ДАХ-р куэдым егъэпIейтей

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирагъэхьэлIэри, дыгъуасэ видео­конференц щIыкIэм тету къызэрагъэпэщащ. Онлайн жыпхъэм иту видеоконференцыр иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Интернетым и Iэмалхэр къа­гъэсэбэпу зэIущIэм хэтащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэным-рэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и ми­нистр КIурашын Анзор, Бахъ­сэн къалэ округым и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, КъБКъУ-м и проректор Къущхьэ Хъусен, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и ­тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Му­хьэ­мэд, КъБР-м ит Адыгэ жыла­гъуэ ­зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къал­мыкъ Жылэбий, ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Къуэдзокъуэ Анатолэ, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэхэу Бырсекъуэ Орфан, Щоджэн Iэминат, Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ ­Къардэн Самир, КАФФЕД-м и гуащэ Мамхэгъ Илдыз, Израилым щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Нэпсо Закариерэ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Тхьэухъуэ Зухьеррэ, Германием щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затийрэ ДАХ-м и вице-президент Ды­щэкI Эртанрэ, Сирием щыIэ Адыгэ ФыщIэ Хасэм хэт Къ­э­бэрдей Аднан, Урысейм и хэгъэгухэм щылажьэ Адыгэ Ха­сэхэм я тхьэмадэхэу ЛIымы­щэкъуэ Рэмэзан (Адыгей), Аслъэн Алий (КъШР), Дербит Валерийрэ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Хьэбы­тIэ Вячеславрэ (Осетие Ищхъэрэ-Алание), Шыбзыхъуэ Юрий (Ставрополь къалэ), КIэ­кIыхъу Мэжид (Краснодар край), ЩIалэгъуалэ Хасэм къыб­гъэ­дэкIыу Жу Тимуррэ Борэ Эльдаррэ, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм псоми чэзууэ къыщаIуэтащ зыщыпсэу къэралхэм елъытауэ я Iуэху зыIутыр; коронавирус уз зэрыцIалэм зригъэува щытыкIэ гугъум зэрехъулIэр; я Хасэхэм блэкIа пIалъэм къриубыдэу ирагъэ­кIуэкIа лэжьыгъэхэр; апхуэ-дэуи тепсэлъыхьащ Адыгэ- хэм я щыгъуэ-щIэж махуэм, тхыдэм ириплъэжкIэрэ, дяпэкIэ лъэпкъым и зыужьыныгъэм, зэкъуэтыныгъэм теухуауэ яIэ мурадхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ яубзыхуащ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.