ГъащIэ узыншэм къыхураджэ.

Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №4-м Стоматологым и дунейпсо махуэм теухуа зэхыхьэ щрагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм хэтащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм сабийхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и къудамэм и унафэщI Щоджэн Юлие, Республикэ стоматологие центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэмыкъуэ Iэсият, Бахъсэн дэт стоматологие поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэщыкъуей Людмилэ, къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр хуэгъэпсат ныбжьыщIэхэр гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным къыхуеджэным. Дохутырхэр тепсэлъыхьащ дзэхэм я щытыкIэм узыншагъэр куэдкIэ елъытауэ зэрыщытым. Абы ипкъ иткIи, дзэр зэрыбгъэкъэбзэным, жьэ кIуэцIым узэрыкIэлъыплъыным, стоматологым и деж щIэх-щIэхыурэ зэрыкIуапхъэм, нэгъуэщI куэдми ятеухуа чэнджэщхэр еджакIуэхэм иратащ.
ПэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэм стоматологхэм я лэжьыгъэм теухуауэ теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр ягъэлъэгъуащ. ЗэIущIэм и кIэухым хьэщIэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ.

Балъкъыз Iэминэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.