|
Кыщпэк и хьэщIэхэр.
18 февраля, 2020 - 06:47
Кыщпэк курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «ЛIыхъужьхэм я блын» зыфIаща стендыр. Ар траухуащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум.
Зэхуэсым хэтащ Урысейм и ЛIыхъужь, генерал-майор Тулин Сергей, УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм офицеру къыхэкIыжахэм я «Мегапир» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Атаев Жашарбек, «Урысейм дрихэкупсэщ» урысейпсо зэхыхьэм и штабым и унафэщI, запасым щыIэ полковник Балъкъэр Хьэсэн, Бахъсэн районым и щIы- пIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур, Кыщпэк къуажэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Елбэд Артур, районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ, жылэдэсхэр, щIалэгъуалэр. Абыхэм зэгъусэу зыщаплъыхьащ школым и лъахэхутэ музейм. Абдеж къыщызэрагъэпэщат ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъум теухуа гъэлъэгъуэныгъэр.
ХьэщIэхэмрэ бысымхэм-рэ дакъикъэкIэ щыгъуа нэужь, «ЛIыхъужьхэм я блыныр» къызэIуахащ, удз гъэгъахэр ягъэтIылъащ. НыбжьыщIэхэм махуэшхуэм зыхуагъэхьэзырат: абыхэм зауэ лъэхъэнэм теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ утыкум щыжаIащ.
Къызэхуэсахэр и гукъэкIыжхэм иригъэдэIуащ Урысейм и ЛIыхъужь Тулин Сергей. Хэкур фIыуэ лъэгъун, щхьэж и къалэныр пщIэ пылъу игъэзэщIэн, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ пщIэ яхуэщIын - апхуэдэ чэнджэщхэрщ нэхъыжьым а махуэм щIалэгъуалэм яритар. И лэжьыгъэмрэ Кыщ-пэк къуажэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ ныбжьыщIэхэм яхуиIуэтащ Балъкъэр Хьэсэни.
Къэзан Заур хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум къазэрыхуеблэгъам папщIэ.
«СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр илъэс 70 ирокъу» медалыр иратащ запасым щыIэ полковник Балъкъэр Хьэсэн, ЛIыхъужьхэм я Урысей зэгухьэны-гъэм и ЩIыхь тхылъыр - Кыщпэк курыт школым и унафэщI Балъкъэр Дадусэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «ЛIыхъужьхэм я блын» Iуэхум хиубыдэу, КИФЩI-м щыIэ егъэджэныгъэ IэнатIэ 15-м щагъэувыну я мурадщ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я сурэтхэр щызэхуэхьэса апхуэдэ стендхэр. Мурад нэхъыщхьэр щIалэгъуалэм я тхыдэр ящIэу, хэкур фIыуэ ялъагъуу къэгъэхъунырщ.
Сурэтхэмрэ лIыхъужьхэм я гъуэгуанэм теухуа хъыбархэмрэ хэт хуейми ирихьэлIэ хъунущ абы. Ар къызэзыгъэпэщыр «Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэм я зэгухьэныгъэ» щIыналъэ жылагъуэ IуэхущIапIэращ, Президент ахъшэхэр зыт фондыр и дэIэпыкъуэгъуу.
Чылар Аринэ,Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
|
29.03.2024 - 08:57 Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. |
|
29.03.2024 - 08:56 КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм |
|
29.03.2024 - 08:56 Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. |
|
28.03.2024 - 09:03 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. |
|
28.03.2024 - 09:03 Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. |
|