Студентхэм яхуозэ

ФокIадэм и 3-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректорымрэ еджапIэм и унафэщIхэмрэ яхуэзащ мы гъэм япэ курсым щIэтIысхьахэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.

- ЕджапIэм и уна­фэщIхэми егъэджакIуэхэми яхузэфIэкIыр ящIэнущ мыбы щывгъэкIуэну студент илъэсхэр фи гъащIэм гукъинэж дахэу къыхэ­нэнымкIэ, щIэныгъэ куу къыватым къищынэмы­щIауэ, зи еплъыкIэрэ зи гупсысэкIэрэ зиIэж цIыху нэс къыфхащIыкIынымкIэ, - захуигъэзащ ныбжьы­щIэхэм КъБКъАУ-м и ректор Апажэ Аслъэн.
Ректорыр къызэхуэсахэм гъэ еджэгъуэщIэмкIэ ехъуэ­хъуащ икIи къыхигъэщащ университетым и лэжьакIуэхэр адэ-анэхэм яхуэзэну сыт щыгъуи зэрыхьэзырыр, лъэныкъуитIми зыхуагъэувыжа мурадхэр зрагъэхъулIэнымкIэ апхуэдэ зэпыщIэныгъэр икъукIэ щхьэпэ зэрыхъунур.
Апажэм жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым ныбжьышхуэ имыIэми, ­лъабжьэ быдэ зэрызэригъэпэщар, езым и хабзэхэр иIэжу, зэманым декIуу адэкIи зэрызиужьыр. Апхуэдэу ар тепсэлъыхьащ университетым егъэдж­э­ныгъэ Iуэхур зэрыще­кIуэ­кIым, къэралым и мэкъу­мэш еджапIэ нэхъыфIхэм зэрыхабжэм, абы зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм. АдэкIэ ректорым утыкум ­къришащ проректорхэр, деканхэр, IэнатIэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм я унафэщIхэр икIи дэтхэнэри къызэхуэ­сахэм яригъэцIы­хуащ.
ЗэIущIэр гуапэу екIуэкIащ. Ар гукъинэж ящищIащ Иуан Каринэ, ТхьэкIумащIэ Аслъэн, Дзэгъащтэ Анзор сымэ хэту къызэрагъэпэща концертым.

 

КIурашын Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.