Журналист IэщIагъэм дихьэххэм папщIэ.

Журналист IэщIагъэм ныбжьыщIэхэр щыхагъэгъуазэ «Акулы пера» еджапIэм и лэжьыгъэм мы махуэхэм щIидзащ.
Iуэхур къызэрегъэпэщ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, «Советская молодежь» газетым дэщIыгъуу.
Къыхэгъэщыпхъэщ мы гъэм Iуэхур епщIанэу зэрызэхашэр. Республикэм къыщыдэкI «Советская молодежь» газетым и конференц пэшым щекIуэкIа япэ зэхуэсым кърихьэлIахэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Къардэн Маринэрэ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разиятрэ. Журналист IэщIагъэм дихьэххэу зэIущIэм къекIуэлIахэм зрагъэцIыхуащ проектыр езыгъэкIуэкIхэр, апхуэдэу езыгъэджэнухэр, зэреджэну щIыкIэхэм теухуа хъыбархэри зэрагъэ­щIащ.
Курсхэр мазаем и 25-м щыщIэдзауэ накъыгъэ мазэр къэсыху тхьэмахуэм зэ зэхыхьэу екIуэкIынущ. А зэманым къриубыдэу тхэным хуэпабгъэ ныбжьыщIэхэр журналист IэщIагъэм и щэхухэм щагъэ­гъуэзэнущ, апхуэдэу республикэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьы­гъуэхэм я лэжьэкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, IэщIагъэр гъэщIэгъуэн пщызыщI Iуэхугъуэхэми тепсэлъыхьынущ. КъБР-м къыщыдэкI газетхэм, радиом, телевиденэм я лэжьакIуэхэр хэту мастер-классхэр, зэIущIэ хьэлэмэтхэр ирагъэкIуэкIыну я ­мурадщ.
«Акулы пера» дерсхэр кIуэ пэтми нэхъ цIэрыIуэ мэхъу. Абы и щыхьэтщ иджырейм нэхъапэ къызэрагъэпэщахэм хэтахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ къызэрыхыхьар. Ахэр хэти курыт школым щIэсщ, хэти студентщ, языныкъуэхэр щIыналъэхэм къыщыдэкI газетхэм я лэжьакIуэхэщ, Iэ­щIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуеджауэ ирилажьэу, журналистикэм дихьэххри яхэтщ.
Егъэджэныгъэр и кIэм нэсмэ, абы зэрыхэтам щыхьэт техъуэ сертификатхэри иратыжынущ.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.