ИугъащIэ Адыгэ фащэм и махуэм!

Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэу «Си Лашынкъей - си унэ, си псэ» фIэщыгъэм щIэту зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо фестиваль фокIадэм и 30-м екIуэкIащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр теухуат Тохъутэ­мыщей жылэр къызэрыунэхурэ илъэс 600 зэрырикъум. А Iуэху­гъуитIыр  адыгэ ныпыр лъагэу зыфIэдза Лашынкъей бгыщхьэм и деж Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Мы  зэхыхьэм кърихьэлIат Шэшэным, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым, Абхъа­зым, Осетием, нэ­гъуэщI щIыналъэхэм къикIа уэрэджы­Iа­кIуэхэр, къэфа­кIуэхэр.

Фестивалым кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIу захуигъэзащ къуа­жэм и щIыпIэ администрацэм и тхьэмадэ Хьэгъэжей Хьэсэн. Абы къыхигъэщащ «Си Лашынкъей - си унэ, си псэ» зыфIаща мы зэхьэ­зэ­хуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ зэхуэсхэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр зэ­рызэкъуагъэувэр, я щэнхабзэр зэ­рызэпащIэр. Мыр хабзэ дахэ яхуэ­хъуу, гъэ къэси мыпхуэдэ зэхыхьэ-хэр зэхашэныр зэрыфIэигъуэр. ­Шэ­джэм щIыналъэм щIыпIэ са­моуправленэмкIэ и советым уна­фэщI Уэдыжь Хьэсанш жиIащ мы гуфIэгъуэ дахэр щекIуэкI жылэм дэсхэр сыт щыгъуи ефIакIуэу ­псэуну, нобэ ягъэлъапIэ адыгэ ­фащэмрэ Лашынкъейрэ я махуэр зыIэтхэр узыншэну зэригуапэр икIи щIэгушхуэн, адыгэ хабзэр, нэмысыр зыхъумэфын щIэблэщIэ куэд жы­лэ­жьым щыпсэухэм къащIэхъуэну ехъуэхъуащ. Апхуэдэуи, абы къызэ­рыхигъэщащи, адыгэ фащэм ныбжьышхуэ иIэщ. Ар адыгэм и мызакъуэу, нэгъуэщI куэдми лъэпкъ фащэ яхуэхъуащ. Урыс пащтыхьми  фIэфIу зэрихьэу щытащ ди фащэр. Ди лъэпкъ фащэр дгъэкIуэд зэ­рымыхъунур, дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми ар илъын хуейуэ къызэрилъытэр къыхигъэщащ Уэдыжьым.
Мы зэхыхьэ дахэр гукъэкI зыщIу къезыхьэжьа Хьэгъэжей Хьэсэнрэ Бейтыгъуэн Iэуесрэ я мурадыфIхэр къайхъулIэну зэригуапэри къыхигъэщащ Уэ­дыжь Хьэсанш.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан фащэм и махуэр мы дунейм адыгэу тетым я махуэу къэплъытэ зэры­хъунур, апхуэдэуи ди лъэпкъым нэщхъеягъуэрэ гузэвэгъуэу куэд илъэгъуами, дяпэкIэ адыгэм и ­гъащIэр гуфIэгъуэкIэ гъэнщIауэ, ефIа­кIуэу псэуну зэрихъуэпсапIэр жиIащ.
Махуэшхуэм  кърихьэлIахэм, То­хъу­тэмыщей къуажэжьым щып­сэухэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэза нэужь, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ­жи­Iащ мыпхуэдэ гуфIэгъуэр Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым щыяпэу Лашынкъей къуажэм Iэтауэ зэрыщагъэлъапIэр и гуапэ зэрыхъур.
- ЦIы­хур, ­псом япэрауэ, зыгъэдахэр и хьэл-щэ­нырщ, и дуней тетыкIэрщ, ауэ абы къыкIэлъыкIуэр и зыхуэ­пэкIэр аращи, лъэпкъ фащэм и махуэ хэха диIэн хуейуэ Дунейпсо  Адыгэ Хасэм къыщыхалъхьэри, ар къыддаIыгъауэ илъэс бжыгъэ ­хъуауэ ­  абы ехьэлIа дауэдапщэхэр идогъэкIуэкI. Мы фащэр зей ди лъэпкъми, ар къыддэзыIэт адрей лъэпкъхэми гуфIэ­гъуэ куэд яIэну Тхьэм къыщIигъэкI,- пищащ Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд. - Си ныбжьэгъу лъапIэ МэшбащIэ Ис­хьэкъ нобэ ­Абхъаз Республикэм щыIэщ, а щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэр зэри­хъумэжрэ илъэс тIощIрэ тхурэ зэрырикъур ягъэлъапIэри. Фащэм ­  и махуэмрэ ди къуэш абхъазхэм я гуфIэгъуэмрэ зэрызэтехуар Iуэху­гъуэ тIуащIэщ. МэшбащIэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдыр мыбде­жым дигу къэмыкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым: «Адыгэ фащэр сэ схуадами, Кавказым ис псоми яй ар ­хъуащ». АбыкIэ жысIэну сызыхуейращи, дрогушхуэ Iэщэ-фащэ, шы лъэпкъ, Iэмэпсымэ, хабзэ-нэмыс жыпIэми, дэ дыдейуэ адрей лъэп­къ­хэм къащтэн, щапхъэ щIыттрахын куэд дызэриIэм.
Хасэм и тхьэмадэм къэпсэлъэ­ныгъэм иужькIэ, Лашынкъей  дэт музейм  тыгъэ хуищIащ сурэт зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ генералиссимус Черкасский Михаил, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ тращIы­кIа сурэтхэр. Урысейм и Артийскэ ­комитетым и вице-президент Бейтыгъуэн Iэуес кърихьэлIахэм фIы­щIэ яхуищIащ зэхыхьэ дахэр ­Лашынкъей ­къуа­жэм къызэрыда­Iыгъам папщIэ.
Зэхыхьэр ягъэдэхащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къуэдз Абубэчыр, ­КъБР-м, Ингуш Республикэм, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ ­Даур Иринэ, КъБР-м и Музыкэ ­театрым и артисткэ КIэрэф Иннэ, ­Абхъаз щIыналъэм и уэрэджыIакIуэ Пкин Сабинэ, ХьэхъупащIэ ­ Заур и гъэсэн «Дыгъэшыр» сабий къэфакIуэ гупым, Шэшэным, Ингу­-шым, Осетие Ищхъэрэм, КъШР-м ­къи­кIа къэфакIуэхэм, уэ­рэд­жы­Iа­кIуэхэм. Апхуэдэуи я зэпеуэ дахэ­хэмкIэ утыкур ягъэбжьыфIащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер  Бейты­гъуэн Руслан зи гъэсакIуэ спорт ­школым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм.

 

НафIэдз Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.