ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур республикэм щыгъэлъэпIэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ

КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыгъэлъэпIэ­нымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, министерствэхэм, ведомствэхэм, муниципалитетхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, жы­лагъуэ, ветеран зэгухьэныгъэхэм я уна­фэщIхэр.
ЗэIущIэм щыхэплъащ юбилей гуфIэ­гъуэр къызэгъэпэщыным, ветеранхэм ядэ­Iэ­пыкъуным пыщIа Iуэхухэм. Республикэм и унафэщIым къызэхуэсахэм хэхауэ гу лъа­ригъэтащ зауэлIхэм я кхъащхьэхэр, фэ­еплъхэр, обелискхэр зыхуей хуэгъэзэным. Абы жиIащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырынымкIэ лэ­жьыгъэхэр нагъэблагъэу зэрыхуежьар, ауэ къэнэжа Iуэхухэм еужьэрэкIын зэрыхуейр.
Къэпсэлъахэм къыхагъэщхьэхукIащ тхы­дэм и пэжыр щIэзыуфэну хущIэкъухэм ткIийуэ зэрапэщIэтыпхъэр. «Ди ветеранхэм шэч къыщIытрахьэн щыIэкъым ТекIуэ­ныгъэм иригушхуэу щIэблэр зэрыдгъэсэнум, лIыхъужьыгъэ иныр тхыдэм къызэ­ры­хэнэнум, нацизмэр зэтекъутэнымкIэ ди ­Хэкум Iуэху нэхъыщхьэр зэрызэфIигъэкIар зэи зэрытщымыгъупщэнум», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.