КIуэкIуэ К. В. хэтащ «Урысей зэкъуэтым» и Совет нэхъыщхьэм и зэхуэсым

«Урысей зэкъуэт» партым и исполкомым ба­дзэуэгъуэм и 14-м Москва щригъэкIуэкIащ партым и Совет нэхъыщхьэм и зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Каз­бек.

Зэхуэсым щыте­п­сэ­лъы­хьащ икIи щызэпкърахащ партым зэман гъунэгъум къы­пэщыт къалэн нэхъыщ­хьэхэр икIи Къэрал Думэм хэкIыжахэм я пIэкIэ абы ­хагъэхьэнухэр хэхыжыным теухуауэ ирагъэкIуэкIыну IэIэтым «Урысей зэкъуэ­-тым» къыбгъэдэкIыу хэтынухэм я кандидатхэр къагъэлъэгъуащ.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ партым и Совет нэхъыщ-хьэм и секретарь Турчак ­Андрей. Абы къыхигъэщащ пандемием и хабзэхэм щытет зэманым «Урысей зэ­къуэтым» и дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэу щытыр цIыхухэм я узыншагъэр ­хъумэным ехьэлIа къалэнхэр зэрыарар.
«Коронавирус узыфэ зэ­ры­цIалэм ехьэлIа пандемием ди къэралым и цIыхухэм я гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ-ш­хуэхэр хилъхьащ, дэтхэнэ зы цIыхури къытришащ зэса псэукIэм. ЦIыхубэ лъапIэныгъэхэу пщIэр, узыншагъэр хъумэныр, цIыхухэм къащхьэщыжыныр, хуэны­къуэм гулъытэ хуэщIыныр, зы­зэщIэдгъэкъуэныр япэ къищащ мы зэманым. Политикэ къару псом я деж-       кIи ар гъэунэхуныгъэшхуэу щытащ. Иджыпсту зыми хуэ­мыдэ зэманщ, зэдэуэн-ри зэныкъуэкъунри лъэныкъуэ егъэзауэ, зэпэщIэты­ныгъэхэм зэман темыгъэ­кIуэдауэ, дэтхэнэ къалэми, щIыналъэми, къуажэми щып­сэухэм махуэ къэс далъэIэсын, хуэныкъуэ дэтхэнэми дыдэIэпыкъун ­хуейщ, - жиIащ Турчак Анд­рей. - Нобэ сэ быдэу жыс­Iэ­фынущ «Урысей зэкъуэтыр» а къалэным зэрыпэлъэ-щар. А лэжьыгъэм иджыри пещэ».
Къэбгъэлъагъуэмэ, къэ­ралым и щIыпIэ псоми ­щрагъэкIуэкIащ цIыхухэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIа Iуэхухэр. Абыхэм ящыщ куэдыр Урысейм и Президент Путин Владимир ­пщэ­рылъ ящищIахэрщ. ­Волонтёр гупхэр къызэ­щIа­гъэу­Iуэри, ерыскъыпхъэ-хэр, ­хущхъуэхэр, медицинэ ­Iэ­­мэп­сымэхэр цIыхухэм яIэ­ры­гъэхьэным теухуа ­Iуэху щхьэпэ куэд зэфIагъэ­кIащ. Партым къыхилъхьа жэрдэм зыбжанэ Урысейм и Правительствэм къыди-         Iы­гъ­ри, къэралым и эконо­микэр зэфIэгъэувэжыным хуэу­­нэтIа лъэпкъпсо планхэм хагъэхьащ. Абыхэм ящыщщ  IэнатIэншэхэм  ират пособием хэгъэхъуэ­ным, ар мазищкIэ фIэкIа ямыту щытамэ, а пIалъэм мазихым нэсу къыпащэ-ным, зи лэжьыгъэр къызэтезыгъэувыIэн хуей хъуа хьэрычэтыщIэхэми лэжьапIэншэхэм нэхъыбэ дыдэу ират пособием хуэдиз хуа­гъэувыным, апхуэдэуи лэ­жьыгъэм ехьэлIа законо­дательствэр егъэфIэ­кIуэ­ным хуэгъэпсахэр.
Турчак Андрей жиIащ «Урысей зэкъуэтым» къы­хилъ­хьа жэрдэм нэхъыщ­хьэхэм цIыхухэр трагъэпсэ­лъы­хьыныр къызэригъэпэ­щын зэрыхуейр. Апхуэдэу Iуэхур ирагъэкIуэкIмэ, цIыхухэм партым и программэхэм къыхалъхьэфынущ бэм я сэбэп зыхэлъхэр, щы­тыкIэм хэкIыпIэ хуэхъуну­хэм ящыщу нэхъ тэмэму къалъытэхэр. А лэжьыгъэм и лъэ­ныкъуэкIэ жэуаплы­ныгъэ нэхъыщхьэр зытещIэр партым и щIыналъэ ­къудамэхэрщ.
«Урысей зэкъуэтым» и ­Совет нэхъыщхьэм и сек­ретарым къыхигъэщащ цIыхухэм я узыншагъэр, ­шынагъуэншагъэр хъумэн, гулъытэ яхуэщIын и лъэ­ныкъуэкIэ властым и къудамэ псоми унафэ пыухыкIахэр къащтэну, лэжьыгъэ и пIалъэ зыщIэхэр адрейхэм ядэгуэшэным хуэгъэпса Iуэ­хухэр зэтраухуэну я пщэ къызэрыдэхуэр. Абы къы­хэкIыу, «Урысей зэкъуэтыр» дохутырхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуну хьэзырщ абыхэм ­  я жэрдэмхэр гъащIэм хэп-ща хъун папщIэ законхэр къыдэгъэкIынымкIэ, ахэр къэрал унафэхэм хэп­щэ­нымкIэ.
«Депутат лэжьыгъэм зи зэфIэкI щеплъыжыну, зи ­мурадхэр зэзыгъэхъулIэну, властхэм я унафэхэм зи Iуэху еплъыкIэхэр къыщы­зыгъэлъэгъуэну хуей дохутыр псоми партым защIигъэкъуэн хуейуэ къызолъытэ», - жиIащ абы. Мыбдежым зи гугъу щищIыр партым и телъхьэ медици- нэ лэжьакIуэхэм я закъуэкъым, атIэ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ и IэщIа­-гъэр къыхэзыхахэу унафэ пыухыкIахэр къэщтэным, ахэр гъэзэщIэным гурэ псэ­кIэ хуэхьэзыр дэтхэнэри а Iуэхум къыхэшапхъэу къелъытэ.
КъимыдэкIэ, къэралым и Закон нэхъыщхьэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщ куэдыр «Урысей зэкъуэтым» игъэхьэзыращ икIи къыхилъхьащ, урысейпсо IэIэтым кърикIуари и щыхьэтщ ­Президентым къыхиха унэ­тIыныгъэр зэрыдаIыгъымрэ абы дзыхь зэрыхуащIымрэ. «Абы къыдэкIуэу а зэ­хъуэкIыныгъэхэр лэжьэныр хабзэкIэ щIэгъэбыдэным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэм и щIэдзапIэщ ар. «Урысей зэкъуэтырщ» абы кърикIуэнухэмкIэ жэуаплыныгъэ ­нэхъыщхьэр зи пщэм къыдэхуэри», - къыхигъэщащ партым и Совет нэхъыщхьэм и секретарым.
Турчак зэрыжиIамкIэ, ­хабзэхэм ехьэлIа зэхъуэ­кIыныгъэхэр ятеухуауэ щы­тынущ IэнатIэ куэдым. Абыхэм ящыщщ лэжьакIуэм и хуитыныгъэхэр хъумэным теухуауэ щыIэ шэсыпIэхэм иджыри къыхэгъэхъуэнри, пенсэхэмрэ пособиехэмрэ Iэмал имыIэу индексацэ щIынри, медицинэ дэIэпыкъуныгъэм и фIагъым ­хэгъэхъуэнымрэ ар хуэныкъуэ дэтхэнэми хуащIэ­нымри, экологие, егъэ­джэныгъэ IэнатIэхэри, къэ­рал унафэ щIыкIэр егъэ­фIэкIуэнри, ди щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ­хэм яхуэсакъынри. «Ар ди парт проектхэм, партым и Исполком ­нэхъыщхьэм я ­къалэн нэхъыщхьэхэрщ икIи щIыналъэ къудамэхэм ящIы­гъуу а лэжьыгъэм яужь итыпхъэщ», - къыхигъэбелджы­лыкIащ «Урысей зэ­къуэ­тым» и Совет нэхъыщхьэм и секретарым.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ