Адэ-анэхэм псалъэмакъ щхьэпэ драгъэкIуэкI.

КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм, апхуэдэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэту ди рес­публикэм ит еджапIэхэм я лIыкIуэхэм Тэрч щIыналъэм ит курыт школхэр къэзыуххэм къапэщылъ къэпщытэныгъэм теухуа псалъэмакъ адэ-анэхэм драгъэкIуэкIащ.
ЗэIущIэм хэтащ ­КъБР-м­ ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм шко­лакIуэхэм ябгъэ­дэлъ щIэ­­ныгъэр къэху­тэ­нымкIэ и секторым и уна­фэщI ДыщэкI Оксанэ, Тэрч щIыналъэ админист-ра­цэм щIэныгъэмкIэ и ­управленэм и унафэщI Вэ­рий Маринэ, Къэбэрдей-Балъ­къэр къэрал, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъу­мэш универси­тетхэм я лIы­кIуэхэр, курыт еджа­пIэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщI­хэри.
9-нэ, 11-нэ классхэр къэзыух­хэм я адэ-анэхэм драгъэкIуэкIа псалъэмакъым хэта IэщIагъэлIхэм гулъытэ нэхъыбэ хуа­щIащ къэпщытэныгъэхэр ще­кIуэкIкIэ зытетыпхъэ хабзэхэм. Псом хуэмыдэу жып телефонхэр пэшхэм здыщIахьэ, къа­гъэсэбэп зэрымыхъунур, ап­хуэдэу тIысыпIэхэмкIэ, жэуап­хэмкIэ зэхъуажэу зэрамыдэнур къыхагъэщащ. «Сабийр эк­заменым зэрытхэну ручкэрэ паспортымрэ фIэкIа имыIыгъыу щIыхьэн хуейщ», - жиIащ Ды­щэкI Оксанэ.
Къэпщытэныгъэхэм я пIа­лъэ­­хэр, мазаем и 1-м и пэ къи­хуэу еджакIуэхэр адэкIэ зыхуеджэну унэтIыныгъэм ехьэ­лIауэ ятыну экзаменхэр къыхахыу лъэIу тхылъхэр ирагъэхьын зэрыхуейри ягу къагъэкIыжащ. Щхьэхуэу и гугъу ящIащ зи узыншагъэм дагъуэ иIэ сабийхэм зыуэ щыт къэрал экзаменхэр зэратыну щIыкIэхэм.
КъБКъУ-мрэ КъБКъМУ-м­­рэ къикIа IэщIагъэлIхэм къы­зэ­хуэсахэр щагъэгъуэзащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я къудамэ­хэм, абыхэм ущIэтIысхьэн пап­щIэ птын хуей экзаменхэм, бюджет мылъкукIэ яхуегъэ­джэнур зыхуэдизым.
Къыхэгъэщыпхъэщ мып­хуэ­дэ зэIущIэхэр адрей щIыналъэ­хэ­ми зэрыщрагъэкIуэкIыр.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.