КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Псэ Жыг» фэеплъым удз гъэгъахэр трилъхьащ

Накъыгъэм и 21-м, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ щрикъум ирихьэлIэу, «Псэ Жыг» фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Апхуэдэу, а махуэм фэеплъым деж къыщызэхуэсахэм яхэтащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и Уна­фэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэ­мэд, УФ-м и Къэ­рал Думэм и депутат Геккиев ­Заур, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд, абы и ­къуэдзэ Лъху­къуэщауэ Хьэбас, министерствэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм я лIы­кIуэ­хэр, КъБР-м и щIыналъэхэм я Iэтащ­хьэ­хэр.
КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий кърихьэлIахэм дыуэ яригъэщIащ.
Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ди республикэм щыгъуэ-щIэж Iуэхухэр сыт щыгъуи куэду щокIуэкI. АрщхьэкIэ зэфIэува эпидемиологие щытыкIэ хьэлъэм и зэранкIэ мы гъэм апхуэдэхэр щыIакъым, ауэ интернетыр къагъэсэбэпри, цIыху минхэр хэтащ флеш-мобхэм, а гузэвэгъуэр зэращымыгъупщам и гугъу ящIу.

НафIэдз Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.