ЩытыкIэм къикIыным теухуа Iуэхухэм щытопсэлъыхь

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Премьер-министр Мусуков Алий видеоконференц мардэм иту иджы­благъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и зи чэзу зэIущIэр.

Iуэху 25-м зыщытепсэлъыхьа зэ­IущIэм гулъытэ нэхъыбэ щыхуа­щIащ коронавирус узыфэм зэрызиубгъуам къиша экономикэ, социаль­нэ гугъуехьхэр къызэнэкIа зэрыхъуну щIыкIэхэм.
Абы хуэунэтIауэ КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проект къащтащ, зи акцэхэм я процент 25-р Къэбэрдей-Балъкъэрым и мылъкуу щыт IуэхущIапIэхэм, апхуэдэуи ­абыхэм я къудамэхэу хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ химыу­быдэхэм, къэрал унитарнэ предприятэхэу республикэм и экономикэм щылажьэхэм республикэ бюджетым къыхэкIыу мы гъэм субсидие­хэр зэрыхухахыну щIыкIэр щыубзыхуауэ. Мыбдежым зи гугъу щащIар щыIэ хъуа щытыкIэм и зэран нэхъыбэ зэкIахэрщ. КъБР-м фи­нанс­хэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, ядэIэпыкъуну я мурадщ лэжьакIуэ 700 IэнатIэ зыIут IуэхущIапIэ 24-м. А Iуэхум республикэ бюджетым щыщу сом мелуан 17 текIуэдэнущ.
ЗэIущIэм арэзы щытехъуащ ­КъБР-м и Правительствэм и уна­фэм и проектым, «2020 гъэм, 2021, 2022 гъэхэм я лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» законым и 5-нэ, 12-нэ статьяхэм ­зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ­теу­хуам. А зэхъуэкIыныгъэхэр халъ­хьащ коронавирус узыфэщIэм зе­мыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр и чэзум зэфIэгъэкIыным, абы къишэ ныкъусаныгъэхэр гъэ­зэкIуэжыным, экономикэм и щыты­кIэр нэхъыкIэ мыхъуным и чэзум мылъку хуаутIыпщын папщIэ.
ЗэIущIэм хэтхэм къащтащ КъБР-м­ и бюджетыр 2020 гъэм и япэ мазищым гъэзэщIа зэрыхъуам теухуауэ Лисун Еленэ ищIа отчётыр. ХэхъуэхэмкIэ ар сом меларди 7,7-рэ (илъэсым тещIыхьауэ процент 19-кIэ) гъэзэщIа хъуащ, илъэс кIуам и иджы хуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ проценти 117,1-рэ. ХэщIхэр сом меларди 6,6-рэ (илъэсым яубзыхуам и процент 16) мэхъу, илъэс кIуам - проценти 115-рэ. Профицитыр сом мелардрэ мелуани 161,5-рэ мэхъу. Бюджетым къыхахам и процент 92,5-р трагъэкIуэдащ социальнэ мы­хьэнэ зиIэ къалэн нэхъыщхьэхэр зэфIэгъэкIыным. Къэрал щIыхуэм пэкIуэр сом мелуан 11,9-рэ хъуащ. 2020 гъэм накъыгъэм и 1-м ирихьэ­лIэу къэрал щIыхуэр сом меларди 8-рэ мелуани 183,3-рэ мэхъу.
КъБР-м ХьэрычэтыщIэ IэнатIэ мыи­нымрэ курытымрэ я IэнатIэм хы­хьэхэм щIыхуэ мыинхэр етынымкIэ и фондым субсидиехэр зэрыхухах щIыкIэр яубзыхуащ, щIыхуэ-лизинг Iуэхутхьэбзэхэр щызэфIагъэ­кIым трагъэкIуэдам щыщ хуап­шы­ныжын папщIэ. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис жиIащ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хыхьэ IуэхущIапIэхэм ирата щIыхуэр сом мел­уан 700 хуэдиз зэрыхъур. Апхуэдэуи къащтащ хэщIыныгъэ нэхъыбэ зыгъуэта IэнатIэхэу къэралым къилъытахэм хамыгъэхьахэу КъБР-м и хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ куры­тымрэ щыщхэми фондым субсидиехэр зэрахухихыну щIыкIэри.
Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ ­КъБР-м и экономикэм и IэнатIэхэу щIэуэ къежьа коронавирус уз зэры­цIалэм (COVID-19) и зэран нэхъыбэу зэкIауэ къалъытахэм нэгъуэщIхэри хагъэхьащ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр яхуэ­гъэзащ къэрал властым и гъэ­зэщIакIуэ органхэм я къэрал Iуэху­тхьэбзэхэу «зы щхьэгъубжэ» мардэм тету МФЦ-м щызэфIагъэкIхэм. Абы дыщIагъуащ зи ныбжьыр илъэсищым къыщыщIэдзауэ илъэсибл ирикъуахэри хиубыдэу мазэ къэс хухах ахъшэр яхуэгъэувынымрэ ятынымрэ теухуа пункт.
ЗэхъуэкIыныгъэ игъуэтащ ­«КъБР-м узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зыщегъэужьыныр» къэрал про­граммэм мылъкур тегуэшэным ехьэлIа и Iыхьэми. 2020 гъэм Iэмэ­псымэхэр къэщэхуным трагъэ­кIуэ­дэн, коронавирус узыфэм земыгъэубгъуным, абы ебэныным хуэу­нэтIа зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр щызэфIэгъэкI лъэхъэнэм щытыкIэ гугъум иту лажьэхэм я улахуэхэм хущIагъун папщIэ федеральнэ бюд­жетым республикэ бюджетым трансферту къыхуиутIыпщым зэрыхигъэхъуам ипкъ иткIэ, а Iуэхухэм мылъкуу трагъэкIуэдэнури нэхъы­-бэ ящIащ. КъимыдэкIэ, УФ-м и Пра­вительствэм и резерв фондым щыщу КъБР-м и бюджетым мылъку­ къызэрыхуитIыпщым и фIыгъэ­кIэ ахъшэу къагъэсэбэпри нэхъыбэ ­хъуащ.
КъБР-м и лъэпкъ медицинэ къэ­ху­такIуэ центрхэм къызэгъэпэ­щы­ныгъэ-методикэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыным хуэунэтIауэ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Правитель­ствэмрэ зэдэлэжьэным теухуауэ 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм Iыхьэ щхьэ­хуэхэр щIагъуащ.
ЗэIущIэм дэфтэр зыбжанэ къыщащтащ мэкъумэш IэнатIэр дэIыгъыным, республикэм Iэщ зыгъэхъу и хозяйствэхэр гъэмахуэ хъупIэхэм щыщыIэну лъэхъэнэм хуэгъэхьэ­зырыным теухуауэ.

 

БЕЛГЪЭРОКЪУЭ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж