КъБР-м и Iэтащхьэм щыгъуазэ зищIащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр щыIэ хъуа щытыкIэм зэрыхуэхьэзырым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Налшык къалэм и клиникэ сымаджэщ №1-м и къудамэхэм ящыщ зым, коронавирус уз зэ­рыцIалэм зиубгъумэ, сымаджэхэм абы щеIэзэным хузэрагъэпэщам. Республикэм и унафэщIым зригъэлъэгъуащ ахэр я лэжьыгъэм зэрыхуэхьэзырыр.
Мыбы гъуэлъыпIэ 230-рэ щагъэуващ, лэжьакIуэхэри зэщIагъэуIуащ, Iэмэпсымэ зыхуеинухэри зэрагъэпэщащ, абыхэм ИВЛ аппарату 18, компьютер томограф, рентген, узыфэм зэрызыщахъумэну нэ­гъуэщI зыхуеинухэри хэту.
А махуэ дыдэм КIуэкIуэ К. В. кIуащ ­Прохладнэ къалэ сымаджэщым и хирургие корпусыщIэм икIи зыщигъэгъуэзащ абы лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIым. Сымаджэщым и ухуэныгъэр зэфIагъэкIауэ жы­пIэ хъунущ. Хуей хъумэ, COVID-2019 узы­фэр цIыху нэхъыбэм къайуалIэу хуежьэмэ, ар хьэзырщ цIыхуи 100-м зэуэ щеIэзэну.
«ЩытыкIэм къигъэув мардэхэм тету лэжьыгъэхэр зэрызэтраухуар ди нэгу щIэ­кIащ. Сымаджэщыр къызэгъэпэщащ техникэ и лъэныкъуэкIи, абы тхьэмбылыр лэ­жьэным сэбэп хуэхъу Iэмэпсымэхэри хэ­ту», - къыхигъэщащ республикэм и уна­фэ­щIым.
КъБР-м и Iэтащхьэм Instagram сетым щиIэ напэкIуэцIымкIи захуигъэзащ щIыналъэм щыпсэухэм:
«ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
Нобэ IэнатIэ псоми, псом япэу медицинэ лэжьакIуэхэм, яхузэфIэкI ящIэ цIыхубэм къытлъыкъуэкIа шынагъуэм пэщIэтыным хуэунэтIауэ, ахэр жэщи махуи я лэжьыгъэм пэрытщ. Дэри, шэч хэмылъу, тлъэкI къэдгъэнэнкъым абыхэм защIэдгъэкъуэн папщIэ!
Ауэ иджыри зэ зыфхузогъазэ республикэм исхэм! Дэ абыхэм дадэIэпыкъун ­папщIэ тщIэн хуейщ дэлъыта псори. Мыбдежым щынэхъыщхьэ дыдэр - Iэмал зэ­риIэкIэ цIыхухэм дахэмыхьэнырщ.
Фи унэхэм фыщIэс! Фи щхьэри фи Iыхь­лыхэри фхъумэ!»

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.