Къэрал экспертизэр егъэкIуэкIыным пыщIа Iуэхухэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм комитетхэм щыхухах зэманым хиубыдэу депутатхэр едэIуащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм проект-сметэ документацэм и къэрал экспертизэр егъэкIуэкIыныр къызэрызэрагъэпэщым теу­хуауэ «Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм проект документацэм и къэрал экспертизэмкIэ и управленэ» къэрал IуэхущIапIэ пыгъэщхьэхукIам и унафэщI Коротких Олег ищIа докладым.

Мы организацэр 2012 гъэ лъандэрэ къэрал IуэхущIапIэ пыгъэщхьэхукIам и лэжьэкIэм тетщ. 2007 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэ­жьауэ 2017 гъэм дыгъэ­гъазэм и 31-м нэсыху           ар проект документацэу ­946-м хэплъащ икIи абыхэм ящыщу сом мелард 97-м щIигъу зи уасэ документацэу 917-рэ къащтэ хъуну къилъытащ.
Докладым къызэрыхэщамкIэ, эксперт организацэр къызэрызэрагъэпэщ­рэ зэи къэхъуакъым ухуа­кIуэхэр, заказчикыр а IуэхущIапIэм игъэхьэзыра за­к­люченэхэмкIэ мыарэ­зыуэ Урысейм УхуэныгъэмкIэ и министерствэм къы­зэригъэпэща эксперт комиссэм щытхьэусыхэжа. Апхуэдэу IуэхущIапIэм къэ­рал экспертизэр къызэгъэпэщынымрэ егъэ­кIуэ­кIынымрэ я лъэныкъуэкIэ ирата полномочиехэр щимыгъэзэщIа е нэгъэсауэ щимыгъэзэщIа щыIэ-къым.
Управленэр къэзылъахъэ гугъуехь щхьэхуэхэм я гугъу щищIым, Коротких Олег къыхигъэщхьэхукIащ IуэхущIапIэм зыкъыхуэзыгъэза IэнатIэм зэгуры­Iуэ­ныгъэм къыщыгъэлъэгъуа ахъшэр имытауэ къэрал экспертизэм щIадзэну зэрыхуимытыр икIи ап­хуэдэ мардэр УФ-м и Правительствэм 2007 гъэм ­гъатхэпэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №145-м зэ­рыщыубзыхуар. Апхуэдэ мардэр нэсу заказчикым ­игъэзэщIа нэужьщ            «КъБР-м къэрал экспертизэмкIэ и управленэ» къэ­рал IуэхущIапIэ пыгъэщ­хьэхукIар Iуэхум яужь ихьэну щы­хуитыр. Апхуэдэу щыт пэтми, республикэм ухуэ­ныгъэмкIэ и IэнатIэм инвестицэ щытыкIэ тэмэм щыIэн папщIэ управленэм псори зэхэту сом мелуан 28-м щIигъу зи уасэ къэрал экспертизэхэр иригъэ­кIуэ­кIащ икIи заключенэу 134-рэ яритыжащ. Абыхэм япкъ иткIэ 2015 гъэм, 2016, 2017 гъэхэм я лъэхъэнэм тещIыхьауэ ягъэхьэзыра республикэ инвестицэ программэ пыухыкIар щагъэ­хьэзырам щыгъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «Заказчикым и дирекцэ зэгуэт» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм документацэхэм я проектхэм я экспертизэ зэрырагъэ­кIуэ­кIамрэ инженер лэжьыгъэхэмрэ я уасэу сом мел­уан 17-рэ мин 767-рэ кредитор щIыхуэу къытехуащ.
Докладым къызэрыхэщамкIэ, нэхъ япэхэм управленэм и финанс гугъу­ехьхэр дагъэкIыу щытащ бюджетым щымыщ ахъ­шэкIэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэм я хьэкъкIэ. Ауэ иджы къэралым IэщIэ­мылъ эксперт организацэхэр щыIэ хъуащи, апхуэдэ ухуэныгъэхэм я проект документацэр экспертизэ щIыным теухуа заказхэр къыIэрыхьэжыркъым. Къэ­ралым и унафэм щIэмыт экспертизэ егъэкIуэ­кIы­ным­кIэ аккредитацэ зиIэ­хэм я реестрым иджыпсту организацэу 900-м щIигъу итщ икIи абыхэм я лэжьыгъэр дэтхэнэ щIыналъэми щрагъэкIуэкIыну хуитщ.
«КъБР-м къэрал экспертизэмкIэ и управленэ» къэрал IуэхущIапIэ пы­гъэщ­хьэхукIам и ахъшэр зэрыщыту къызыхэкIыр ­заказчикхэм кърат лэжьыгъэхэрщ, бюджет ахъшэ зыри хэмыту. Аращ къэрал экспертизэ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм щегъэкIуэкIынымкIэ бгъэ­дэлъ полномочиехэр игъэ­зэщIэнымкIэ ар гугъуехь­хэм щIыхэхуэр, сыту жы­пIэ­мэ федеральнэ, щIы­налъэ, муниципальнэ ин­вес­тицэ программэхэм хыхьэ ухуэныгъэхэм къапэкIуэ ахъшэм щыщ къы­щыIэрымыхьэ куэдрэ ­къохъу.
Къэпсалъэм апхуэдэу къыхигъэщащ IэщIагъэ нэс зиIэ лэжьакIуэхэр къы­хэхыным хуэгъэзауи гугъуехь пыухыкIахэр зэры­щыIэр. УФ-м и Правительствэм 2014 гъэм гъатхэпэм и 26-м къыдигъэкIа унафэ №230-м къызэры­щыгъэлъэгъуамкIэ, проект документацэм и экспертизэм кърикIуахэм ятеухуа заключенэхэр ятхыну хуит зэращI хабзэр 2018 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м щегъэжьауэ зэрахъуэкIащ. А хабзэщIэм къигъэувхэр къэплъытэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр «промышленнэ, граждан ухуэныгъэ» унэ­тIыныгъэмкIэ къэзыуха-хэм икIи инженер-ухуакIуэ IэщIа­гъэ зиIэхэм заключенэхэр ятхыну зэрыхуитыр «конструктивнэ Iуэхухэр», «ухуэныгъэр къызэгъэ­пэщыныр» унэтIыныгъэ­хэрщ, ари зи гугъу тщIыр IэщIагъэлIхэр IэнатIэм илъэситху нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ щылэжьамэщ.
Нэхъ узыщыгуфIыкI хъунухэм ящыщу Коротких Олег къигъэлъэгъуащ ­Бэрбэч Хь. М. и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым архитектурэмкIэ, ухуэ­ныгъэмкIэ, дизайнымкIэ         и институтым «архитекту­-рэ проектхэр зэхэлъ­хьэ­ныр» кафедрэ къызэ­ры­щызэрагъэпэщар. Абы и фIыщIэкIэ дяпэкIэ республикэм и проект, эксперт организацэхэм ягъуэтынущ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр зэфIэзыгъэкIыну­хэр, абы папщIэ IэщIагъэлI­хэр нэгъуэщI щIы­налъэхэм къы­щамы­лъыхъуэу.
Зытепсэлъыхь Iуэхум зэ­реплъыр зэIущIэм ап­хуэ­дэу щыжиIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Швачий Татьянэ.
Докладыр зэфIэкIа нэ­ужь депутатхэм Коротких Олег упщIэ пыухыкIахэм-кIэ зыхуагъэзащ. Абыхэм ящыщщ куэду зэтет унэ ­лъагэхэр яухуэу щIадза нэужь иджыпсту щыIэ инженер коммуникацэхэм      я лъэщагъыр яхуримы­къун­кIэ зэрыхъунур, «Ухуэ­ны­гъэмрэ ухуэныгъэм ­ирахьэлIэ материалхэр къы­щIэзыгъэкI про­мыш­ленностымрэ уасэхэр щы­зы­гъэув республикэ центр»­ къэрал IуэхущIапIэр щIы­зэхуащIыжам и щхьэу­сыгъуэмрэ абы кърикIуэнкIэ хъунухэмрэ. Апхуэдэу депутатхэм къыхагъэщащ республикэм и щIына-лъэм проект документацэхэм я экспертизэ щезыгъэкIуэкI организацэу къэ­ралым IэщIэмылъхэм ядэ­лэжьэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм и кIэухым ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ мыпхуэдэ Iуэхум ­законхэр къыдэзыгъэкI ­органым и унэм иджы япэу зэрыщыхэплъэр икIи зэIущIэм щIэсахэр къыхуриджащ а махуэм къащтэну унафэр тэмэму зэхэгъэувэным жыджэру хэлэ­жьыхьыну.

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.