтынымкIэ Оперативнэ штабым и зэIущIэ.

Республикэм и Iэтащхьэм ягу ­къигъэкIыжащ бадзэуэгъуэм и 1-м щыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыIуахыжыр ягъэувауэ щыта мардэхэм я етIуанэ Iыхьэр. Республикэм и санитар-эпидемиологие щыты­кIэри зэрефIакIуэу къонэж. Сымаджэу къахутахэм, ягъэгъуэлъахэм, къи­щынэмыщаIуэ, щытыкIэ хьэлъэ зиIэ пациентхэм я бжыгъэм хэп­щIы­кIыу зэрыкIэрыхур къагъэлъэгъуащ.
COVID-19-м пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр зэрекIуэкIым тепсэлъыхьащ Роспот­ребнадзорым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Па­гуэ Жыраслъэнрэ КъБР-м узыншагъэр хумэнымкIэ и министр Къалэбатэ ­Рустамрэ.
Бадзэуэгъуэм и 21-м ирихьэлIэу COVID-19-р къеуэлIауэ цIыху 5823-рэ ятхащ, абыхэм ящыщу 5315-р хъужащ, 64-р лIащ. Сымаджэщхэм ща­Iыгъщ пациент 557-рэ, реанимацэхэм цIыху 26-рэ щIэлъщ, абыхэм ящыщу 5-р ИВЛ-м пыщIащ. Уз зэрыцIалэр къызэрежьэрэ тест мини 114-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ икIи мин 21-м КТ къэпщытэныгъэ ирагъэщIащ. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым лIахэм я бжыгъэр процент 1,1-рэ (къэралым зэры­щыту - процент 1,6-рэ) щохъу, хъужахэр процент 91-м щIегъу. ЦIыху ­минищэм тещIыхьауэ сымаджэхэр 664-рэщ. ИджыпстукIэ унагъуэ 425-рэ абы иIыгъщ, лэжьакIуэ гупхэм уз зэрыцIалэ щыхахьа закъуэтIакъуи къэхъуащ, куэду щысымаджэ щIы­пIэхэр щыIэкъым.
Коронавирус уз зэрыцIалэм иубы­дахэр щагъэхъуж узыншагъэр ща­хъумэ IуэхущIапIитхум, гъуэлъыпIэ 1073-рэ щыгъэувауэ, абыхэм ящыщу 602-р - кислородым, 152-р ИВЛ-м пы­щIауэ.
Мэкъуауэгъуэм и 22 лъандэрэ сы­маджэхэм яхэщI зэпытщ. COVID-19-р зэуалIахэр ягъэхъужын папщIэ хуха­хауэ щытауэ иджы хуит къэхъужа ­гъуэлъыпIэхэр зэрыщытам трагъэувэж. Апхуэдэу, зэхуащIыжащ бадзэуэгъуэм и 15-м щыщIэдзауэ ХьэцIыкIу А. и цIэр зезыхьэ Район сымаджэщ ­нэхъыщхьэм щыIа ГООИ №7-р, ба­дзэуэгъуэм и 16-м - Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м и госпиталь №2-м и етIуанэ къудамэр, бадзэуэгъуэм и           17-м - Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым щыIэ ГООИ №6-р. Сы­маджэхэр яшэжыркъым Районхэм ­зэдай унэтIыныгъэ зыбжанэ зиIэ сымаджэщымрэ Прохладнэ къалэ ок­ругымрэ Прохладнэ муниципальнэ ­районымрэ я сымаджэщ нэхъыщ­хьэмрэ.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэр хуэгъэхьэзырын щIадзащ бжьыхьэ-щIы­махуэ лъэхъэнэм COVID-19-р къэхъеижынкIэ зэрыхъунум.
Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и чэнджэщкIэ, пэ­щIэдзэ медико-санитар дэIэпыкъу­ныгъэ щрат КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм къы­щы­зэрагъэпэщу хуежьащ профилактикэ кIэлъыплъыныгъэхэр щрагъэ­кIуэкIыну щIыпIэхэмрэ сымаджэхэм щеIэзэнухэмрэ.
ЗэIущIэм щыхэплъащ ягъэува мардэхэм я ещанэ Iыхьэр Iупхыж зэры­хъуну щIыкIэм. А Iуэхум теухуауэ къэпсэлъащ республикэм и премьер-министр Мусуков Алий. Абы къыхи­гъэщащ щытыкIэ нэхъыщхьэхэмрэ гуэдзэнхэмрэ къагъэлъагъуэхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэры­хьэзырыр ягъэува мардэхэм я зи чэзу Iыхьэр Iуахыжыну.
Къапщтэмэ, Роспотребнадзорым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и арэзыныгъэ хэлъу республикэм и Правительствэм къыхелъхьэ егъэ­джэныгъэ, Iуэхутхьэбзэ, сату щащIэ IэнатIэхэр, шхапIэхэр, къищынэмы­щIауэ, хьэщIэщхэмрэ цIыхухэм зы­щагъэпсэху щIыпIэхэмрэ къанэ щы­мыIэу лэжьэну хуит щIыпхъэу. Абы щыгъуэми нэкIуIупхъуэхэр щызэрахьэн, социальнэ зэпэIэщIэныгъэм щытетын, дезинфекцэ Iэмалхэр къыщагъэсэбэпын хуейщ КъБР-м и IуэхущIапIэ псоми. Ар адэкIи ехьэлIащ цIыху щхьэхуэхэми. Шынагъуэр нэхъ зыхуэлъэ гупхэм ящыщ цIыхухэм загъэщхьэхуэныр, къищынэмыщIауэ, лэжьакIуэхэм я нэхъыбэр IэнатIэм пэ­щIэ­хауэ гъэлэжьэныр иджыри дызытетыпхъэщ, IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр абы къызэпиумыудмэ.
КъБР-м и Правительствэм а жэрдэмхэр Урысейм и Роспотребсоюзым хуигъэхьащ и арэзыныгъэ къыхилъ­хьэн папщIэ. Абы кърикIуам ипкъ иткIэ хуэфэщэн норматив-правовой документхэр къащтэнущ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.