КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык щыIущIащ УФ-м юстицэмкIэ и министрым и къуэдзэ Алханов Алий

Бадзэуэгъуэм и 16-м лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ Уры­сей Федерацэм юстицэмкIэ и ми­нистрым и къуэдзэ Алханов Алий.
Алханов А. республикэм зэрыщы­Iэ­нум теухуауэ ягъэпса программэм ипкъ иткIэ ар япэщIыкIэ IущIащ КIуэкIуэ К. Абы кърихьэлIащ УФ-м Юсти­цэмкIэ и министерствэм и Iуэхухэр зэ­кIэ­лъы­зыгъакIуэ департаментым и унафэщI Строганов А. , УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэ нэхъыщхьэу Ставрополь крайм щыIэм и ­Iэтащхьэ ­Гультяев С., УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэ­бэрдей-Балъ­къэр Республикэм щы­Iэм и уна­фэщI ­Кужонов Ж.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ къэрал ­политикэр пхыгъэкIыным, республикэм хабзэр къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм юридическэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэу ягъуэ­ты­ным ехьэлIа Iуэхур зэфIэгъэкIа зэры­-хъум. Абдежым къыщыхагъэщащ влас­тым и щIыналъэ, IэнатIэхэм къащтэ пра­вовой актхэр федеральнэ законода­тельствэм техуэу щытыным хуэунэтIа лэжьыгъэфI зэрырагъэкIуэкIыр.
КIуэкIуэ Казбек Алханов Алий фIыщIэ хуищIащ республикэм и нэIэ къызэрытетым папщIэ икIи адэкIи зэдэлэжьэну зэры­хьэ­зырыр жиIащ.
А махуэ дыдэм Алханов Алий зыщиплъыхьащ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу КъБР-м щыIэм къа­тихыу зэтету хуащIа унэщIэм икIи а IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм яIущIащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.