Я гукъыдэжыр къаIэт

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм, хабзэ дахэ хъуауэ, илъэс къэс егъэлъапIэ республикэм и гъэсакIуэ, егъэджакIуэ нэхъыфIхэр. Дыгъуасэ апхуэдэ Iуэху дахэ екIуэкIащ, ГъэсакIуэхэмрэ (фокIадэм и 27-м ягъэлъапIэ) ЕгъэджакIуэхэмрэ (жэпуэгъуэм и 5-м) я махуэхэм ехьэлIауэ.

Абы хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и де­путат Марьяш Иринэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, абы и къуэдзэ, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и секретарь АфэщIагъуэ Михаил, партым и щIыналъэ гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI Парафилов Дмитрий.
Къызэхуэсахэм я махуэшхуэмкIэ щехъуэхъум, Егоровэ Татьянэ жиIащ гъэсакIуэмрэ егъэджа­кIуэмрэ я лэжьыгъэм сыт щыгъуи пщIэшхуэ зэриIар, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ IэщIагъэ абыхэм къы­зэрыхахар.
- «ЕгъэджакIуэм мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ зэфIегъэкI. Абы цIыхубэр ирегъаджэ!» - жиIауэ щытащ Чехов Антон. А псалъэхэр шэч къызытумыхьэнщ, - жиIащ Егоровэм. - Дауи, нобэ гъэса­кIуэмрэ егъэджакIуэмрэ я пщэ къыдэхуэ къалэныр нэхъ гугъуж хъуащ. Дэтхэнэми и лэжьыгъэм хищIыкIыныр мащIэщ, сыту жы­пIэмэ я щIэныгъэр сабийм я деж зэрынахьэсын Iэзагъи ябгъэ­дэлъыпхъэщи. Зэманым къызэригъэлъагъуэщи, ди гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ зэпымыууэ заужь, егъэджэныгъэм и IэмалыщIэхэр зрагъэхъулIэ. КъызэрыслъытэмкIэ, егъэджакIуэм псом япэу и къалэн нэхъыщхьэр сабийр еджэным дригъэхьэхыфынырщ, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу къигъэтэджынырщ. Абы щыгъуэщ ди щIэблэм къэкIуэнур щагъэдахэнур. А Iуэху мытыншым махуэ къэс елэжь дэтхэнэми фIыщIэ фхузощI, еджакIуэ акъылыфIэхэр, жыIэдаIуэхэр куэду фиIэну си гуапэщ.
Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ иужьрей илъэсхэм «Урысей зэ­къуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм егъэджэныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIыр, къапщтэмэ, ирагъэкIуэкI Iуэхум хуэдэхэр абы зэрищыхьэтыр.
- ГъэсакIуэм и махуэр хабзэкIэ щIэгъэбыдауэ щымытми, ар фокIадэм и 27-м тфIэфIу псоми догъэлъапIэ. ЗэрыфщIэщи, Урысейм япэ сабий гъэсапIэр 1836 гъэм къыщыунэхуауэ щытащ. Ди сабийхэм зрагъэужьу, щIэныгъэ бгъэдалъхьэу, хэку лъагъуныгъэр зы­хуэдэр кърагъащIэу, нэгъуэщI куэдми хуагъасэу къалэн мытынш пэрытщи, си гум къыбгъэдэкIыу гъэсакIуэхэми егъэджакIуэхэми фIыщIэ яхузощI, - жиIащ Марьяш Иринэ. - Апхуэдэ лэжьыгъэ гугъум зы пщIэ гуэр къыпэкIуэн хуейщи, дэ абы зэрытхузэфIэкIкIэ ди нэIэ тыдогъэт. Псалъэм папщIэ, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым хэт депутатхэм я жэрдэмкIэ, УФ-м и Къэрал Думэм мы гъэм и мэкъуа­уэгъуэм къищтащ 9-нэ, 11-нэ классхэм щIэсхэм къэрал экзамен­хэр щрагъэткIэ а пIалъэм къриу­быдэу Iуэхум хэт егъэджакIуэ псоми улахуэ зэрыратынум теухуа ­хабзэм и проектыр. Ар ехъулIэ­ныгъэщ, дяпэкIи апхуэдэу дызэ­дэлэжьэну ди гуапэщ.
ЕгъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэ­хэм­рэ я махуэхэмкIэ ехъуэхъуащ икIи узыншагъэ яIэу, зэфIэкI къагъэ­лъагъуэу я IэнатIэм щылэжьэну зэрагуапэр жаIащ АфэщIагъуэ Михаилрэ Парафилов Дмитрийрэ. Абыхэм ЩIыхь тхылъхэр зыхуагъэ­фэщахэм иратыжащ. Махуэшхуэр зыгъэлъапIэхэм я гукъыдэжыр ­къаIэту зыкъагъэлъэ­гъуащ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колле­джым и уэрэджыIакIуэ ныбжьы­щIэхэм.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.