|
Зыхъумэжыныгъэр къызэрагъэпэщ
19 марта, 2020 - 06:53
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ «ЦIыхубэ зыхъумэжыныгъэм теухуауэ» федеральнэ законыр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэзащIэ щIыкIэм.
Урысейм и МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Анаев Мухьэмэт къыхигъэщащ УФ-м и Правительствэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдигъэкIа унафэ №3127-м тету 2020 гъэм къыщыщIэдзауэ цIыхубэ зыхъумэжыныгъэм епха пщэрылъхэр КъБР-м и МЧС-м зэрыритар КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министерствэм КъэхъукъащIэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымрэ цIыхубэ зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ и департаментым. Республикэм и къэрал IуэхущIапIэхэм, министерствэхэм, къищынэмыщIауэ, муниципальнэ район псоми цIыхубэ зыхъумэжыныгъэмкIэ управленэхэр къыщызэIуахащ.
IуэхущIапIэхэр илъэс къэс хэтщ цIыху- бэ зыхъумэжыныгъэмкIэ урысейпсо штаб гъэсэныгъэм. 2019 гъэм апхуэдэ IэнатIэхэр Iуэхум зэрыхуэхьэзырыр къыщапщытащ Дзэлыкъуэ, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм.
КъэхъукъащIэ шынагъуэ зэрыщыIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм ирагъащIэ щIыналъэ автоматизированнэ системэ П-166 (П-160) IэмалымкIэ.
ЦIыхубэ зыхъумэжыныгъэмкIэ IэнатIэм и щIэгъэкъуэнщ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр. Псалъэм папщIэ, республикэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэ псоми сыт щыгъуи гъэтIылъауэ яIэщ хущхъуэрэ уIэгъэхэр зэрапхэ Iэмэпсымэхэмрэ.
КъэхъукъащIэ шынагъуэхэм я лъэу-жьыр ягъэкIуэдыжын мурадкIэ, апхуэдэуи щытыкIэ гугъу къыщыхъу зэманым тещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгурыIуэныгъэкIэ гъэтIылъыгъэхэр щыIэщ, ерыскъы, щыгъын, ухуэныгъэм епха хьэпшып, щIыдагъэ, нэгъуэщIхэри къызэрашэным тещIыхьауэ.
Республикэм щолажьэ ЦIыхубэ зыхъумэжыныгъэр къызэгъэпэщынымрэ щытыкIэ шынагъуэхэм деж цIыхухэр къегъэлынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэр. Абдеж щагъэхьэзыр гуп унафэщIхэр.
Анаевым зэрыжиIамкIэ, экономикэ, социальнэ щытыкIэр зэпIэзэрыту зэрыщымытым къыхэкIыу, цIыхубэ зыхъумэжыныгъэмкIэ IэнатIэм нэхъ ипэIуэкIэ и къалэну щымыта куэд игъэзэщIэн хуей мэхъу. Абыхэм ящыщщ техногеннэ, гуманитар къэхъукъащIэхэм, щIыуэпсым къыщыхъухэри яхэту, я лъэужьхэр ягъэкIуэдыжыныр.
Къэпсэлъам дыщIигъуащ 2030 гъэ пщIондэ тещIыхьа ЦIыхубэ зыхъумэжыныгъэм зегъэужьыным, цIыхухэмрэ щIыпIэхэмрэ къэхъукъащIэхэм ящыхъумэным, мафIэс шынагъуэншагъэмрэ псым цIыхухэм ящыкIэлъыплъыным и стратегием ипкъ иткIэ Урысейм и МЧС-м зэрызэхигъэувар 2020 - 2024 гъэхэм зэлэжьыну Iуэхухэр.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ зи гугъу ящI Iуэхур иджы япэу хабзэгъэув IуэхущIапIэм къызэрыщаIэтар, апхуэдэуи щIэупщIащ мы зэманым цIыхухэр зытегузэвыхь коронавирусым ехьэлIауэ КъБР-м и МЧС-м республикэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэм. Анаевым жиIащ илъэсым и пэм щегъэжьауэ а вирусыр зэбгрыкIыным зэрыпэщIэтыну Iэмалхэм щытепсэлъыхь зэIущIэхэр зэрырагъэкIуэкIыр, а Iуэхум зи нэIэ тет IэнатIэхэми жыджэру зэрадэлажьэр.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир тепсэлъыхьащ республикэм и хъумапIэхэм щIэлъ гъэтIылъыгъэхэр (зэрызатхьэщI хьэпшыпхэмрэ нэгъуэщIхэмрэ) къызэрагъэсэбэп пIалъэм зэрезэгъыр къэпщытэн зэрыхуейм.
Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил къыхигъэщащ мыгъэрей щIымахуэр хуабэу зэрыщытам къыхэкIыу, псыкъиухэр щыIэнкIэ зэрыхъунум зэрытегузэвыхьыр. Анаевым абы и жэуапу жиIащ а Iуэхум кIэлъыплъ комиссэм и зэIущIэр мыгувэу зэрырагъэкIуэкIынур.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ КъБР-м и МЧС-р курыт еджапIэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэм, цIыхубэ зыхъумэжыныгъэм и медицинэ лэжьакIуэхэм диплом зэрызыIэрагъэхьэ Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм щаубзыхуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек 2020 гъэм мазаем и 26-м республикэм и хабзэгъэув IуэхущIапIэм Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуахэр зэрагъэзэщIэну Iэхугъуэхэр.
-Iуэхугъуэ 30-м нэблагъэ едгъэкIуэкIынущ. Абыхэм хыхьэу законопроекти 7-м делэжьынущ, «Правительствэм хухах сыхьэтым» и зэIущIэу 9, комитетхэм я зэхуэсу 12 къызэдгъэпэщынущ, - жиIащ Парламентым КIэлъыплъыныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ.
ЗэIущIэм щыхэплъащ УФ-м и Бюджет, Лэжьыгъэ кодексхэм, къэрал граждан IэнатIэм, щIэныгъэмрэ къэрал щIэныгъэ-техникэ политикэмрэ зэхъуэкIыныгъэ- хэр хэлъхьэным я IуэхукIэ федеральнэ законхэм я проектхэм.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
|
29.03.2024 - 08:57 Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. |
|
29.03.2024 - 08:56 КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм |
|
29.03.2024 - 08:56 Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. |
|
28.03.2024 - 09:03 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. |
|
28.03.2024 - 09:03 Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. |
|