Уи дуней тетыкIэм дропагэ

Мы хъуэхъур зыхуэгъэзар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и студенткэ пажэхэм хабжэ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ адыгэ пщащэ Щоджэн Ланэ Артур и ­пхъурщ. Абы и ныбжьыр илъэс 20 ирокъу мы махуэхэм.
ДЫХУЕЙЩ а хъыджэбз губзыгъэм, хьэл-щэн дахэ зыхэлъым и махуэшхуэмкIэ дехъуэхъуу, мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуэдгъэзэну:
«Ланэ, ди хъыджэбз гъэфIэн! Уи гумащIагъэм, пхэлъ хэлъэтымрэ гулъы­тэмрэ я щыхьэтщ уи анэшхуэм, адрей нэхъыжьхэм, узыхэт псоми уазэрыхущытыр. Уи псэ къабзагъэм хуэфэщэн насып дахэ Алыхьым къыпхуигъэфащэ! АтIэми, «насып» псалъэм псори къызэщIеубыдэ - абы хохьэ узыншэу гъащIэ кIыхь цIыхум къигъэщIэнри, гуфIэгъуэри, унагъуэ дахэри, Iыхьлы-благъэхэм я зэIузэпэщыгъэри. Дыхуейщ а псори уи Iэпэгъуу дунейм утетыну.
Дропагэ уи дуней тетыкIэм, бдэтлъагъу хабзэм, нэмысым. Гуапагъэу цIыхум уазэрыдэгуашэр хуэдэ минкIэрэ бэгъуауэ къыпхэхъуэжу, уи ехъулIэныгъэхэм уи нэхъыжьхэр иригушхуэу, щIэблэм уращапхъэу, мы дуней дахэм гу щыпхуэу Тхьэм уигъэпсэу!»

Уи унагъуэр, уи Iыхьлы-благъэхэр, уи гъунэгъухэр, уи ныбжьэгъухэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.