|
КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зищIащ Налшык и гъуэгухэр зэрызэрагъэпэщыжым, къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым
21 июля, 2020 - 06:47
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэбэт кIуам зыщиплъыхьащ республикэм и къалащхьэм и теплъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэм, гъуэгухэр зэрызэрагъэпэщыжым щыгъуазэ зищIащ.
Гъуэгухэр зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыным теухуа лэжьыгъэхэр и гуащIэгъуэу щокIуэкI Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым - ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Идарым и цIэр зезыхьэм къриубыдэ, километри 5,6-рэ хъу щIыпIэм, апхуэдэуи Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ уэрамым - Лениным и цIэр зезыхьэ проспектым щегъэжьауэ ЩоджэнцIыкIум и проспектым нэс, километр 1,43-рэ хъу щIыпIэм деж. Метр 12-м къыщыщIэдзауэ метр 14-м нэс зи бгъуагъ гъуэгушхуэхэм псы щIэжыпIэхэр хуащIынущ, ахэр къэгъэнэхуным ехьэлIа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ, зыкъэгъэшыпIэ-зэблэкIыпIэу плIы, лъэс зекIуапIэхэр хуащIынущ. Налшык къалэм автомобиль нэхъыбэ дыдэ щызэтрихьэ и щIыпIэхэр зэгъэпэщыжыныр ирагъэкIуэкI «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу.
Проектым ипкъ иткIэ ухуэныгъэр щэкIуэгъуэм и кум ирихьэлIэу зэфIагъэкIын хуейуэ аращ, ауэ лэжьыгъэхэр ягъэува пIалъэм нэхърэ нэхъ псынщIэу йокIуэкI. Лъэпкъ проектым хыхьэу Налшык къалэ округым щызэфIагъэкIын хуей Iуэхухэр ягъэува пIалъэм и пэ къихуэу зэрызэфIэкIым и фIыгъэкIэ щыгугъу хъунущ республикэм и къалащхьэм и гъуэгухэм щыщу иджыри километрий мы илъэсым къриубыдэу зэрызэрагъэпэщыжын мылъку къыIэрыхьэным. Абыхэм ящыщщ Мэлбахъуэм, Вовчок Маркэ, Иллазаровым, Мовсисян я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр. Апхуэдэуи Головко и цIэр зезыхьэ, Профсоюзнэ, Мостовой уэрамхэм я гъуэгухэр 2021 гъэм зэгъэпэщыжыным и проектхэр ягъэхьэзыр.
Республикэм и Iэтащхьэр къыкIэлъыкIуэу щыIащ Головко и цIэр зезыхьэ уэрамым, Лениным и проспектым щащI скверхэм. Абыхэм лэжьыгъэхэр щокIуэкI «ТыншыпIэ псори здэщыIэ къалэ» программэм хыхьэу, налшыкдэсхэм къыхалъхьа жэрдэмхэр я лъабжьэу.
Апхуэдэу, Головко и цIэр зезыхьэ парк цIыкIур щIыныр ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирагъэхьэлIащ икIи 2020 гъэм и мэкъуауэгъуэм - республикэм къыщалъхуа адмирал цIэрыIуэ, Хэку зауэшхуэм и зэманым Ищхъэрэ флотым и унафэщIу щыта Головко Арсений Григорий и къуэр къыщалъхуа махуэм - ухуэн щIадзащ. КъБР-м щыщ скульптор, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Катони С. И. адмиралым и фэеплъыр иухмэ, ар парк цIыкIум и кум хуэзэу щагъэувынущ.
КIуэкIуэ Казбек яIущIащ скверыр щIыныр зи жэрдэмхэм икIи фIыщIэ яхуищIащ жылагъуэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтым, къалэм адэкIи зиужьыным зэран хуэхъу ныкъусаныгъэхэм гу зэрылъатэм папщIэ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI Лениным и цIэр зезыхьэ проспектым щащIа 33-нэ курыт школыщIэм къедза щIыпIэхэми. Мыбдежми щхъуантIагъэхэр щыхасэ, лъэс зекIуапIэхэр щаукъуэдий, абыхэм ябгъухэм тетIысхьэпIэхэр, щIыб уэздыгъэ фIэдзапIэхэр щагъэувынущ, архитектурэм ехьэлIа цIыкIуфэкIухэмкIи ягъэдэхэнущ.
А объект псори мы гъэм и фокIадэм яутIыпщыну я мурадщ.
Лэжьыгъэ IуэхукIэ къалэр къыщызэхикIухьым КъБР-м и Iэтащхьэм щыгъуазэ зищIащ Налшык къалэ округыр псыкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ щекIуэкI ухуэныгъэхэм, «ПсэупIэмрэ къалэ кIуэцIхэмрэ» лъэпкъ проектым тету ящIхэм. Проектым зэрыщыубзыхуамкIэ, псы къыщIэшыпIэм къыщыщIэдзауэ Кировымрэ Тэрчокъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэпылъыпIэм нэсу псы зэрыкIуэ бжьамий километрихым нэблагъэ далъхьэнущ, апхуэдэуи «Сухая Шалушка» псы къыщIэшыпIэм кубометр 18000 зэрыхуэ и псы хъумапIитIыр зэрагъэпэщыжынущ. Абы Iэмал къитынущ системэм и лъэщагъым хэгъэхъуэнымкIэ, «Мей» щIыпIэм деж къат куэду зэтету щаухуа унэщIэхэр псыкIэ къызэгъэпэщынымкIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
|
17.04.2024 - 16:08 Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. |
|
17.04.2024 - 16:05 «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо |
|
17.04.2024 - 09:01 Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра |
|
17.04.2024 - 09:01 Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр. |
|
17.04.2024 - 09:00 Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ. |
|