ИстамбылакIуэ

Ермоловым и зэман лъандэрэ хабзэ яхуэхъуауэ, урыс пащтыхьым и дзэпщхэр кавказ бгырысхэм я ужь къызэритар мафIэрэ джатэрэщ.
МафIэмрэ джатэмрэ къела бгырысхэр я хэкум ирамыхуауэ, Кавказыр я IэмыщIэ зэрырамыубыдэфынур щIэх дыдэ къагурыIуащ урыс дзэпщхэм. Кавказым и дзэпщ фельдмаршал Барятинский Александр 1861 гъэм пащтыхьым хуитхауэ щытащ «шэрджэсхэр бгым къихуауэ Псыжь Iуфэ IугъэтIысхьэн е Тыркум гъэIэпхъуэн зэрыхуейр». «Шэрджэс щIыналъэр нэщI хъумэщ зауэм кIэ щигъуэтынур», - итхыгъащ Барятинскэм. Ардыдэращ зыпылъар Псыжь ис урысыдзэм и Iэтащхьэ генерал Николай Евдокимоври: «Бгырысхэр Тыркум дгъэIэпхъуэным мыхьэнэшхуэ иIэщ, итIанэщ зауэр дыухауэ плъытэ щыхъунур». Тыркухэми лъэкI къагъэнакъым кавказ бгырысхэр хэкум ирагъэIэпхъукIынымкIэ: тIасхъэщIэх къыхаутIыпщхьэурэ, бгырысхэр Iэджэм щагъэгугъырт, я хэкур ямыбгынэмэ, «джаурхэм» я IэмыщIэ зэрихуэнум, езыхэри «джаур зэрыхъунум» щагъащтэрт.
БГЫРЫСХЭР я хэкум икIамэ, Урысейми Тыркуми я фейдэ хэлът. Барятинскэм зэритхыгъащи, «бгырысхэм къызэранэкI щIыналъэ дахэр Урысейм ей хъунут игъащIэкIэ, хы Iуфэри къыIэрыхьэнут». Тыркур шэрджэсхэм зэращыгугъыр зауэлIкIэт: ахэр къигъэсэбэпурэ, зэфIигъэувэжын мурад иIэт зи лъабжьэр тIасхъэ хъуа империер - Балканым къыщыщIэдзауэ хьэрып хэкухэм нэс. Тыркум бгырысхэм къахиутIыпщхьэ тIасхъэщIэххэм зэрагъэIумкIэ, тырку сулътIанымрэ урыс пащтыхьымрэ «зэгурыIуат Iэпхъуэн мурад зиIэм зыри пэрымыуэну, ар дэнэ къэна, къэралитIри гъуэгупщIэкIи кхъухькIи къадэIэпыкъуну». Бгырысхэм я нэхъыбапIэм я фIэщ хъуакъым апхуэдэ псалъэмакъхэр, залымыгъэкIэ («мафIэрэ джатэкIэ»!) ирамыхулIатэмэ, я хэкур ябгынэн муради яIэтэкъым.
1860 гъэм Тыркум Iэпхъуауэ щытащ абазэ унагъуэ мин зыбжанэ («езыхэм я жэрдэмкIэ»), хьэжыщI ежьауэ жаIэри. Абыхэм ящыщ куэд щIегъуэжри, хэкум къагъэзэжын мурад щащIым, гъуэгур зэхуащIауэ щытащ; ахэр «езыхэм я жэрдэмкIэ» хэкум икIауэ ягъэIуами, къыкIэлъыкIуэ илъэсым, 1861 гъэм, «къэзакъхэм даIимауэ къеныкъуэкъу» абазэ миниплI зэщIакъуэри Уарп псыхъуэ ирахулIауэ щытащ, абыхэм я нэхъыбэр иужьыIуэкIэ Тыркум ягъэIэпхъуащ. А зэманым хэкур ирагъэбгынащ къэбэрдей минипщIым щIигъум.
Псыжь ис адыгэхэр (натхъуэджхэр, шапсыгъхэр, абазэхэхэр, н.) хэкум икIын хуейуэ нэхъ хагъэзыхь (уеблэмэ ирахулIэ) щыхъуар 1862 гъэрщ - а гъэм урыс пащтыхьыр арэзы техъуауэ щытащ Кавказым ис дзэпщхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ абы и лъэныкъуэкIэ ящIа унафэм. Псом япэ зи ужь ихьар абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэщ - а лъэпкъхэрат урысыдзэм нэхъ ткIийуэ пэщIэтыр. Кавказым и тет къулыкъур пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Орбелиани зэритхамкIэ, «дзэм зэрырахулIам къыхэкIкIэ, ахэр (шапсыгъхэмрэ абазэхэхэмрэ) кIуэ пэтми нэхъ тегушхуэ хъуащ Тыркум зэрыIэпхъуэным». Ахэр нэхъри зэрытрагъэгушхуэнт урыс дзэпщхэр зыпылъыр, бгырыс нэхъыбэ (икIи нэхъ щIэх) хэкум икIмэ, зауэр нэхъ пасэу зэраухынур фIыуэ къагурыIуэрти. Кавказ армэм и штаб нэхъыщхьэм и Iэтащхьэ генерал Карцовым зэрилъытэмкIэ, «хэкум икI бгырысхэм дапэрымыуэмэ, зауэр 1864 гъэм и гъэмахуэм» увыIэнут.
Кавказым и тетым Истамбыл дэс урыс лIыкIуэм деж итхауэ щытащ тыркухэр а IуэхухэмкIэ пэрыуэгъу мыхъун щхьэкIэ хузэфIэкI къимыгъэнэн хуейуэ.
А IуэхумкIэ пэрыуэгъу хъун мурад иIэххэтэкъым Тыркум, урыс лIыкIуэм хъыбар къазэрыригъэщIамкIэ; урысхэм къапиубыдыр зыт: Тыркум Iэпхъуэ бгырысхэр здигъэтIысынумкIэ хуитыр езыращ, Урысейм едэIуэнукъым абыкIэ. Абы дауэ къыщIикIам щхьэусыгъуэ иIэт: Тыркум Iэпхъуэ бгырысхэр къэрал гъунапкъэм къытрагъэтIысхьэн мурад яIэт тыркухэм, урыс дзэпщхэр зыхуейр бгырысхэр нэхъ жыжьэ Iуашынырт къэралитIым я гъунапкъэм къытрамыгъэтIысхьэу («хэкум икIами, дагъэтыншынукъым» жыхуаIэт).
Дапщэ Iэпхъуа Тыркум, дапщэ ирахуа я хэкум - абы и бжыгъэр зыми белджылыуэ ищIэркъым. Берже Адольф зэрилъытэмкIэ, 1858 гьэм къы-щыщIэдзауэ 1865 гъэ пщIондэ Тыркум ягъэIэпхъуащ бгырыс мин щиплIрэ плIыщIым нэс, ауэ а бжыгъэр уи фIэщ пщIыщэ хъунукъым. Япэрауэ, мухьэжырхэм я бжыгъэр тэмэму пхуэлъытэнкIэ Iэмал иIакъым, ар зи пщэ дэлъахэм ямыщIэу хэкум икIар мащIэкъым. ЕтIуанэрауэ, бгырысхэр хэкум исыху, урыс дзэпщхэм а бжыгьэм и пэжыпIэр зэрабзыщIам шэч хэлъкъым, абыхэм ираха лейр щIауфэн щхьэкIэ. Тотоев М. С. зэритхымкIэ, 1858 - 1864 гъэхэм хэкур ирагъэбгынащ бгырыс мин 700 - 750-м. Апхуэдэ бжыгъэ къагъэлъагъуэ А. Убичини, Павэ де Куртейль сыми. Къасым Алий нэхъыбэж къегъэлъагъуэ, абы акъылэгъу дэхъупхъэуи къыщIэкIынщ: XIX лIэщIыгъуэм икухэм деж кIахэ адыгэхэм я бжыгъэр мелуаным щIигъуу щытащ, Кавказ зауэм и ужькIэ хэкум къинэжар мини 100 нэхърэ нэхъ мащIэщ, апхуэдэу щыщыткIэ, хэкур ирагъэбгынащ цIыху мин 900-м щIигъум.
КIахэ адыгэхэм я хэкур нэщI хъуа нэужь (минищэ нэхъыбэ къыщызэтенакъым Псыжь адрыщI), а насыпыншагъэр къалъэIэсащ къэбэрдейхэм, шэшэнхэм, дагъыстанхэм, осетинхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм.
1865 гъэм Тэрч иIэпхъукIауэ щытащ унагъуэ минитхум нэблагъэ; абыхэм я нэхъыбапIэр шэшэнрэ ингушрэт. Хэкур ирагъэбгынащ («езыхэр арэзыуэ») къэбэрдей куэдым - ар Кавказ зауэр увыIа нэужь! ИстамбылакIуэ узыр зылъэмыIэса лъэпкъ къинэжакъым Кавказ Ищхъэрэм. А. Убичини, П. де Куртейль сымэ зэратхымкIэ, Кавказыр зрагъэбгына бгырысхэм я бжыгъэр 1866 гъэм мелуаным нэсауэ щытащ.
Апхуэдиз цIыхур хым зэпрышыгъуафIэтэкъым, дауи. Хы Iуфэм щызэтрихьауэ, цIыхур мазэ бжыгъэкIэ пэплъэн хуей хъурт кхъухьхэм, мин бжыгъэкIэ зэтелIэрт. «Хы Iуфэр хьэдэм исеящ, - итхыжащ ар зи нэгу щIэкIахэм ящыщ гуэрым. - Хьэдэм яхэсхэм я щхьэр къаIэтыфыркъым, лIар щIалъхьэжыфыркъым». Берже итхащ: «Шхын щхьэкIэ зэтолIэ хы Iуфэм щызэтрихьа насыпыншэхэр, уз зэрыцIалэм лъэрыщIыкI зэтрещIэ. Зы бзылъху-гъэ щIалэ и хьэдэр игъащIэкIэ си нэгу щIэкIыжынкъым: пшахъуэ псыфым хэлъ хьэдэм зы сабий бгъурылъщ, щIыIэм иукIауэ; нэгъуэщI зы сабий, и псэр пыт къудейуэ, цIыхубзым и бгъэм щIэлъщ...». Апхуэдэщ зрихьэлIар И. Дроздови: «Уи гур егъэуз гъуэгум щыплъагъум: сабийхэм, лIыжь-фызыжь-хэм я хьэдэр гъуэгум тезщ, хьэм зэхафыщIауэ; цIыху ныбаджэхэм я лъэр зэблахыф къудейщ, узым хигъэщIауэ гъуэгум теджалэр куэдщ; я псэр пыт щIыкIэ хьэр йожэ насыпыншэхэм... Я щхьэр я лажьэщи, гъуэгум теджалэм зыри дэIэпыкъужыфыркъым... Хы Iуфэм нэсахэми къащIэлъыр нэхъ щIагъуэкъым: кхъуафэхэм ирагуэри, хым трашэ, уз зыпкърыт ялъэгъуамэ, ягу щIэгъуркъым: хым хадзэ я псэр пыт щIыкIэ... Анэдолэм и хы Iуфэр хьэдэхэм ясеящ, толъкъуным къридзылIэурэ. Тырку кхъуафэхэмкIэ хым техьа адыгэ насыпыншэхэм я зэхуэдитIи нэсагъэнкъым адрей Iуфэм. Апхуэдэ тхьэмыщкIагъэ цIыху цIыкIум я нэгу щыщIэкIа къэхъуагъэнкъым».
Я гъави я Iэщи къызэранэкIын хуей хъурт хы Iуфэм Iуахуэ бгырыс насыпыншэхэм, гъуэмылэ тIэкIу фIэкI къыздащтэнIауэ хуиттэкъым - апхуэдэ унафэ ящIат «жэнэт унапIэкIэ» зыщыгугъ тырку къэралым и лIыщхьэхэм. Ямыдэххэр Iэщэ-фащэрт: къами, сэшхуи, фочи хы Iуфэм щащэн хуей хъуащ, ари пудыбзэу. Шырэ былымрэ здепхужьэн жыхуэпIэр уигу къэбгъэкI хъуххэнутэкъым; а псор къызэранэкIын хуей хъуащ, хэкур пlащIэгъуэкIэ щрагъэбгынэм.
Кхъухьхэмрэ кхъуафэхэмрэ ирагуэурэ хым траша нэужьи нэхъ мащIэ хъуакъым бгырысхэм ятелъ хьэзабыр. «Тыркухэр апхуэдизкIэ нэпсейт, гущIэгъуншэти, цIыху тхущI-хыщI фIэкI зэрымыхуэ кхъуафэхэм цIыху щищ-щиплI щрагуэ къэхъурт, нэхъыбэ къыщIахын щхьэкIэ, - итхыгъащ Кавказ зауэм и иужьрей илъэсым адыгэхэм яхэта франджы журналист А. Фонвилль. - Шэрджэсхэм здрахьэжьэну зыхуитыр хугу IэбжьыбитI-щырэ псы фэнд зыбжанэрэт. Хым тхьэмахуэкIэ щытет щыIэт, гъуэмылэу афIэкIа щамыIыгъкIэ, насыпыншэхэм я фэм дэкIар нэгум къыщIэгъэхьэгъуейкъым. Хыр къэукъубеймэ, кхъуафэм псыр къиуэрти, къарууншэ зэтехъуа тхьэмыщкIэхэр ирилъэсыкIырт. Адыгэхэр зрагуа кхъуафэ куэд щIилъэфащ хым; хым тетыху лIэр куэдыкIейти, кхъухьхэм итIысхьам я зэхуэдитIырт Трапезунд нэсыр». Езы Фонвилль хым зэрызэпрыкIыжа кхъухьым ирагуа шэрджэс 600-м щыщу Тыркум нэсар цIыху 370-рэщ, адрейхэр лIэурэ я хьэдэр хым хадзащ. Новороссийск щежьа «Нусред-Бахры» кхъухьыр борэным хиубыдэри, нэпкъым щридзылIэм, абы иса цIыху 470-м щыщу 300-р хым хэкIуэдауэ щытащ.
Зауэмрэ хымрэ къела бгырысхэм я Iуэхур зыкIи нэхъ щIагъуэ хъуакъым Тыркум нэса нэужьи. 1863 гъэми абы и пэкIи хым зэпрыкIар нэхъ хуэкъулейхэрат, куэд дыди хъуртэкъыми, я пIэ нэхъ изэгъауэ жыпIэ хъунущ, адэ-мыдэкIэ хагуашэри. 1864 - 1865 гъэхэм хэкум зэрихар минищэ зыбжанэ (нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, мелуаным нэс!) хъурт. Апхуэдизым тыркухэр, дауи, пэплъатэкъым. Абы щыгъуэ Тыркум щитIысыкIар зауэм къулейсыз хэхъухьа, мылъку къызыхуэмынэжа бгырыс тхьэмыщкIэхэрт. Апхуэдиз цIыху щыIэпхъуэм, тырку къулыкъущIэхэр гужьеящ, къэралым и щIыб къахуигъазэри, бгырыс екIуэлIапIэншэхэр хы Iуфэм къыIунащ, губгъуэ нэщIым къинащ, зыхыхьахэри къащымэхъашэ хъуащ, «уз къытхахьэнурэ дыкъацIэлэнущ» жари.
Кавказым икIа хьэжрэтхэм я нэхъыбэр Трапезунд, Истамбыл, Самсун деж щетIысэхащ, Балкан лъэныкъуэмкIи куэдым ирагъэунэтIащ. Тырку унафэщIхэр егупсысащ, дауи: апхуэдиз цIыхур зы щIыпIэ деж щызэтрихьи щыбгъэтIыси хъунукъым, къэрал псом хэгуэшэн хуейщ, арыншамэ, пхузэ-теIыгъэнукъым, уи IэмыщIэ пхуиубыдэнукъым. Ар я щхьэусыгъуэу, Кавказ бгырысхэр зэкIэщIачри империе псом хагуэшащ, нэхъ жыIэдаIуэ, IумпIафIэ ящIын щхьэкIэ. Тырку пащтыхьыгъуэр лъэлъэжа нэужь, бгырысхэр я пIэ къинэри, нэгъуэщI къэрал зыбжанэми (Сирием, Иорданием, Иракым, Балкан къэралхэм, н.) къыщыщIидзыжауэ ноби щопсэу.
Бгырысхэр зыпагъэплъа «жэнэтыр» ирагъуэтакъым Тыркум. «ЯщIэу пIэрэ абыхэм (кавказ бгырысхэм) я щхьэр здахьыр? - итхыгъащ Къаныкъуэ Инал. - Хьэуэ, ящIэркъым. ЯщIэр ИстамбылкIэ зэджэ щIыналъэ гуэр дунейм зэрытетырщ… Абы зэрохь бгырысхэр, шэч къытрахьэркъым насыпрэ фIыгъуэрэ къазэрыщыпэплъэм - Iэджэм ирагъэдаIуэ бгырыс гупцIанэхэр, езыхэми я фIэщ мэхъу. АрщхьэкIэ... Сыт хуэдиз насыпыншагъэм Iyya ахэр! КъызэрагъэпцIар я нэкIэ ялъэгъуа нэужьщ абыхэм зыкъыщащIэжар; иджыщ къащыгурыIуар кIуэдыпэ зэрырашар. КIуэдыпIэ изышахэр дэнэ кърахыжын: я гыбзэр тракъутэн фIэкI, нэгъуэщI къахуэнэжыркъым». (Къаныкъуэ Инал осетин тхакIуэщ, ари ягъэщхьэрыуэри Тыркум Iэпхъуауэ щытащ: хэкум къигъэзэжын хузэфIэкIащ иужькIэ).
НэгъуэщI куэдри щыхьэт тохъуэ, Тыркум нэса нэужь, бгырысхэр зыхэхуауэ щыта хьэзабымрэ тхьэмыщкIагъэмрэ гъуни нэзи зэрамыIам: Трапезунд дэса урыс консул Мошнин А. Н. итхыгъащ: «Жьыр щызэприху шэтыр гъуанэпщIанэхэм щIакIутэ хым къызэпрыкI адыгэхэр, ятIэм лъакъуащхьэкIэ хэтщ. Аращ щIызэтелIэр: махуэм цIыху 40-60 малIэ, хуабэ узыр етащи, цIыхур лъэрыщIыкI зэтрещIэ. Узыр гъатхэм нэхъ етэнущ, лIар зэрыхуэфащэкIи щIалъхьэфыркъыми». Мошнин зэритхымкIэ, Трапезунд деж 1864 гъэм и гъатхэм щызэтрихьауэ щытащ адыгэ мин 40, абы и зэхуэдитIыр узым  ихьащ, щIыIэм иукIащ.
Бгырысхэм я Iуэхур щынэхъ щIагъуэтэкъым Синоп, Самсун, Варнэ къалэхэм я Iэшэлъашэми. Франджы дохутыр Бароцци 1864 гъэм и накъыгъэ мазэм яхыхьауэ щытащ Самсун деж щитIысыкIа бгырысхэм. «Махуих и пэкIэ сыщыIащ Самсун, - итхыжащ абы. - Си нэгу щIэкIар IуэтэжыгъуафIэкъым. Лъэбакъуэ пчыху, уарохьэлIэ зи псэр зыфIэмыIэфIыж цIыху сымаджэхэм, хьэдэхэр дэзщ уэрамым, гъуэгу Iуфэхэм щызэтелъщ... Узым зэщIицIэлауэ, жыг щIагъхэм, шэтыр зэхэчэтхъахэм щIэсщ бгырысхэр. ЦIыху мин 40 - 50 хуэдиз къыщитIысыкIащ абдежым, я нэхъыбэр е сымаджэщ, е ныкъуэлIэщ; сабий тхьэмыщкIэхэр ныбаджэщи, щызэщIэгъуагэкIэ, уи гур ягъэуз... Варнэ нэхъыбэж щызэтрихьащ - мин 70 - 80; абыхэм я нэхъыбэр узым, мэжэ-щIалIагъэм, щIыIэм зэрахьынум шэч хэлъкъым». Урыс консулым генерал Карцовым хъыбар къызэрыригъэщIамкIэ, Трапезундрэ Самсунрэ я закъуэ щи-тIысыкIауэ щытащ бгырыс мин 350-рэ; мин 19 щылIащ Трапезунд деж. «Махуэм цIыху 200 малIэ», - итхыгъащ консулым.
Профессор Смирнов Н. А. зэритхымкIэ, хэкур зрагъэбгына бгырысхэм я процент 50-р е гъуэгум телIыхьащ, е хы Iуфэм щызэтелIащ; псэууэ къэнам я процент 15-м нэхърэ мынэхъ мащIэр (цIыхубз щIалэрэ сабийуэ) гъэр хъуауэ щытащ, тыркухэм ящэхуурэ.
Сыхъум, 1982 гъэ.

ДЗИДЗАРИЕ Георгий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.