Ди щIалэхэм я IутIыж.

Краснодар дэт «Баскет-Холл» спорт комплексым ма­заем и 21-м щекIуэкIащ «АСА 104» зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэ. Мыпхуэдэ зэIущIэхэм и урысейпсо къызэгъэпэщакIуэ пашэхэм ящыщ «Absolut Cham­pionship Akhmat» и пшыхьым щызэхэтащ зэпэщIэтыныгъэ 14. Абы текIуэныгъитху къыщахьащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и спортсменхэм.
Зэхьэзэхуэм и зэIущIэ нэхъыщхьэм КIэрэф Азэмэт (кг 57-рэ) хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Шэшэным щыщ Ха­туев Мансур. Судьяхэр зэдэарэзыуэ текIуэныгъэр къы­хуагъэфэщащ адыгэ щIалэм икIи «АСА» лигэм и нэхъ псынщIэ дыдэ лIэужьыгъуэм ар и чемпион хъуащ.
Апхуэдэу судьяхэм я унафэкIэ текIуэныгъэр иратащ зи хьэлъагъыр килограмм 77-м нэблагъэ Багъ Алий. ЗэIущIэм и кIыхьагъкIэ ар ефIэкIащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм ­къикIа Таунсенд Адам. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Халк» зи цIэ лей ди щIалэр дяпэкIэ щызэуэнущ хьэлъагъ курыт зиIэхэр щызэпеуэ дивизионым. Абы зригъэтIылъэкIащ «АСА»-м и хьэлъагъ псынщIэм и чемпионым и бгырыпхыр.
ЗэIущIэм и япэ раундым и еплIанэ дакъикъэр екIуэкIыу КIуэкIуэ Мухьэмэд (кг 70) и пщэр фIиубыдыкIри, зимытыну Iэмал иIакъым Шэшэным щыщ Магомадов Висхан.
Ещанэ Iыхьэм и ещанэ дакъикъэр икIэм нэмысу КIыщ Рэмэзан (кг 66-рэ) игъэмэхащ бразил спортсмен Отавио дос Сантос.
«АСА»-м япэу утыку къыщихьа Туменов Биберт (кг 66-рэ) дакъикъитIым щIигъум къриубыдэу текIуащ США-м щыщ спортсмен Iэзэ Рейес Кайл. ЕбгъэрыкIуэныгъэ гуащIэкIэ зэIущIэр къыщIэзыдза Бабугент и «Бастион» спорт клубым и гъэсэным американ зэуакIуэм зыкъригъэIэтакъым. Техническэ нокауткIэ Туменовым текIуэныгъэр къыхуагъэфэщащ.

ЖЫЛАСЭ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.