ТекIуэныгъэкIэ ирагъажьэ.

Урысей Федерацэм фут­болымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 - 2020 гъэхэм щызэхэт зэхьэзэхуэм гъат­хэпэм щыщIэзы-дзэжыну «Спартак-Налшыкым» мы илъэсым и япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Ди къалащхьэм и Сабий стадионым абы щыхигъэщIащ Псы­хуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ» командэр.
ЩIышылэм и 20-м­ къыщы­щIэ­дзауэ иригъэкIуэкI зыгъэсэныгъэм и япэ Iыхьэр «Спартак-Налшыкым» мэ­рем кIуам иухащ. Зэрыхабзэу, ар зэхуа­щIыжащ зэ­ныбжьэгъугъэ зэIущIэкIэ. Абы щагъэбелджылащ иджы­ри къэс къайхъулIахэмрэ адэкIэ зэлэжьыпхъ­э­­хэмрэ.
Ди щIалэхэм мы гъэм япэу ныкъуэкъуэгъу къа­хуэхъуа Псыхуабэ и «Мэ­шы­къуэ-КМВ»-р Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуа­нэ дивизионым и «Ипщэ» гупым къады­хэтщ икIи очкоитхукIэ къащ­­хьэщы­кIауэ ебгъуанэ увыпIэм щыту зэ­хьэзэхуэр зэпагъэуащ. «Спар­­так-Налшыкыр» турнир таблицэм иджыпстукIэ щыеп­щыкIузанэщ, джэгу­гъуэ пщыкIуийм яужькIэ очко пщыкIубгъу зыIэригъэ­хьауэ.
БлэкIа лъэхъэнэм ди щIалэхэм республикэм и къалащхьэм зыщагъэсащ. Махуэм «Дыгъэпс къалэм» и стадионым, пщыхьэщхьэм «Спартак» стадионым зыщагъэхьэзыращ. Апхуэдэ мар­дэм тетащ «Мэшыкъуэ-КМВ»-ри. Абыхэм я зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр нэхъы­бэу зыфIэхьэлэмэтыр я тренерхэрат. Дэтхэнэми Iэмал иIащ я футболистхэм я нобэрей щытыкIэр зригъэ­лъагъуну, зыхагъэхьэну зы­кIэ­лъыплъхэр ягъэунэхуну. Апхуэдэу щыт пэтми, гуа­пэщ «Спартак-Налшыкыр» мы гъэм и япэ зэIущIэм зэрыщыте­кIуар. Бжыгъэр 2:1-уэ лъэны­къуэхэр зэбгъэдэкIыжащ.
Зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм иужькIэ, загъэпсэхуну ди щIалэхэр махуищкIэ зэбграгъэкIыжащ. Нобэ, мазаем и 4-м, ахэр Нартсанэ (Кисло­водск) ежьэнущ, тхьэмахуитIкIэ щыIэну. Абы я зыгъэсэныгъэм щыпащэну я мурадщ. Дауи, зэныбжьэ­гъугъэ зэ­­IущIэ зыбжани ира­гъэ­кIуэ­кIы­нущ.
«Спартак-Налшыкым» иджы­ри къэс хэтахэм ядэ­щIыгъуу етIуанэ зэхуэсыгъуэм здашэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол школхэм я гъэсэн ­щIа­лэщIэ зыбжанэ. Абыхэм Iэ­мал хъарзынэ ягъуэ­ты­нущ ди командэм и тре­нер­хэм гу зылърагъэтэну.­

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)