Джылахъстэнейр мэхасэ.

ЩIышылэм и 28-м Тэрч щIы­налъэм щекIуэкIащ Джы­лахъстэней Адыгэ ­Ха­сэм 2019 гъэм зэфIи-гъэ­кIа­хэмрэ илъэсыщIэм къы­пэщылъхэмрэ ятеухуа зэIущIэ щхьэпэ. Абы ирагъэблагъэри хэтащ Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Хьэ­фIыцIэ Му­хьэмэд, Тэрч ­район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, нэхъы­жьыфIхэр, дин лэ­жьа­кIуэ-хэр, нэгъуэщIхэри.
Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Ахъсор Хьэлым къызэхуэ­сахэр щыгъуазэ ищIащ блэкIа гъэм я зэгухьэныгъэм илэ­жьахэм. Ахэр бзэр хъу­мэным, хабзэр екIуу зехьэным, ар щIэблэм яхэп­щэным, адыгэм и махуэ ­лъапIэхэр, цIыху цIэрыIуэ-хэр гъэлъэпIэным хуэу­нэтIащ. Хасэ тхьэмадэм и къэп­сэлъэныгъэм къы- ­хи­гъэ­­ща дауэдапщэхэм ящыщщ «Си бзэ - си псэ, си дуней» Iуэху дахэр. Гъэ ­кIуам абы хэтащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зэрихьэу Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №3-мрэ, лицей №1-мрэ. ЩIалэгъуалэм а зэпеуэм къыщагъэлъэгъуа зэ­фIэкI дахэхэм лъэпкъым къэкIуэну узын­шэ зэриIэм гугъэфI­хэр уагъэщIырт. Хасэм и нэIэ щIэту екIуу ира­гъэ­кIуэ­кIахэм ящыщщ «Адыгэ хабзэ» проектыр. Абы лъэп­къым и фIыгъуэ мыкIуэщIыжу къалъытэхэр ди щIэблэм ящIэнымкIэ, я гумрэ я псэмрэ а псор хэпщауэ къэгъэ­тэ­джынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэ­риIэр шэ­чыншэщ. Ахъсорым къигъэлъэгъуащ ЩIалэгъуа­лэ парламентым кърихьэжьа а Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэ­риIэр икIи Тэрч щIыналъэми абы телэжьэн щIалэ­гъуалэ гуп къы­щызэра­гъэ­пэ­щы­ныр зэ­ры­фIэи­гъуэр.
Афганистаным щызэуа­хэм я махуэр, Гъэрэ ЩIы-рэ щызэхэкIыр, Адыгэ ны­пым и махуэр, Хэку зауэшхуэм те­кIуэныгъэ къы­щытхьа махуэр, Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэр сыт щыгъуи ­гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэхэщ.
- ЩIыналъэм щыпсэу дэтхэнэми гукъинэж щыхъуащ фокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр Iэтауэ ди деж зэрыщыдгъэ­лъэпIар. Абы кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэм хэта ди къуэш­хэри. Адыгэ фащэкIэ хуэпауэ уэрамхэм уэру къыдыхьа цIыхухэм уащы­хэплъэкIэ гур хигъахъуэрт. Ар щIагъэбыдэжырт ады­гэбзэкIэ псалъэу къекIуэлIа ныбжьыщIэхэм, абыхэм яхэлъ гъэсэныгъэ дахэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм, IэрыкI телъыджэхэм, нэ­гъуэщI куэдми. «Адэжь щIыналъэу си псэм и плъапIэ» фIэщыгъэм щIэту уэрэдрэ къа­фэкIэ зэхэухуэнауэ махуэр зэраухыжа концертри гуимыхужт.
КъыкIэлъыкIуэу хасэр ­хэтащ нэхъыжьыфIхэм я махуэр гъэлъэпIэным. ЩIы­налъэм, къуажэхэм дэс­ хьэрычэтыщIэхэм я фIы­гъэкIэ нэхъыжьхэм сэугъэт щхьэпэхэмкIэ яхуэгуэпащ. ГъэщIэгъуэн хъуат «Акъыл жан», «Адыгэ щауэ» зэпеуэхэр. Хасэм гулъы­тэншэ ищIакъым Анэхэм я ду­нейпсо махуэри.
Ахъсорым и къэпсэлъэ­ныгъэм и кIэухыу, щIыналъэ къуажэ хасэхэм щIа­лэгъуалэм драгъэкIуэкI лэ­жьыгъэр щIа­гъэхуэбжьэн хуейуэ къызэрилъытэр къыхигъэщащ.
- Зым и дежкIи щэхукъым, лъэпкъым и къэкIуэнур и щIэблэм зэрелъытар. Абы къыхэкIыу 2020 гъэм ды­зэрылэжьэну дгъэпса пла­ным щIалэгъуалэм гулъытэ хэха щыхудощI.
ЗэIущIэм къыщыпсэ­лъащ щIыналъэм хыхьэ ­къуа­жэ хэм я Адыгэ Хасэхэм­ я тхьэмадэхэр. Абыхэм къагъэ­лъэгъуащ зэфIагъэкI Iуэху­хэр, дауэдапщэ­хэр, гукъеуэ зиIэхэми ябзыщIакъым.
Болэтей къуажэм я хасэ тхьэмадэ Ныбэжь Мышэ и къэпсэлъэныгъэр бзэр ­хъ­умэным, ар щIэблэм яIэ­щIэмыхунымкIэ хэкIы­пIэу илъа­гъухэмкIэ ядэгуэшащ къы­з­эхуэсахэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, бзэр ди щIэблэм Iумпэм зэращIым и щхьэу­сыгъуэр куэдщ, а Iуэхур зи пщэрылъ дэтхэнэми (уна­гъуэ, сабий гъэсапIэ, еджапIэхэм) лэжьыгъэ IыхьэфI къы­лъосри, зыми Iэпэдэгъэлэл ищI хъунукъым. Адыгэ ­къуа­жэхэм дэт курыт еджапIэм, сабий гъэсапIэхэм къыщызэрагъэпэщ зэIущIэ­хэр, дауэдапщэхэр зэфэзэщу урысыбзэкIэ зэ­ры­ра­гъэкIуэкIыр зи гу­къеуэ нэхъыжьым хузэ­фIэкIащ ­зы­къомыр ады­гэбзэм три­гъэхьэжын. «Абы къи­кIыр­къым сэ уры­сыбзэм срибийуэ, хьэуэ, бзитIри зэ­хуэ­дэу пщIэныр ехъу­лIэ­ны­гъэфIщ, дызыхэс ­къэ­­ралым и бзэр зумыгъэ­щIэныр щIэ­ныгъэншагъэщ, уи анэ­дэлъ­­хубзэр умы­щIэжыныр еп­цIыжыныгъэщ», - жиIащ абы.
Бзэр щIэблэм къегъэщтэжыным и зы хэкIыпIэу Ныбэжьым къыхилъхьахэм ящыщщ курыт еджапIэр къэзыуххэм Iэмал имыIэу ятын хуей экзаменхэм адыгэбзэмрэ литературэм­рэ хэгъэхьэнри.
Инарыкъуей къыщаIэта Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм я ­гугъу ищIащ Джэрмэшык ­Къаз­бэч.
Къуажэдэсхэм я гукъеуэм фIыуэ щыгъуазэ хасэ тхьэмадэхэр щIым и Iуэ­хум, псым, гузэвэгъуэм ехьэлIа дауэдапщэхэр зэ­хуэдэу, хьэ­дэIус (сэдэкъэ) гуэшы­ным егъэлея хэмыту зы унафэ къэщтэным теп­сэ­лъыхьащ. Абей къуажэм и лIыкIуэхэм я къэпсэлъэ­ны­гъэм щыжаIащ Тэрчып­сыр гъунапкъэм къы­зэ­ры­дэ­кIуейр, псыдзэр ­къа­щIэ-
уэмэ, къуажэм тхьэ­мыщ­кIагъэшхуэ къызэры­хуи­хьынур, ар къэмыхъун ­папщIэ икIэщIыпIэкIэ псы Iуфэхэр гъэбыдэн зэры­хуейр. Ауэ Iуэхуракъэ, ­къуа­жэдэсхэм я гукъеуэр зыми зэхимых хуэдэщ…
Тэрч щIыналъэм и щIы-пIэ администрацэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Се­мэн Пщыкъан щIыналъэ хасэм и пщэрылъ къалэнхэр ­фIы дыдэу къехъулIэу къызэрилъытэр жиIащ, тхьэма­дэ­хэм я лэжьыгъэр дяпэкIэ ирагъэфIэкIуэнымкIэ езы­хэр сэбэп хъуну зэры­-хьэ­зырри дыщIигъужащ. ­ЩIэб­лэр хэкупсэу, лъэп­къыпсэу гъэсэным и мы­хьэнэр зэрылъагэр, ди нэхъыжьыфIхэм яхуэ­фэ­щэн щIэблэ диIэныр псоми я зэхуэдэ къалэну зэры­щы­тыр къыхигъэщащ абы и псалъэхэм. Унагъуэхэм щызекIуэ хабзэмрэ адэ-анэм я быным зэрепсалъэ бзэм­рэ псом хуэмыдэу зэригъэгузавэр жиIащ Семэным.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд щIы­налъэ биб­лиотекэхэмрэ хасэ ­тхьэ­­мадэхэмрэ яритащ «Чер­кесика» серием хыхьэу Хасэм иужьрей зэманым къыдигъэкIа тхылъхэр.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.