Нэхъыжьым и псалъэм и къару иныр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ ­Ищхъэрэм щыIэ Матовников Александр фокIадэм и 20-м яIущIащ Нэхъыжьхэм я совету ­КИФЩI-м щыIэм хэтхэм. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIэблэр гъэсэным теухуауэ къэрал ­къулыкъущIэхэмрэ цIыхубэмрэ зэ­рызэдэлажьэр егъэ­фIэ­кIуэнымкIэ щы­Iэ Iэмалхэм.
 
Матовников Александр жиIащ къа­Iэта Iуэхум Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, зыщыщ лъэпкъкIэ, динкIэ зэры­зэ­темы­хуэр къагъэсэбэпу зэрыхьзэрийрэ зэгу­ры­мыIуэрэ къагъэхъуну хуей гуэрхэр зэ­рыщыIэр къэплъытэмэ.
- Апхуэдэ мурадхэм лъэIэсын папщIэ, нэщанэ ящI ди щIалэгъуалэр. Абыхэм я гупсысэр хъыбар нэпцIхэмкIэ зэтраху, ­социальнэ сетхэмрэ мессенджерхэм-          кIэ ахэр къызэщIагъэст. Аращи, икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ унафэщIхэмрэ цIы­хубэмрэ дызэкъуэту абыхэм дапэ­щIэтыным, - жиIащ Матовниковым. Абы къыхигъэщащ Нэхъыжьхэм я зэгухьэ­ныгъэхэри а Iуэхум нэхъ жыджэру къе­шэлIэн зэрыхуейр.
- Кавказ Ищхъэрэм нэхъыжьым и ­псалъэм пщIэ щиIэу, щIалэгъуалэм я ­дежкIэ ар щапхъэу ижь-ижьыж лъандэ-рэ къыщокIуэкI. Аращ ди щIыналъэхэм я нэхъыбэм республикэ Iэтащхьэхэм ядэлэ­жьэ­ну нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэхэр къыщIыщызэрагъэпэщар, ветеранхэм я Советхэр щIыщыIэр. Псалъэм папщIэ, Тэрч къэзакъхэм я дзэ зэгухьэныгъэм епхауэ щыIэщ лIыжьхэм я совет. Апхуэдэуи Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и Жылагъуэ советым гуэту мэлажьэ Нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэ, - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
Матовниковым къызэрилъытэмкIэ, лъэпкъ хабзэхэр я тегъэщIапIэу щIалэ­гъуалэр хэкупсэу гъэсэным, Кавказ ­Ищ­хъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхухэм гулъытэ хэха ягъуэтын ­хуейщ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КИФЩI-м и Жылагъуэ советым епхауэ лажьэ Нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм  и тхьэмадэ, Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм ­хэт, «Наша Осетия» зэщIэхъееныгъэм и уна­фэщI Лагкуев Вячеслав, Къэбэрдей-Балъ­къэр Республикэм и Iэтащхьэм дэ­ла­жьэ Жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт, урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» Iуэху­щIапIэм и тхьэмадэ Канунников ­Анатолий, КИФЩI-м и Жылагъуэ советым епхауэ лажьэ Нэхъыжьхэм я зэгу­хьэ­ныгъэм  хэт, Къэрэшей-Шэрджэс Рес­публикэм и Жылагъуэ палатэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Джатауэ Виктор, Тэрч къэзакъ дзэ зэгухьэныгъэм епхауэ лажьэ лIыжьхэм я советым и унафэщI Картушин Владимир.
Зэхыхьэм щыжаIащ пIалъэ пыухыкIам тету мы зэIущIэм хуэдэ ирагъэкIуэкIын зэрыхуейр.
 

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.