ЛIыхъужьыр Къэхъун ягу къыщагъэкIыж.

Илъэс къэс мы зэманым Къэхъун къуажэм щокIуэкI Афганистаным щыхэкIуэда, зэрихьа лIыгъэм папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр мыпсэужу зыхуагъэфэща НэгъэцIу Хьэсэнбий волейболымкIэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Мы гъэм ар щэщIрэ ещанэу зэхаублащ икIи ирагъэхьэлIащ Хэкум и хъумакIуэм и махуэм.
НэгъэцIу Хьэсэнбий Мухьэжыр и къуэр 1963 гъэм Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школ №2-р хъарзынэу къиухри, куэд дэмыкIыу дзэм ираджащ, Хэкум къулыкъу хуищIэну. Гъуэгуанэ теува щIалэщIэм и гур хигъахъуэрт и къуажэгъухэу Аргъэщокъуэ Аслъэнрэ Шэшэн Iэуесрэ гъусэ зэрыхуэхъуам. СыткIэ ящIэрэт а щIалэхэр зыпэрыхьэну къулыкъур зауэ IэнатIэу къыщIидзыну? 1981 гъэм и бжьыхьэм дзэм ираджа щIалэ куэд яхэхуат зауэшхуэ къыщыхъея Афганистан Республикэм къулыкъу щызыщIэнухэм. Ди къэралым и ипщэ гъунапкъэхэр зыхъумэну дзыхь зыхуащIахэм яхэтт зи цIэ къитIуа къэхъун щIалэхэри.
Гъуэгуанэ теува щIалэхэм нэхъуеиншэу зыщаплъыхьырт къыщыхута щIыпIэр. Иджыри кхъухьлъатэм щисым абы и щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъ Хьэсэнбий илъагъурт бгылъэ щIыпIэхэр, мэз гуэрэнхэр, пшахъуэщI гъуэжьыфэхэр. Адэ-мыдэкIэ кIуэцIрыкI гъуэгу нашэкъашэхэм зэкIэлъхьэужьу щызеуэрт хьэлъэ зыхь махъшэ чырэхэр.
Губгъуэхэм щаухуат палаткэ «къалэ» цIыкIухэр. А псори зи нэгу щIэкI Хьэсэнбии кхъухьлъатэм ис адрей сэлэт щIалэхэми я гум фIы щыщIэртэкъым. Совет Армэм къулыкъу зэрыщащIэну илъэситIыр абыхэм щагъэкIуэн хуейт зэзауэ гуащIэ щекIуэкI, нэрымылъагъу лагъымхэр къыщыуэ, пулемётхэмрэ автоматхэмрэ щылъалъэ, цIыху гъащIи щыздихь къэхъуу щIыр уэгум щрапхъэ Афганистан щIыналъэ «пщтырым».
Ди совет зауэлIхэр щымыгъуазэу щыттэкъым Iуэхур зытетым. Абыхэм нэхъапэIуэкIэ драгъэкIуэкIа псалъэмакъхэмкIэ хьэкъ ящыхъуат я Хэкумрэ абы и цIыхухэмрэ езэуэж, бгы гъуанэхэр, мэз Iувхэр, нэгъуэщI быдапIэхэр псэупIэ зыщIа зауэлI Iэлхэр, зэрыгущIэгъуншэр, зэхэуэ гуащIэхэр махуэкъэс емыкIуэкIынуми, здашэр фронт здэщымыIэ зэуапIэу зэрыщытыр.
НэгъэцIур танк ротэм хэхуат. Зэман кIэщIым къриубыдэу адыгэ щIалэщIэр хуэIэижь хъуат и «гъущIышыр» зегъэкIуэнми ар гъэуэнми. Пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ къалэнри къызыхуэтыншэу зэфIихырт къэхъундэс хахуэм.
Апхуэдэурэ екIуэкIащ 1983 гъэм и пэщIэдзэ пщIондэ. Хьэсэнбий зыхэт взводым зэгуэр унафэ къыхуащIащ къатеуэну зызыгъэхьэзыр душман гупышхуэм я хэщIапIэм кIуэуэ, абыхэм я мурадыр къызэпаудыну. ПсынщIэу защтэри, бронетранспортёрхэр, нэгъуэщI зауэ техникэхэр зэкIэлъхьэужьу ежьащ.
ЖыхуаIа щIыпIэм зэрынэсу заукъуэдийри, зэхэуэ гуащIэ яублащ. БыдапIэм ис бийр ди зауэлIхэм къахэуэрт лагъымыдзхэмкIэ. И танкым сакъыу ис Хьэсэнбий апхуэдэ лагъымхэр къытемыхуэн щхьэкIэ, зыкъуэдзапIэхэр къигъэсэбэпурэ ерыщу ипэкIэ кIуэрт.
Зауэ гуащIэм хэту, абы зыхищIащ танкыр щIым къытриIэтыкIыу лагъымыр абы и лъабжьэм къызэрыщыуар. Дакъикъэ нэхъ дэмыкIыу гъуэзыр къызыщхьэщих танкыр и пIэм иувыIыхьащ.
Адыгэ щIалэщIэр танкым къипщу къыщIэпхъуэжакъым, апхуэдэ Iэмал иIа пэтми. Ар къэуэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр ищIэми, уIэгъэ хъуа и ныбжьэгъухэр машинэм зырызурэ кърихащ. Иужьрей зэуэлIыр къигъэIэпхъуа къудейуэ, танкыр къэуащ…
1983 гъэм и щIышылэм (январым) и 12-м екIуэкIа а ебгъэрыкIуэныгъэм хэтахэм зэрыжаIэжымкIэ, щIылъэми уафэми захъуэжам хуэдэт, ихъуреягъыр мафIэмрэ гъуэзымрэ апхуэдизу зэщIищтати. ТхьэкIумэIупсыр Iузыч а къауэ макъым къыкIэлъыкIуа зэрыхьзэрийхэр тIэкIу зэтесабырэжа нэужь, наIуэ къэхъуащ апхуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ къызыкъуэкIа адыгэ щIалэщIэр лагъым къэуам зэриукIар.
НэгъэцIу Хьэсэнбий и гъащIэр итащ ди къэралым и гъунапкъэ жыжьэхэр ихъумэу. Зэрихьа лIыгъэ иным папщIэ абы иужькIэ къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр (и Iыхьлыхэм иратыжащ). Апхуэдэ хахуагъэ къызыкъуэкIа, гушхуэ зыкIуэцIылI щIалэм и ныбжьыр иджыри илъэс 20 ирикъуатэкъым.
Я ныбжьэгъум и кIуэдыкIар гущIыхьэ ящыхъуауэ щытащ и ротэм хэтхэм. Псом хуэдэжтэкъым а гуауэр Хьэсэнбий и къуажэгъухэм я дежкIэ. Гузэвэгъуэ инт ар Хьэсэнбий и адэ-анэу Мухьэжыррэ Къэралхъанрэ я унагъуэми лъэпкъми я дежкIэ. ЩIалэ хахуэм и дыуэщIым цIыхушхуэ къекIуэлIат.
Хьэсэнбий иужьрей гъуэгуанэм трагъэувэжыну къызэхуэсахэм яхэтт абы и гъусэу хамэ щIыналъэм щызауэ Шэшэн Iэуеси. Арат и ныбжьэгъур Iыхьлыхэм къахуишэжыну пщэрылъ хьэлъэ зыщащIари.
Хэкум папщIэ зи псэр зыта НэгъэцIу Хьэсэнбий, зауэлI хахуэм, ныбжьэгъу пэжым, и фэеплъыр яхъумэ ар къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым. Хьэсэнбий зэрихьа лIыгъэр я щапхъэщ Къэхъун и мызакъуэу, Аруан щIыналъэми къихъуэ щIэблэхэм я дежкIи. Абы хэлъа лIыгъэм щытопсэлъыхьыж ар зыщIэса курыт еджапIэм, нэгъуэщI школхэм щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI дерс зэIухахэм. ЗауэлIым и фэеплъ спорт зэхьэзэхуэхэр зы илъэси къэмынэу щызэхашэ жылэми районми. ЩIалэр щеджа курыт школым къыщызэIуахащ абы и фэеплъ пхъэбгъу. НэгъэцIу Хьэсэнбий и цIэр нэгъабэ лъандэрэ зэрехьэ щалъхуа къуажэм и уэрамхэм ящыщ зыми.
Къэхъун дэт курыт еджапIэ №1-м и спорт пэшым Хэкум и хъумакIуэм ирихьэлIэу мы гъэми щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къызэхуишэсат Тэрч щIыналъэм и Хьэмидей, Аруан куейм хыхьэ Нарткъалэ, Шэрэдж Ищхъэрэ жылэхэм, Лэскэн районым щыщ Ташлы-Тала къуажэм, республикэм и къалащхьэм и «Налшык пощт» IуэхущIапIэм къикIахэмрэ хэгъэрейхэмрэ.
Зэпеуэм хэтахэмрэ абы еплъыну къэкIуахэмрэ пэублэ псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид, курыт еджапIэ №1-мрэ №2-мрэ я директорхэу ХьэхъупащIэ Iэминрэ Джатокъуэ Хьэуелэрэ, Афган зауэм и ветеранхэм я Урысей союзым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Котлов Василий, «Кавказ гъунапкъэ» къэлъыхъуэныгъэ гупым и Iэтащхьэ Цибин Виктор сымэ.
Зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэ Кабалоев Мурадин ар зэраубзыхуа щIыкIэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ. Командэ щырыщ зыхэт гупитIым щытекIуэхэр кIэух зэIущIэм щыщIэбэнынут НэгъэцIухэ ягъэува саугъэт нэхъыщхьэм.
Махуэ псом гуащIэу екIуэкIа зэпеуэм зыхэта гупхэм текIуэныгъэр къыщахьащ Ташлы-Таларэ Хьэмидейрэ къикIахэм. КIэух зэIущIэм абыхэм бэнэныгъэ гуащIэ зэхаблащ. ДжэгугъуитIым яужькIэ ахэр зэрытегъэкIуакъым. Ещанэм Джылахъстэнейм къикIахэм къару нэхъыбэ къазэрыхуэнар наIуэ къищIащ икIи 2:1-уэ ахэр я хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIри, НэгъэцIу Хьэсэнбий зэIэпах и фэеплъ кубокымрэ саугъэт нэхъыщхьэмрэ зыIэрагъэхьащ.
Ещанэ увыпIэм иризэныкъуэкъуащ «Урысейм и пощтымрэ» Къэхъунымрэ я волейболистхэр. ХьэщIэхэр хэгъэрейхэм абы щефIэкIащ.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ фэеплъ кубокыр, дипломхэр, медалхэр, ахъшэ саугъэтхэр хуагъэфэщащ.
Зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым абы хэтахэм фIыщIэ хуащIу, дяпэкIи ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуу къэпсэлъащ илъэс щэщIрэ щырэ хъуауэ (!) а Iуэхум сыт щыгъуи и къызэгъэпэщакIуэ емызэшыж, Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр а махуэм зыхуагъэфэща Гулэжын Беслъэн, Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид, курыт еджапIэ №1-м и директор ХьэхъупащIэ Iэмин, фэеплъ зэпеуэр зи цIэкIэ къызэрагъэпэща щIалэр къызыхэкIа лъэпкъым и лIыкIуэ НэгъэцIу Руслан сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къыхагъэщащ мыпхуэдэ зэпеуэхэм щIалэгъуалэр хэкупсэу, узыншэу къызэрагъэтэджыр икIи мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
Зи гугъу тщIа зэхьэзэхуэр екIуу къызэгъэпэщынымкIэ икIи егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэс хъуахэщ Къэхъун къуажэ администрацэмрэ НэгъэцIухэ я лъэпкъымрэ. Абыхэм я мылъкурэ зэфIэкIрэ зэхалъхьэри Iуэху щхьэпэр екIуу къызэрагъэпэщащ икIи къызэхуэса псори пщыхьэщхьэм дахэу ягъэхьэщIэжащ.
Ди щIалэ куэдым я псэр зыгъэна Афган зауэжьыр зэриухрэ мы гъэм илъэс 31-рэ ирикъуащ. Зэманыр кIуами, зауэм и лыгъейм хэкIуэда ди зауэлI хахуэхэм я фэеплъыр куэдрэ ди гум илъынщ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ пасэу зи гъащIэ гъуэгуанэ кIэщIыр хамэ щIыпIэм къыщызыуха НэгъэцIу Хьэсэнбии. И ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.