Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолий зи щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIахэм яхуозэ.

Къэралым и парламентархэм щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI тхьэмахуэ лэжьыгъэм хиубыдэу Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолий Налшыкрэ Нарткъалэрэ щыпсэухэм ящыщу зи щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIахэм яхуэзащ.
ЦIыхухэм къаIэта Iуэхухэр теухуат псэупIэхэр егъэфIэкIуэным, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъ тэмэму къызэгъэпэщыным, гугъуехь хэхуа уна­гъуэ щхьэхуэхэм ядэIэпыкъуным, сабий садхэмрэ еджапIэхэмрэ зэгъэпэщыжыным, нэгъуэщIхэми.
Депутатым зыкъыхуэзыгъэзахэм я лъэIухэм япкъ иткIэ хьэлъэу сымаджэ сабийр Нарткъалэ ирашу Москва яшэн папщIэ зыхуей псори къызэрагъэпэщащ, Налшык щыщ ныкъуэдыкъуэм къызэрикIухьын гу цIыкIу къыхуащэхуащ, гузэвэгъуэ хэхуа, Бахъсэн районым щыщ цIыхубзым ахъшэкIэ дэIэпыкъуащ.
Нэхъ зэпкърыхауэ зыхэплъэн хуей тхьэусыхафэхэм япкъ иткIэ депутатыр зыхуэфащэ ведомствэхэм щыщIэупщIэнурэ зэхигъэкIынущ.
УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолий хуэзэну хуейхэм абы и электрон пощ­тыр къагъэсэбэпу зрагъэтх хъунущ - bifov@duma.gov.ru.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)