КъызыхэкIа лъэпкъым и узыр имыгъэвмэ, и гуфIэгъуэр хуэмыIэтмэ, тхакIуэм ищIэм зыри и уасэкъым

Гугъущ зи цIэм дунейпсо мыхьэнэ игъуэта тха­кIуэш­хуэм утетхыхьыну. Зы тхыгъэкIэ, дауи, къыпхуэгъэ­лъэ­гъуэнукъым, зы цIыху а­къылми къитIэщIыфынукъым абы и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмрэ гупсысэ куухэмрэ, и къекIуэ­кIы­кIамрэ нобэ ныбжькIи, зэ­фIэкIкIи, зэчийкIи здынэса лъагапIэшхуэмрэ.
Накъыгъэм и 28-м и ныбжьыр илъэс 90 ирокъу УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIым и къуэдзэ, Адыгэ Республикэм и Тха­кIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, СНГ-м хыхьэ къэралхэм я ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и унафэщIым и къуэ­дзэ, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм егъэ­щIы­лIауэ лажьэ Нэхъыжь­хэм я советым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, ЩIэ­ныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз Акаде­мием­ я академик, Кубаным гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Ос­тровскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лау­реат, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» урысей орденым и II, III, IV нагъыщэхэр, «Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэ» орденыр, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр, Абхъаз Республикэм и «ПщIэм­рэ ЩIыхьымрэ» орденыр, «Кубаным и зыужьы­ныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалым и япэ нагъыщэр зыхуагъэфэща, Урысей Федерацэм Лэ­жьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм.
Ар Краснодар крайм къыщалъхуащ, Адыгейм щопсэу, Урысей псом къыща­цIы­ху, и тхылъхэр хамэ къэ­ралхэм щызэбграх. МэшбащIэ Ис­хьэкъ и зэчиймрэ зэфIэ­кIымрэ куэд къы­зэ­щIау­бы­дэ, лъахэм, лъэп­къым я Iэ­фIыр гурэ псэкIэ зыхыуигъащIэу гухэлъ пшыналъэхэмрэ прозэ куп­щIафIэхэмрэ къегъэщI. Абы и IэдакъэщIэкIыр лъэпкъпсо зыщIэппIыкI хъун защIэщ, и дэтхэнэ тхыгъэри адыгэм и тхыдэ куущ.
Исхьэкъ уепсэлъылIэу убгъэдэсыныр, интервью къе­Iыпхыныр журналистым дежкIи, цIыху къызэрыгуэ­кIым дежкIи уасэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Зыбжанэрэ згъэ­у­нэхуащ ар, иджыри щхьэ­усыгъуэфI диIэт, ауэ иджыпсту дуней псом къыщекIуэкI узыфэм и ягъэкIэ Мейкъуа­пэ дымыкIуэфу, телефонкIэ зыпытщIэри, и махуэ лъапIэ къэблагъэр ди щхьэусы­гъуэу­ дыдэуэршэращ.
- Исхьэкъ, уэ уи сабии­гъуэ лъандэрэ уотхэ, тхылъ къы­дыбогъэкI, сыт хуэдэ Iуэхуми, къэхъукъащIэми, ухуэ­хьэ­зыру упежьэу уи хьэлщ. Уи илъэс 90-м ирихьэлIэу адыгэ лъэпкъым, уи щIэ­джыкIакIуэхэм аргуэру зы ро­маныщIэ тыгъэ зэрахуэп­щIым дыщыгъуа­зэщ. Иужь­рей нагъыщэр мы махуэхэм зыхуэбгъэува романым и гугъу уэзгъэщIынут.
- Фэ фызэрыщыгъуазэщи, сэ си Iэдакъэ къыщIэкIа роман 20-м щIигъур зытеухуар адыгэм и тхыдэрщ, абы и блэкIарщ, и къекIуэкIы­кIарщ. Иджырей романри аращ - ар хьэтхэм ятезухуащ.­ «Зэман жыжьэм и джэрпэджэж е Хьэтхэм я пшыхь тIощI» («Эхо далёкой эры, или Двадцать вечеров среди хаттов») арауэ къы­щIэкIынщ фIэсщынур. Пэж дыдэу, Замирэ, Iэрытхыр суха къудейщ, дяпэкIэ традзэну аращ. Мы романыр сэ си зы еплъыкIэщ. Хьэтхэм ятеухуа лэжьыгъэ куэд щыIэщ, абы тетхыхьащ урысей, хамэ къэрал щIэныгъэлI, тхы­дэдж куэд. Инджылызыбзэ­кIэ, нэмыцэбзэкIэ куэд дыдэ къыдэкIащ. УрысыбзэкIэ къы­дэкIахэм ящыщу къы­хэз­гъэщынут Абхъаз Республикэм и Президенту щы­та Ардзинбэ Владислав и лэжьыгъэхэр, ар хьэтхэмкIэ IэщIагъэлI нэст. Куэд щIэзджыкIащ, зэзгъэзэхуащ романыр тхын щIэзмыдзэ щIы­кIэ, мыр жэуаплы­ны­гъэш­хуэ пылъу узыбгъэ­дыхьэн хуей лэжьыгъэт.
Псалъэм къыдэкIуэу жы­пIэмэ, Маккуин Джеймс и «Хетты и их современники в Малой Азии» тхылъым къы­щыгъэлъэгъуэжащ пасэрей Азие ЦIыкIум (Анатолием) неолит лъэхъэнэм щегъэ­жьауэ иIа тхыдэри щэн­хаб­зэри. Гулъытэ нэхъыбэ зы­хуищIыр, дауи, Хьэт къэ­ра­лыгъуэр щыщыIа лъэхъэ­нэрщ.
- Уэ уи романым сыт хуэ­дэ лъэхъэнэ къыщыгъэ­лъэ­гъуар?
- Ди эрэм ипэкIэ псэуа ди адэжьхэр къызытепщIыкIа хьэтхэрщ сэ зи гугъу сщIыр. Къапщтэмэ, Хьэт къэралыгъуэр ди эрэм ипэкIэ 12-нэ лIэщIыгъуэм, 1190 гъэм ­къутэжауэ щытащ. Абы щегъэжьауэ Азие ЦIыкIур щы­Iэжакъым, ауэ ноби абыхэм я лъэужь кIуэдакъым, археологхэм къагъуэт зэпытщ абыхэм я кIапэлъапэхэр.
Тыркум и къалащхьэ Анкара километри 140-кIэ пэжы­жьэу иIэщ Богускуей жери зы къалэ. Мис абы нобэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкI, уеблэмэ зэрыкъалэу зэпратIыкIащ. Сэ сыщы­Iащ а къалэм. ЕтIуанэуи тезгъэзэжащ. ИкIи романым иужь сихьэн ипэ куэд къэс­щIащ.
- Апхуэдиз зэманкIэ узэ­IэбэкIыжу, лъэпкъыр къы­зытехъукIа хьэтхэм я гугъу щыпщIым, абыхэм я шы­фэлIыфэр, псэукIэр, зэхэ­тыкIэр дауэ къэбгъэлъэ­гъуа, Исхьэкъ? Сыт хуэдэ къэIуэтэкIэ игъуэтар?
- Хьэтхэм ятеухуауэ щыIэ романхэм зыкъомкIэ къыщ­хьэщокI си IэдакъэщIэкIыр. Уи упщIэм кIэщIу жэуап ест хъунумэ, дунейм нэхъ лъэп­къыжь дыдэу тет адыгэм и тхыдэр зы унагъуэм и къе­кIуэкIыкIакIэ къэзгъэлъэ­гъуауэ жыпIэ хъунущ. Зэ­къуэш­хэм я гъащIэ, дуней тетыкIэ къэзгъэсэбэпри, ди эрэм ипэкIэ псэуа адыгэхэм сатетхыхьащ. ИкIи лъэхъэнэ зыбжанэ къызэщIиубыдэу жыпIэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хъыбарыр 30 гъэхэм я деж къос.
- Дапщэщ дэ дыще­джэ­фынур, щIэх дунейм къы­техьэну тхылъыр?
- Гувэнукъым. Гъэмахуэм къыдэкIынущ романыр.
- Анэдэлъхубзэм и мыхьэ­нэр къыгурыIуэу дунейм зы цIыху тетмэ, уэ уетIуа­нэщ. Уи IэдакъэщIэкI псори адыгэбзэкIэ ботхри, итIа­нэ урысыбзэкIэ, хьэ­ры­пыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, нэгъуэщI бзэ куэдкIи зэрадзэкI. Хьэтхэм ятеу­хуари уи анэдэлъхубзэ ­хъунщ зэрыптхар?
- Шэч хэмылъу. Сэ абы зэи сытекIакъым. Мы романым сызделэжьым занщIэу уры­сыбзэкIэ зэрезгъэдзэ­кIащ. Адыгэбзэри урысыбзэри хьэ­­зырщ, зэгъусэу къыдэ­кIынущ.
- Иджыри зы хъыба­рыфIкIэ къыпысщэну сы­хуейт ди псалъэмакъым. Ари уи илъэс 90-р зыIэт зы Iуэхущ. Уи Iэдакъэ къы­щIэкIа «Аиссе» роман телъыджэм кино къы­зэ­рыт­ращIыкIым и хъыбар къы­т­Iэрыхьащ, ди газетым и щIэджыкIа­кIуэ­хэри щыд­гъ­эгъуэзащ. Дэнэ нэса филь­мым и Iуэхур?
- Нэхъ пасэм дызэрызэгурыIуам тету «Орел и ракурс» кинокомпаниер филь­мым иужь ихьащ. Урысей Федерацэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, кинорежиссёр цIэрыIуэ Муратов Александрщ тезыхыр, сценарийр зытхар Сафинэ Маринэщ. НобэкIэ кастинг­хэр екIуэкIри, актёрхэр къыхахащ, ролхэр хуагуэшащ, щыгъынхэр ирагъэдащ.
Иджыпсту мы коронавирус уз зэрыцIалэм дызри­гъэу­ва щытыкIэ гугъум къы­хэкIыу тIэкIу къызэтрагъэувыIащ Iуэхур, ауэ мэкъуауэгъуэм пащэнущ. Фильмым продюсер нэхъыщхьэ хуэ­хъуащ Адыгейм и президенту щыта Щэумэн Хьэзрэт, абы доллар мелуан тхухихащ.
- Зи гъащІэр Кавказым къы­щежьэу, Тыркум щы­пы­зыщэу, Франджым щы­зыуха адыгэ цІыхубзщ романыр зытеухуар. И адэм и лъапсэр зэрапхъуэу гъэр ящІа ХьэІишэт зи цІэ хъы­джэбз цІыкІум и ролыр зыгъэзэщIэнур хуабжьу тфIэгъэщIэгъуэнщ. Хъуну щытмэ, къыджеIэ роль нэ­хъы­щ­хьэр зыхуэвгъэфэщар.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Мамрэш Светланэщ. Ар Москва дэт «Гоголь-центр»­ театрым актрисэу щолажьэ, Щепкин и цIэр зезыхьэ театр училищэр, иужькIэ МХАТ-м и студиер къиухащ. Режиссёрыр гуры­Iуащ, езыр хьэзырщ, джэгуфынуи къызолъытэ. 
- Дэнэ кинор щытрахынур, Исхьэкъ?
- Адыгэ Республикэм, Сант-Петербург къалэм щытрахынущ, итIанэ Тыркумрэ Франджымри съёмкэхэр щекIуэкIынущ. 
- Ар мы гъэм хьэзыр хъуну хуэбгъэфащэрэ?
- ДызэрызэгурыIуам тет­мэ, 2020 гъэм и щэкIуэгъуэм хьэзыр хъунущ. Ауэ псори зэлъытар дуней псом щыIэ щытыкIэрщ. 
- Исхьэкъ, уи тхыгъэхэмкIэ дгъэзэжынщи, адыгэ тха­кIуэхэм яхэткъым уэ роману птхам хуэдиз зи Iэдакъэ къыщIэкIа. Ди псалъэмакъым и пэщIэдзэм ­жы­пIащ уи романхэр тIо­щIым зэрыщIигъуар. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэн­ра­щи, ахэр зытеухуар ­ады­гэм и тхыдэрщ. Къи­щы­нэмыщIауэ, хэкупсэу зы тхакIуэ дунейм тетмэ, уэ уетIуанэщ. 
- УтемытхыхьынкIэ Iэмал иIэкъым дэ ди блэкIам. Сэ къэзгъэлъэгъуар 10-нэ лIэ­щIы­гъуэм къыщыщIедзэ. Къы­зыхэкIа лъэпкъым и узыр имыгъэвмэ, и гуфIэ­гъуэр­ хуэмыIэтмэ, тхакIуэм ищIэм зыри и уасэкъым. Сэ сыт щыгъуи сыпылъащ адыгэм и дахэр, и фIыр, и хъугъуэфIыгъуэхэр си сатырхэм щысхъумэну. Адыгэ тхыдэр лIыгъэм, зэпIэзэ­рытыныгъэм, гуапагъэм я щапхъэщ, ахэр дерс яхуэхъуну къысщохъу си тхы­лъым еджэхэм. Уи лъабжьэм и къе­жьа­пIэмрэ уи блэкIам къы­хэпх дерсым­рэщ къэ­кIуэ­нум и гъуэгур зыгъэ­нэхур. 
Ди лъэпкъым гузэвэгъуэ куэд и нэгу щIэкIащ. Ауэ ­щыхъукIи, тхыдэм сыщы­хуеп­лъэкIыжкIэ, сэ си сэр зыгуэрым хуэзгъэдэлъэну зэи яужь ситакъым, зыри згъэ­къуаншэркъым адыгэм къы­щыщIамкIэ. Си гугъэщ дэф­тэрхэм къахэсхыж пэ­жыр художественнэ теплъэ иIэу я пащхьэ зэрислъхьэр къагурыIуэу. 
Дауэ мыхъуми, мамырыгъэ ди зэхуаку дэлъу ды­зэдэпсэун хуейщ. Дэтхэнэ лъэпкъми езым и щхьэ ­кърикIуа хьэзаб иIэжщ. Дэ­ри ди лъахэм дыкъы­щи­тIыс­хьэм зыгуэри дэткъузагъэнщ. Ди щхьэщыгу ит дыгъэр илъэс мин бжыгъэ лъан­дэрэ и хуабэмкIэ ­гуашэу апхуэдэщ, лъэпкъ зэхэгъэж имыщIу. Апхуэдабзэщ цIыхур псы Iубыгъуэ хуэ­зымыгъалIэ псыIэ­рышэ­хэри, гъавэ къызытрах щIы берычэтри. Апхуэдэ гупсы­сэщ си тхыдэ романхэм щыпхышар. Уи лъэпкъым и узыфэхэмрэ и гурыфIыгъуэ­хэмрэ умыщIэмэ, уи дыгъуасэмрэ нобэмрэ зумыгъэп­щэфмэ, тхакIуэ, лэжьакIуэ, политик е цIыху зэпIэзэрыт къыпхэкIыну?
Сэ сызыхуейр зыщ - адыгэм и тхыдэ пэжымрэ и щэнхабзэ къулеймрэ къы­дэкIуэтей щIэблэм ящымыгъупщэнырщ. ИкIи абы теухуауэ си щIэджыкIакIуэхэм я гупсысэхэр къыщысхуа­Iуатэм деж си гуапэ мэхъу. 
Дэ псори дызэкъуэшщ - дыадыгэщ. Сэ сфIэфIкъым цIэ зэмыщхьхэмкIэ си лъэп­къэгъухэм седжэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэм щхьэкIэ «къэбэрдейхэр» жысIэркъым, е Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэм «шэр­джэскIэ» седжэркъым. Псори дыадыгэу аращи, щхьэж хузэфIэкIымкIэ, къыхиха IэщIагъэмкIэ ди лъэп­къыр зэредгъэфIэкIуэным иужь дивгъэт. 
- Исхьэкъ, илъэситху ипэ­кIэ интервью къыщыпIыс­хым жыпIат: «Илъэс 70-м нэсауэ литературэ губ­гъуэм ситщи, зы сатыр щыз­мытха зы махуи блэ­кIакъым». Абы иджыри илъэ­ситху хэлъхьэжи… Уе­зы­мыгъэзэшыр сыт? Дэнэ къипхрэ уи творчествэм тебгъэкIуадэ къарур? 
- Сэ дыкъэзыгъэщIа Тхьэш­хуэм фIыщIэ хузощI тхакIуэ зэчийр къызэрызбгъэдилъхьам папщIэ. Сы­зэрытхэфым си гур хегъа­хъуэ, си псалъэкIэ си лъэп­къыр, си хэкур, цIыхугъэр зэрысIэтыфым срина­сы­пы­фIэщ. Ауэ, пэжщ, литерату­рэ лэжьыгъэр ар творческэ гурыфIыгъуэм и закъуэкъым, атIэ гугъуехьышхуэщ. Хьэткъуэ Ахьмэд зэрыжиIэу щытам хуэдэу, узыхуей псалъэр а дакъикъэм къэб­гъуэ­тыныр гугъущ - мастэкIэ псы­къуий къэптIыным хуэ­дэщ. 
ЦIыхухэр тхакIуэм и цIэ­рыIуагъым, и щIыхьым­ ­йохъуапсэ. Ауэ абыхэм ящыщу ма­щIэ дыдэщ тхакIуэр зэрыщхьэзакъуэр зыщIэр. ТхакIуэр сыт щыгъуи и за­къуэу къыбгъэдонэ тхы­лъым­пIэ напэ хужьым. Абы нэхъ гъунэгъу дыдэу иIэ цIыхури сэбэп къыхуэхъуфынукъым а зыхуэныкъуэ псалъэр къигупсысынымкIэ,­ и нэгу щIэт образыр и кIэм нигъэсынымкIэ, сюжет гъэ­щIэгъуэн итхынымкIэ. Ягъэгушхуэфынущ, чэнджэщ ира­тыфынущ, ауэ и тхы­лъымпIэ напэр из ящIыфынукъым. 
Сэ нэхъыфIу сыщылэ­жьэфыр, си творческэ къарур къыщызгъэсэбэпыфыр пщэд­джыжьыпэращ, нэхулъэ къыщызэкIэщIитхъым деж­щ. Жьыуэ къэтэджам Тхьэр къыхуэупсэу жыхуаIэр пэжщ. 
Пщэдджыжь къэс гуры­фIы­гъуэ сиIэу сыпэротIыс­хьэ сыщытхэ Iэнэм. ЩIы­уэпсыр къыщыуш, мурад ­нэхъ ин дыдэр къыщагупсыс, гупсысэмрэ къарумрэ щы­зэуIу зэманщ пщэдджыжьыпэр. Абдежым къару гуэри бгъэкIуэду къып­щыхъуркъым, дыгъуасэ къыпхуэмыгъуэта псалъэхэр нобэ езыр-езыру тхылъымпIэм тогъуалъхьэ… 
- Исхьэкъ, уи илъэс 90-м ирихьэлIэу, зы романрэ зы фильмрэ тыгъэ къытхуэп­щIащ. Ауэ а том куэду зэхэт уи тхылъ дахэхэм хуэдэ мы гъэм къыдэбгъэкIыну уи мурадкъэ? 
- Шэч хэмылъу. Тхыгъэ инхэм къадэкIуэу, усэхэр стхыну сфIэфIщ. Псом хуэмыдэу сатыриплI хъу усэхэр сигу дохьэ, сигу щыщIэр къры­зоIуэтэф. Мис апхуэдэ усэ кIэщI цIыкIухэр зэрыт томитI къыдэкIынущ. Къищы­нэмы­щIауэ, а уфIэфIу жыхуэпIэ, том куэду зэхэтхэм хуэдэу, тхыгъэ къыхэхахэр зэрыт том 25-рэ согъэхьэзыр. 5-м усыгъэхэр итынущ, 20-м - романхэр. Ахэри куэд мы­щIэу дунейм къытехьэнущ.
- Тхьэм ухущIигъэхьэ, Ис­хьэкъ. Хуабжьу хъы­ба­рыфI­хэмкIэ укъыддэгуэшащ, уи псалъэ Iущхэр зэхэдбгъэхащ. Жану, нэжэгужэу, ­гуащIафIэу урихьэ­лIащ уи илъэс 90-м. А щы­тыкIэм хэ­мыщIу, узыншагъэ быдэ уиIэрэ, уи къалэ­мыр уи Iэпэгъуу иджыри куэдрэ ди япэ Тхьэм уригъэт. 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.