«Кавказ хабзэ», «бгырыс хабзэ» жыхуаIэхэмрэ къинэмыщIхэмрэ.

Мы тхыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Кавказ этикет» (Налшык, 2019 гъ.) тхылъымрэ КъБКъУ-м и профессор Хъурей­ Леоренэ «Лъэпкъ хабзэм къыбгъэдэкI узыншагъэр» («Здо­ровьепорождающая сила национального этикета», «Газета Юга», №45, 2019 гъ., щэкIуэгъуэм и 29) зыфIища и тхыгъэмрэщ. ТегъэщIапIэу къэтщтар филолог Гъут Iэдэм «Кавказ этикетым теухуа теплъэгъуэхэр» («Этюды о кавказском ­этикете», Налшык, 1998 гъ.) зыфIища и лэжьыгъэмрэ зытепсэлъыхь IуэхугъуэкIэ абы ещхь нэгъуэщI зыбжанэрэщ. Хъурей Леоренэ къызэрилъытэмкIэ, адыгэ хабзэр Кавказ ­Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псоми я деж щызекIуэ хабзэхэм лъабжьэ зэрахуэхъуам­ къыхэкIыу, «кавказ хабзэ зы­фIэп­щыфын зэхэтыкIэ зэдай» щыIэу пхужыIэнущ.
Лъэпкъ щхьэхуэхэм епха фIэщыгъэхэмрэ терминхэмрэ
IУЭХУМ щымыгъуазэ щIэ­джыкIакIуэ жыIэзыфIэщым и нэ къыфIэнэн щымыIэ хуэдэу щытщ. ИтIани, дызы­тепсэ­лъы­хьым хэзыщIыкIхэр, псом хуэ­мыдэу IэщIагъэлIхэр, я нэгу щIэкIым нэгъуэщIущ зэреплъыр. Iуэхур зыIутращи, гъу­нэгъу лъэпкъхэм ящыщу къы­зы­хэкIам и пщIэр зыIэтын зы­фIэфIхэм адыгэхэм (нэхъыбэу - къэбэрдейхэм) я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ епха фIэщыгъэ куэд Кавказ псом я зэхуэдэ хуэдэу я лэжьыгъэхэм къыщагъэлъэгъуэн щIадзащ. Дэ дызэреплъымкIэ, апхуэдэ щIыкIэу зы лъэпкъым тхыдэм къыпхиха хъугъуэфIыгъуэхэр адрейм патхэ. Языныкъуэхэм деж а гъуэгур мурад щхьэхуэ яIэу, е унафэ гуэрым хуэжыIэдаIуэу къызэрыхахым гу лъыботэ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм и зэранкIэ лъэпкъхэр зэпэщIоувэ, зэныкъуэкъухэр, зэдауэхэр ­утыку къохьэ.
Адыгэхэм лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ тхыдэм къыпхаха я ехъулIэныгъэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ейуэ ягъэIуныр хабзэ хъуащ.­ Псом хуэмыдэу ар теухуащ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэм. Псалъэм папщIэ, адыгэ «Нарт» эпосыр (нарт лIыхъужьхэм ятеухуа хъыбар гупыр) дунейпсо мыхьэнэ зиIэу къалъытэ IуэрыIуатэр, гъунэгъу лъэпкъхэм я щэнхабзэм хуэм-хуэмурэ хабжэ. Иджы ар осетинхэми, къэрэшей-балъкъэрхэми, вайнаххэми ейуэ жаIэ. Уэркъ хабзэр аланхэм (осетинхэм) къабгъэдэкIауэ зэхыбох. Адыгэ цейр Кавказ Ищхъэрэми Кавказ ЩIыбми щыщ лъэпкъ куэ­дым я щхьэ хуахь. Тулэ щащIа тхъурымбейхэм, самоварым, Оренбург щащIа цы­хъархэм, Iэщтырхъан хъарбызхэм, Гжель къикIа хьэкъу­щыкъум, Бжьэдыгъукъалэ шейм «урыс хьэпшып» фIащыну ягу зэкIэ къэкIакъым. Дауэ къащыхъуну пIэрэ осетинхэмрэ къэрэшей-балъкъэрхэмрэ я хъыршынхэм е цыхэкIхэм, адыгей кхъуейм, къэбэрдей лэкъу­мым, дагъыстэн цIугъэнэхэмрэ а­лэрыбгъухэмрэ «кавказым щащIа» фIащмэ? Ар, дауи, зыми и гуапэ хъунукъым.
Совет зэманым епха зы щапхъэ къэтхьынщ. Мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм яз XX лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм и етIуанэ Iыхьэм Мэзкуу аспирантурэм здыщIэсым, куржыхэм къызэ­Iуа­ха гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну кIуат. Утыкум къралъхьа хьэп­шыпхэм тепсэлъыхь щIалэм цIыхухъу щыгъыным щыщ Iыхьэхэм (щхьэрыхъуэн, щIа­кIуэ, къэптал, лъей) я гугъу щищIым, адыгэ цейр куржы лъэпкъым и щыгъыну жиIащ. Адыгэ щIалэр къэуIэбжьауэ щIэупщIащ: «Сыт-тIэ абы «грузинка», «армянка» е «азербайджанка» фIамыщу «черкеска» щIыфIащар?» Жэуап къратыжакъым. Апхуэдэ куэд къохъу.
Iуащхьэмахуэ япэу дэкIа Хьэшыр Чылар къэрэшей Хачиров Хыйса хуэдэу ягъэIу. 2009, 2019 гъэхэм Къэрэшей-Шэрджэ­сым а Iуэхум теухуауэ къэ­ралыгъуэ дауэдапщэхэр щрагъэкIуэкIащ (япэ Iуащхьэмахуэ дэкIыгъуэр илъэси 180-рэ, 190-рэ зэрырикъуахэр). Хьэшыр Чылар и фэеплъу Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щытым иджыблагъэ тебзэхыкIащ ар зыщыщ лъэп­къыр къэзыгъэлъагъуэ гъущI пIащIэр. Ар ауэ сытми къэхъуауэ­ фIэщщIыгъуейщ. Иужьрей илъэс 30-м КъШР-м щыщ ди гъунэгъухэм адыгэшым «къэрэшей шы лъэпкъ» фIащын щхьэ­кIэ ямыщIа къагъэнакъым. Адыгэ къафэ «ислъэмейм» кавказ псом я зэхуэдэ «лезгинка» фIащыжащ. Адыгэ уанэм, шы Iэпслъэпсхэм, сэшхуэмрэ къамэмрэ «кавказ IэщэкIэ» йоджэ. Ардыдэр пхужыIэнущ бзылъхугъэ хьэпшыпхэм, фащэм, цIугъэнэхэм, адыгэ щIакIуэм, арджэным ятеухуауэ.
Ди щIыпIэм ис языныкъуэ щIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэм игъа­щIэ лъандэрэ къэбэрдей (адыгэ) хуэIухуэщIэу къекIуэкIа хъугъуэфIыгъуэ куэдым я фIэщыгъэхэр щытралъэщIэну, къыхамыгъэщыну, адрейхэм хагъэзэрыхьыну щыхуожьэ. Апхуэдэ щапхъэхэм язщ тхыгъэр щыщIэддзэм зи гугъу тщIа «бгырыс хабзэ», «кавказ хабзэ» терминхэр «адыгэ хабзэм» и пIэкIэ къызэрыраIуэр, «адыгэ фащэм» и пIэкIэ «бгырыс фащэ», «адыгэ Iэщэм» и пIэкIэ «кавказ Iэщэ» зэрыжаIэр.
ЗэрыхамыщIыкIым къыхэкIыу, нобэр къыздэсым Урысейми хамэ къэралхэм щыщ щIэныгъэлIхэми Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэм щытепсэлъыхькIэ, псоми «шэрджэскIэ» къыдоджэ, зытепсэлъыхь лъэпкъым зэ­реджэр зэхагъэкIыным емылIалIэу. Ари бгъэдыхьэкIэ узыншэу къэтлъытэркъым, щIэныгъэми къыщезэгъыркъым.
Ардыдэм уащрохьэлIэ тхыдэм щызекIуэ терминхэм: «къэбэрдеипщхэм» и пIэкIэ «Кавказ Ищхъэрэм и тепщэхэр» жаIэ; «адыгэщIхэр» жаIэу ятхыным и пIэкIэ «тафэщIхэр» жаIэри ятх. Апхуэдэ тхыгъэхэр лъэпкъым къыхэкIа тхыдэджхэм нэгъунэ я Iэдакъэ къыщIокI, я лъэпкъым тхыдэ пхэнжыр пэж хуэдэу къы­хуагъэнэн я мураду. Ещхьыр­къабзэу, арэзы удэхъуну гугъущ «адыгэ хабзэм» и пIэкIэ «кавказ хабзэ» е «бгырыс хабзэ» зэрыжаIэми, ауэ щыхъукIэ щапхъэ къахьхэм я процент ­80-90-р къызыхахар адыгэ тхы­дэрщ. Дэ дапэщIэувэркъым куэд щIауэ цIыхубэм яIурылъ «кавказ хьэщIэ гъэхьэщIэкIэ», е «кавказ ерыскъы» жыхуаIэ­хэм.
Апхуэдэу щхьэрыутIыпщу тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ пыщIа фIэщыгъэхэм уриджэгуныр хуит­ щыхъуар совет зэманым къыдэкIа щIэныгъэ, художественнэ, публицистикэ тхыгъэ­хэрт. А зэманым абы и щхьэусыгъуэр къэралым щызекIуэу щыта лъэпкъ Iуэху бгъэды­хьэкIэрт. Ноби къэхъур ардыдэращ. Ауэ нобэ ар щIэныгъэмрэ публицистикэмрэ щыпIэщIэкI мыхъуныр дэнэ къэна, егъэ­джэныгъэми ущыхуэ­бэлэрыгъ хъунукъым апхуэдэ Iуэхухэм.
Илъэсибл ипэкIэ «Бгырыс хабзэ» зыфIаща егъэджэныгъэ курс гуэр еджапIэхэм щыпхагъэкIыну хуежьат. Абы щы­гъуэм КъБР-м и Адыгэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу Советми, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми, лъэпкъ интеллигенцэми зыкъаIэтри, апхуэдэцIэм щIэту факультативыр кърагъэщтэн ядакъым, щхьэхуэ-щхьэ­хуэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я лъэпкъ хабзэхэр ирагъэджыну чэнджэщ иратри. А зэманым ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэри арэзы техъуауэ щытащ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм.
ИтIани, а «Бгырыс хабзэ» («Горский этикет») жыхуаIэ курсыр дызэрыт зэманым СКГИИ-м щрагъэдж. А Iуэхум теухуауэ жыIапхъэщ къэбэрдейхэр бгы­рыс лъэпкъыу зэры­щымытыр. Абыхэм я тхыдэри, я хабзэри нэхъыбэу щызэфIэувар та­фэрщ, бгыхэр къызэрагъэщхьэпар зыхэпсэукIыпхъэ IэмалкIэщ. Бгырысу игъащIэми къалъытэр балъкъэрхэрщ, къэрэшейхэрщ, осетинхэрщ (абыхэм къэбэрдей адыгэхэр нобэми «къущхьэкIэ» йоджэ), шэшэнхэрщ, ингушхэрщ, дагъыстэн лъэпкъхэрщ. КъедбжэкIа псоми, къэбэрдейхэри яхэту, езыхэм я хабзэ яIэжщ. БзэкIи, щIыпIэ яубыдкIи, зэрызэбгъэдэт щIыкIэкIи щхьэж и дуней тетыкIэ иIэжщ. Аращ балъкъэрхэм «тхыдэкIи, динкIи, псэукIэкIи дызэтохуэ» жызыIэ къэбэрдей тхыдэджхэм «пцIы фымыупс» къыщыжраIэкIэ, ­къуаншэу къалъытэн щIы­хуэмейр. Къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ (къэрэшейхэмрэ) тепсэлъыхькIэрэ, абыхэм ятх: «ЛъэпкъитIым я бзэм деж къыщымынэу, я гупсысэкIэри зэщхьэщокI, 1922 гъэм и пэкIэ екIуэкIа тхыдэмкIи зэтехуэркъым». Я лъэпкъ хабзэхэм я гугъу щащIкIэ, апхуэдэ еп­лъыкIэщ къагъэлъагъуэр Кавказ Ищхъэрэм щыщ тхыдэдж псоми.
Кавказ щэнхабзэм и Iыхьэу щыт адыгэ хабзэм и тхыдэр лIэщIыгъуэ жыжьэхэм къыщожьэ, зэманым къыпхыкIри, къару зэрыщIэлъыр къигъэлъэгъуащ. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм ядэплъагъу ехъулIэныгъэхэм адыгэ хабзэр теплъэ щхьэхуэ иIэу хоувэ. И псэукIэкIи, и дин хуэIухуэщIэкIи, цIыхум и щхьэр лъагэу езыгъэIэт нэ­гъуэщI лъэныкъуэ куэдкIи абы езым и увыпIэ иIыгъыжщ.
«Кавказ хабзэ» жыхуаIэм теухуау
ДЭ ШЭЧ къытетхьэркъым, дэтхэнэ лъэпкъ хабзэми щIэ­ныгъэм щызекIуэ бгъэ­дыхьэкIэхэр зыIэщIумыгъэкIыу, лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэтеува Iуэху еплъыкIэм и хьэтыр плъа­гъуу убгъэдыхьэн зэрыхуейм. «Хабзэм» дэ нэхъыбэм къидгъэкIыр «цIыху декIуэкIыкIэ, цIыхубэ гъащIэм и кIуэцIкIэ щызекIуэ зэбгъэдэтыкIэ гуапэ» мыхьэнэрщ. Дунейм зы лъэпкъи тет къыщIэкIынкъым унагъуэм узэрыщызекIуэнум, цIыхубэм уазэрыхэтынум теухуауэ хабзэ гуэр имыубзыхуауэ.
Сыт-тIэ адыгэ хабзэр дуней псом хэIущIыIу щызыщIар? Ди лъэпкъым дежкIэ «этикет» жыхуаIэр тхылъымпIэм ирамытха, «адыгэ хабзэ» зыфIаща цIыху зэхэтыкIэ укъуэдиящ. XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ зекIуащ ар, нобэми мыкIуэдыжауэ гъащIэр абы и унафэм щIэтщ. Нэ­гъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ хабзэр - пасэ зэманым зэфIэува, адыгэхэм я пщIэрэ я псэрэ зэрахъумэжу щыта унафэщ. БлэкIа зэманым ар я тегъэщIапIэу цIыхубэм къалъыкъуэкI Iуэхухэр зэфIахырт, абы еба­къуэм тезырышхуэ тралъхьэрт.
Этнограф цIэрыIуэ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий зэреплъымкIэ, «адыгэ хабзэм» и Iыхьэщ «адыгагъэмрэ» «адыгэ нэмыс» жыхуаIэмрэ. КъызэщIэубыдауэ къапщтэмэ, абы яхохьэ уи щIыхьыр зэрыпхъумэныр, щэныфIагъыр, пэжыгъэр, за­хуагъэр, укIытэр, цIыху хэтыкIэр, гудзакъэ, гулъытэ уиIэныр, нэхъыжьым, цIыхубзым е цIыхухъум пщIэ зэрахуэпщIыну щIыкIэр, къинэмыщIхэр. Адыгэ­хэм фIэкIа апхуэдэ ядумылъагъуу, лъэпкъым и махуэкъэс ­гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ хьэщIэ егъэблэгъэным и хабзэ ткIийхэм, унагъуэ кIуэцI щызекIуэ унафэм, гуфIэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ епха дауэдапщэхэм. Апхуэдэ зы щапхъэу къэпхьыфынущ адыгэ Iэнэ щысыкIэр.
Адыгэ хабзэр и ткIиягърэ и дахагъкIэ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я деж цIэрыIуэ щыхъуат. Европэм, Урысейм (уеблэмэ Урыс-Кавказ зауэм хэтахэм) къикIа щIэныгъэлIхэм, XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм къэкIуа дунеяплъэхэм ар Германиемрэ Франджымрэ щызекIуэ уэркъ хабзэхэм ирагъэщхьырт.
Уэркъ хабзэм «уэркъ напэ» жаIэри зыгуэр хэтщ. Абы хохьэ уэркъым бгъэдэлъыпхъэ гъэ­сэныгъэм и мардэ псори. Ар хахуэу, хьэщIэхуэфIу, жумарту, и пса­лъэм тетыжу, жьакIуэу, щэху ихъумэфу, цIыхугъэ хэлъу щы­тын зэрыхуейр, къинэ­мыщI­х­эр.
Псом нэхърэ нэхъ гущы­кIышхуэ зыхуаIэр шынэкъэрабгъэхэмрэ быдэхэмрэт. Къэрабгъафэ зраплъа, уэрэдкIэ ягъэпуда уэркъым дунейм тетыхукIэ и напэр хуэтхьэщIыжынутэкъым. «Апхуэдэр яукIа пэ­лъы­тэщ, - етхыж Лапинский Теофил. - Зы хъыджэбзи къы­дэ­кIуэ­нукъым, зы ныбжьэгъуми и Iэ къыхуишиинукъым, и щIыналъэм щыауану и гъащIэр ихьыну аращ».
ТегъэщIапIэ димыIэу ды­мыпсэлъэн щхьэкIэ, хэIущIыIу хъуа тхыгъэхэм ящыщ пычы­гъуэхэр къэтхьынщ.
«Кавказ Ищхъэрэм псоми плъапIэу щаIэр къэбэрдей адыгэхэрщ. Ахэр Кавказым и франджыхэу жыпIэ хъунущ, Кавказым и щIыбкIэ персхэр зэрыщытым хуэдэу. Ахэрщ щыгъынкIи, IэщэкIи, щауэ IэкIуэ­лъакIуагъкIи, шы тесыкIэкIи модэр къезыгъажьэр». (Зассерман А. А., «Двадцать лет на Кавказе», 1879). 
«ЩэныфIагъымрэ IэбэкIэ екIум­рэ бгырысым Къэбэрдейм нэхърэ нэхъыфIу зыщIыпIи зыщыхуегъэсэнукъым. Кавказ Ищхъэрэм щыщ бгырысу ­хъуам абыхэм я цей дыкIэри, я шы тесыкIэри я щапхъэщ». (Брокгауз Ф. А., Ефрон И. А. «Энциклопедический словарь», 1894). 
«Сунжэ щегъэжьауэ хы ФIыцIэм нэс зыщызыубгъуа адыгэ зауэлI зэгухьэныгъэхэм уэркъ щауэхэр зэрыс Къэбэрдейрщ екIумрэ емыкIумрэ ­къезыгъащIэри, щIэр къа­хуезыхьэжьэри». (Попко И., «Терские казаки стародавних времён», 1880).
«Кавказ Ищхъэрэм ис бгырыс псори, псыжь, тэрч къэзакъхэри Iэщэ-фащэкIи, шы тесыкIэкIи, нэгъуэщI куэдкIи зыдэплъейр Къэбэрдейрщ, нэгъуэщIу жы­пIэмэ, къэбэрдей модэ щхьэ­зыфIэфIым я нэIэ тет зэпытщ». (Студенецкая Е. Н. «Одежда народов Северного Кавказа XVIII-XIX вв., 1989).
1857 гъэм швейцар публицист Жиль Флориан «Письма с Кавказа и Крыма» и цIэу Париж тхылъ зэгъэпэща къыщыдигъэкIат. Кавказ лъэпкъхэм я гугъу щищIкIэ, тхакIуэр абы адыгэхэми щатопсэлъыхь. Ди лъэпкъэгъухэм я зауэлI IэкIуэ­лъакIуагъымрэ ядилъэгъуа хабзэмрэ итхьэкъуа Жиль итхыжащ: «Абыхэм я хабзэм, Iэщэм, зауэлI фащэм, кърагъэкIу-­кърамыгъэкIухэм шэрджэсхэм я мызакъуэу, Кавказ къуршхэм я хъуреягъкIэ щыпсэу бгырыс псори кIэлъоплъ, зауэм хэпщIа зэпыту екIуэкI къэзакъхэми ардыдэхэр зрахьэлIэным нэхъыфI къахуэгупсысакъым».
Гу лъывэдгъэтэну дыхуейт зи жыIэгъуэ къэтхьахэм иджырей щIэныгъэлIуи щIыналъэм щыщуи зыри зэрахэмытым, псори блэкIа жыжьэм зэрыщыщым.
Апхуэдэ дыдэу пщIэшхуэ адыгэхэм къыхуащIу щытащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэми, Кавказ ЩIыбым щыщхэми. Ар IупщIу къыхощ ди гъунэгъу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм. Куржы философ цIэрыIуэ Рехвиашвили Нестор и тхыгъэхэм къыщыхегъэщ: «Адыгэ хабзэр кавказ лъэпкъ псоми зы дуней тетыкIэ щапхъэу къызэдащтащ». Ингушхэм жаIэ: «Адыгэм хуэдэу Iумахуэщ». Шэшэнхэр гъэсэныгъэ зыхэлъ цIыхухъум «адыгэ уардэкIэ» йоджэ. Балъкъэрхэм я нэхъыжьхэм адыгэ хабзэм и гугъу щащIкIэ «черкес намус» жаIэу щытащ. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуащ ди гъунэ­гъухэм адыгэ хабзэм и хьэтыр зэралъагъурэ. Абы и щыхьэтщ Къэбэрдейм зыщызыужьа атэлыкъ гъэсэныгъэмрэ къунакъ зэныбжьэгъугъэмрэ. Абы ижь зыщIихуар езы лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм, нэхъыбэу - щIалэ цIыкIухэм я закъуэкъым. Гъунэгъухэм я сабийхэм дежи къыщынэркъым. АтIэ кърым хъаныкъуэхэри хиубыдащ абы. «Тырку сулътIанымрэ кърым хъанымрэ я къуэ псори Шэрджэсейм щагъасэ», - итхыжащ Пейсонель Карл.
Адыгэ хабзэр зэрызэхэт щIы­кIэр нэгъэсауэ щызэпкърыхащ иджырей щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэм: Думэн Хьэсэн («Социальная структура кабардинцев в нормах адата», 1990); «Правовые нормы адыгов и балкаро-карачаевцев XV-XIX вв.» (зэхэзыгъэувахэр Думэн М., Думэн Ф., 1997); «Адыгэ щIэнгъуазэ» (редактор нэхъыщхьэр Къумахуэ Мухьэдинщ, 2006); «Земля адыгов» (Щоджэн Iэсхьэд, 2004); Бгъэжьнокъуэ Барэсбий («Адыгский этикет», 1974; «Очерки этног­рафии общения адыгов», 1984; «Адыгский этикет», ­1999);­ МафIэдз Сэрэбий («Межпоколенная трансмиссия традиционной культуры адыгов», 2000; «Адыги. Обычаи. Традиции», 2000); Унэж Кашиф («Феномен адыгской (черкесской) культуры», 1999); Мэлбахъуэ Борис («Черкесское (адыгское) декоративно-прикладное искусство», 2012; «Черкесы (адыги) в мировой литературе», 2013; «Кабардинцы в исторической науке», 2019); Къудей Владимир («Адыгские традиции и современность», 2019).
Мы тхылъ къедбжэкIахэр зи IэдакъэщIэкI псоми адыгэ хабзэр Кавказ псом и зэхуэдэ щэнхабзэм и лъабжьэу къалъытэ, ауэ абыхэм ящыщу зыми ар «бгырыс хабзэу» е «кавказ хабзэу» жиIэркъым.
Пэжырщ, захуэрщ, тхыдэм къыпхыкIарщ тегъэщIапIэ щIыпхъэр
МЫ ТХЫГЪЭМКIЭ къэбэрдей адыгэхэр тхыдэрэ щэнхабзэкIэ адрей лъэпкъхэм нэхърэ нэхъ лъагэу къэдгъэлъэгъуэ­ныркъым ди мурадыр. Шэрджэсхэр игъащIэми хуэтэмакъкIыхьщ я гъунэгъухэм я блэкIами, щэнхабзэми, динми. Зэманым зиужьыху, абыхэм я ехъулIэныгъэхэри Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псоми зэIэпах хъуащ. НэгъуэщIу жы­пIэмэ, лъэпкъ куэд зэрыс Урысеишхуэм щыпсэухэм зым ифI адрейм къызэрекIыр на­Iуэщ.
Дэ дымыдэр тхыдэм къикIуа гъуэгуанэм щызэтеува, лъэпкъ щхьэхуэм епха фIэщыгъэхэмрэ терминхэмрэ цIэи щхьэи къы­хуа­мыгъэнэжу зэрытралъащIэрщ. Тхыдэм тыгъэ къытхуи­щIа дэтхэнэ хъугъуэфIыгъуэми цIэ щхьэхуэ иIэжщ, ахэр нобэкъым икIи дыгъуасэкъым щызэтеувар. Псалъэ шэрыуэ гуэр щы­Iэщ: «Дунейр щIэращIэ зыщIыр зэхуэдэныгъэркъым, зэщхьэ­щыкIыныгъэрщ» - же­Iэри. Дэ шэч къытетхьэркъым Кавказ Ищхъэрэм ис щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр щхьэж къыщалъхуа щIыналъэм и хэкупсэу зэ­рыщытым. Я тхыгъэхэр щытра­дзэкIи, абыхэм мурад дахэхэр ящI, щхьэж и лъэпкъым иригушхуэу. Ауэ сыт щыгъуи тегъэщIапIэу щытыпхъэр пэжым и закъуэщ. НэфI-неиншагъэмрэ тхыдэм къигъэув щапхъэ­хэмрэщ ноби дяпэкIи гъуэгугъэлъагъуэу диIэн хуейр.
XIX - XX лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм щегъэжьауэ, щIалэгъуа­лэм я лъэпкъым теухуауэ хъыбар пэжхэр яIэрохьэ. Аращи, а Iуэхум пхэнжи нэпцIи къыхыхьэ хъунукъым. Адыгэ хабзэр щызэтеува зэманымрэ нобэмрэ я зэхуаку гъащIэми псэукIэми зэхъуэкIыныгъэ куэд дыдэ щекIуэкIащ. Хабзэр зэтезыIыгъэу щыта Iэмэпсымэхэм я нэхъыбэр зекIуэжыркъым. Нобэ дзыхь нэхъ зыхуащI Интернет хуэIухуэщIэхэм пэжыр къы­щыплъыхъуэныр дзыхьщIы­гъуэджэщ, зэрымыщIэкIи мурад Iей ящIыпауи Iуэхур зэгъэ­дзэкIауэ утыку къыщрахьэ ­къохъу.
Щэнхабзэр сыт щыгъуи Iэмал щхьэпэ мэхъу зэгъунэгъу лъэпкъхэр фIыуэ зэхущытын, я зэхуакум ныбжьэгъугъэм, зэ­къуэшыныгъэм зыщиубгъун папщIэ. И гугъу умыщIыххэми ­хъунущ ар лъэпкъ псоми я зэ­хуаку лъэмыж хуэдэу зэры­дэтым, зым адрейр къицIыхуну Iэмал зэрыритым.
ИтIани, уигу ибгъэху хъунукъым лъэпкъ хабзэхэр зэры­зэщхьэщыкIымрэ абыхэм зэтехуэу яхэлъымрэ къызэщIэбу­быдэфмэ, лъэпкъ къэс и къэу­хьым нэхъ зэрызиужьынур, зэ­гъунэгъухэр щIызэрыубыдын щхьэусыгъуэхэри нэхъыбэ зэрыхъунур.
КЪАЛМЫКЪ Жылэбий,
тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м и Адыгэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу Советым и унафэщI.

ЩЭМЕЙ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж