Сыт нэхъ дахэ адыгэ фащэм нэхърэ? Ар зыщыгъ адыгэ пщащэращ!

Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм и зи чэзу зэхыхьэр хуабжьу гухэхъуэу екIуэкIащ. Зэпеуэр къыддаIыгъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Налшык къалэ ЩэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэм, «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, Урысейм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием (Черкесск къалэ), нэгъуэщIхэми.
Иджы еханэу екIуэкI зэпеуэм и пщIэм илъэс къэс хэхъуэ зэпытщ. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэри къэпщы­та­кIуэхэри зыхущIэкъур адыгэ щIалэ­гъуалэр лъэпкъ щэнхабзэм дегъэ­хьэхынырщ, адыгэ бзылъхугъэм и ­дахагъыр зыхуэдэр нэрылъагъу щIынырщ (дахагъэм къызэщIиубыдэр теплъэм и закъуэкъым - псэкупсэ къулеягъырщ, акъыл жанагъырщ, гуп­сысэ куурщ, Iэдэбагъырщ, IэпэIэсагъырщ, н.). Псори дызыхущIэ­къур къыдэкIуэтей щIэблэм адыгэ бзы­лъ­ху­гъэ нэсым и щапхъэр зыхегъэ­лъхьэнырщ, ар нэгъуэщIхэм егъэ­лъагъунырщ, дахагъэмрэ къабзагъэмрэ зи лъабжьэ гъэсэныгъэ ябгъэдэлъхьэнырщ.
Зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуэну жэрдэм зыщIахэм ящыщу пщащи 5-щ республикэ зэпеуэм нэсар. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри зэхуэфащэт жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Хъыджэбзхэм я зэфIэ­кIымрэ Iэзагъымрэ щагъэлъэгъуэн ­хуейт лIэужьыгъуиблу зэщхьэщыха Iыхьэхэм.
КъэпщытакIуэ гупым хэтхэр дэтхэнэ IуэхумкIи IэщIагъэлIти, утыку къипхьэр фIэкIыпIэ имыIэу нэгъэсауэ, зэгъэ­зэхуауэ, шэрыуэу щытыпхъэт. Абыхэм набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъынут Урысей Федерацэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, къэфакIуэ ­Битокъу Беслъэн, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ центрым дэн-бзэнымкIэ и къудамэм и унафэщI ­Елгъэр Мадинэ, «Нарт» ООО-м и унафэщI, «Лашын» цIыхубз жылагъуэ хасэм и гуащэ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат, пщафIэ Iэзэ Бжьэдыгъу Аксанэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм лъэпкъыбзэхэм зе­гъэу­жьынымкIэ и лабораторием и унафэщI Щоджэн Iэминат, Къэбэрдей-Балъкъэр филармонием и солисткэ, уэрэджыIакIуэ телъыджэ Хьэкъул Оксанэ, КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министерст­вэм лъэпкъ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат, режиссер цIэрыIуэ Хьэмокъуэ Олег, «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм щIэблэм хэкупсэ, псэкупсэ гъэсэныгъэ ябгъэ­дэлъхьэнымкIэ и гупым и Iэтащхьэ Сэрахъэ Алан, Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и «Нартсанэ» къэфакIуэ ансамблым и унафэщI Къуэжей Темыркъан, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Замирэ (къэпщытакIуэ гупым я пашэщ).
Илъэсих лъандэрэ «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр щIэщыгъуэу, гугъэзагъэу езыгъэкIуэкI БатI Залинэрэ Къанкъул ­Ислъамрэ пшыхьыр къызэIуаха нэужь, утыку кърашащ 2018 гъэм пщащэ зэпеуэм щытекIуа Гъуэт Миланэ. Абы къызэхуэсахэм сэлам гуапэр ярихри, хъыджэбзхэм ехъулIэныгъэ яIэну ­ехъуэхъуащ. Пшыхьыр къызэIуихащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы жиIащ мы Iуэху дахэр къызэрырахьэжьэрэ блэкIа илъэсхэм гур хэзы­гъахъуэ щIэблэ дызэриIэр пщащэхэм наIуэ къызэращIыр, адыгэбзэм, лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм къыдэкIуэтей щIэблэр зэрыщIапIыкIым щыхьэт зэрытехъуэр. «Зэпеуэр зэIухауэ, нэфI-ней хэмылъу йокIуэкI, къэпщытакIуэ­хэр адыгэ Iуэхум хэт, адыгэбзэм ирилажьэ, адыгэ щэнхабзэм пэгъунэгъу защIэщ, сэ абыхэм я лэжьыгъэр сыт щыгъуи си нэIэ щIэтщ. Щыщыуи, щымызахуи къэхъункIэ Iэмал иIэкъым, яхуэддэнукъым», - къыхигъэщащ Хьэ­фIыцIэм.
Пщащэхэм я утыку къихьэгъуэр ­къос. Мыпхуэдэ зэпеуэхэм щыхабзэр аращ - япэ къихьэгъуэм хъыджэбзхэм зыкърагъэцIыхун хуейуэ арати, дэтхэнэми жьакIуэу адыгэбзэ шэрыуэкIэ утыкум щыжиIащ къызыхэкIа уна­гъуэм, лъэпкъым я шыфэлIыфэр, езыхэм я дуней тетыкIэр, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр, хъуэпсапIэхэр, нэгъуэщI­хэри. А псори езыхэм, я унагъуэм исхэм, я ныбжьэгъухэм, зыдеджэхэм щагъусэ сурэтхэмкIэ щIэгъэбыдащ, ахэр экраным къредзэ. Адыгэ унагъуэ щапIа пщащэхэм я «дунейм» ухэплъэну телъыджэщ, бащэкIэ узы­щыгугъ щIэблэм я къэкIуэнур езыхэм зэралъагъур гъэщIэгъуэнщ, балигъ гъащIэм хэбэкъуа къудейуэ арами, абы хуаIэ еплъыкIэм удехьэх.
«Утыку ихьэгъуэ» Iыхьэм зезы­пщыта  ныбжьыщIэхэм зэман кIэщIым къриубыдэу зыкъыдагъэцIыхуащ икIи дэтхэнэми теухуауэ ди еплъыкIэ гуэр зэфIэуващ. Гур хэзыгъахъуэщ абыхэм я псэлъэкIэр, дуней тетыкIэр, хъуэпсапIэхэр, мурадхэр. Шэрыуэ дыдэу щымы адыгэбзэ  зыIурылъ  пщащэ щхьэц кIыхьым седаIуэрт, адыгэ унагъуэ къыщыхъуа хъыджэбзым и бзэр щIэмыкъабзэмрэ апхуэдэ щыщIэныгъэ иIэу мы зэпеуэм къыхыхьэну зэрытегушхуамрэ згъэщIагъуэу. И къэ­псэлъэныгъэр икIэм щынэсым жеIэ: «Хуабжьу къызохьэлъэкI сыщы­цIыкIум адыгэбзэ зэрызамыгъэщIар. Сэ сыкъыдэкIуэтея нэужь, езыр-езыру­рэ зэзгъэщIэжауэ аращ. АдыгэбзэкIэ гупсысэурэ ар зи бзэкIэ къэ­зыIуэ­тэжыфым и насыпщ. КхъыIэ, фи бынхэм адыгэбзэ евгъащIэ», - жиIэу и тэмакъ къызэфIэзэрыхьам имыгъэ­пса­лъэу зи нэпс къызыфIыщIэкIа пщащэм и лъэIур зи гущIэм нэмыса а пэшым щIэсакъым. Зэпеуэм хэтт ады­гэ­бзэ шэрыуэкIэ къэпсалъэхэри, щIа­лэгъуэ гъащIэм удрагъэхьэхыу зи ду­ней тетыкIэр къэзыIуатэхэри. Апхуэ­дэ зы Iыхьэ къэс къэп­щы­такIуэхэм балл бжыгъэхэр къаIэтырт, пэшым щIэс­­хэм я IэгуауэмкIэ арэзы къадэхъуу.
Бзылъхугъэм и Iущагъым мыхьэнэш­хуэ иIэщ. «Пщащэ акъылыфIэхэр» унэтIыныгъэм ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ адыгэ псалъэжьхэмкIэ щызэпеуэн ­хуейуэ арати, къикIуэт яхэмыту къыщIадзащ. ИтIани, хьэрхуэрэгъум иригъэкIуэтами, гузавэурэ ящIэ псалъэжьхэр яIэщIэхужами, пщащэхэр хэкIыурэ тIур къызэхуэнащ - Чэт Лианэрэ Къуэныкъуей Лианэрэ. Гур хигъахъуэрт а тIум я зэпеуэкIэм, псалъэжьу щыIэр гукIэ ящIэ фIэкIа умыщIэну зэпадзыжу зыкъомрэ утыку зэдита нэужь, зым дичыхащ.
IэпэIэсагъэм Iуэхур щынэсым пщащэхэм мастэ-Iуданэр зэфIащIэри, дакъикъэ бжыгъэм щэкI кIапэм щIыIу щырыщ ирадащ. ТIэкIу епIэщIэкIми, абыкIэ гурыIуэгъуэт хъыджэбзхэр а Iуэхуми зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр.
ПщэфIэныр къазэрехъулIэр «Адыгэ шхыныгъуэхэр» унэтIыныгъэм къигъэнэIуащ. А махуэм къэпщытакIуэхэм я Iэнэм къытрагъэува ерыскъыр унэм зэрыщапщэфIым видео трахауэ экранкIэ къагъэлъэгъуэжырт, шхыны­гъуэм хэлъхэм, ар зэрапщэфI щIыкIэм тепсэлъыхьу.
КIэпхынхэр яIулърэ IэлъэщI цIыкIу­хэр ятелъу хъыджэбзхэм нэжэгужэу къаIуэтэжырт анэхэм зыхуагъэса Iуэхугъуэхэр. ЭкранымкIэ къагъэлъагъуэрт япщэфIыну джэдыр хадэм къижыхьу зэритым деж щегъэжьауэ, Iэнэм къытралъхьа ерыскъыр къызэрыхащIы­кIым нэс. Уеблэмэ пхъэ къутар унэм къыщIихьэу хьэкум мафIэ ири щIэу, пэрыIэбэкIэ дэп-мафIэр зэригъэзэхуа нэужь, пIащIабзэу ихуурэ ­игъэхьэзыра щIакхъуэзэтеупIэ­щIы­кIыр тезыгъэува пщащэм и видеор фильм псо хъуат, унэлъащIэхэмрэ ­къигъэсэбэп хьэкъущыкъухэмрэ па­сэрей лъэхъэнэм ­ухурагъэплъэкIы­ жу. Кхъуейжьапхъэ, лэкъум, дэлэн, джэд ла, щIакхъуэзэтеупIэщIыкI, лы­цIыкIулыбжьэрэ пIастэрэ Iэнэм къыт­рагъэуващ а махуэм.
Пщащэхэр адыгэ щэнхабзэм зэры­хэтыр гукъинэжу утыку щагъэлъэ­гъуащ щхьэж езым и зэфIэкIымрэ ­тхури зэгъусэу ягъэзэщIа къафэмкIэ. «Щэнхабзэм и лъахэм» унэтIыныгъэм хэтахэр усэ къеджэнми, поэмэм щыщ пычыгъуэ жыIэнми, къэфэнми пэлъэщахэщ.
А псоми гупсысэ пыухыкIа щIэлъу утыку кърахьэрт. Теплъэгъуэ гукъинэж хъуат зы пщащэм игъэлъэгъуар. Къы­зыхэкIа лъэпкъым къыдекIуэкI бзы­лъ­ху­гъэ фащэр и пащхьэм щыфIэдзащи, толъэщIыхь, зрегъапщэ, ар щы­щыгъым деж и дахагъыр и нэгу къыщIигъэхьэурэ зыщогуфIыкIыж, зыхуегъафIэ фащэм, зегъэдахэ. ЛъэныкъуэкIэ къыщытщ цIыхухъу джанэмрэ гъуэншэджымрэ тращIыкIа иджырей бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэр. Ар къэзыухъуреихь «гупсысэхэм» пщащэр ирашажьэ, дахьэхын щхьэкIэ ямыщIэ къагъанэркъым, а фэилъхьэгъуэр щыгъмэ зэманым нэхъ декIуу, цIыхум нэхъ къахэщу, и Iэпкълъэпкъыр нэхъ екIу щIэхъукIыу, и дунейр нэхъ ­игъэдахэу и фIэщ ящIын мурадкIэ къыкIэрыхъыжьами ярейуэ, зрашалIэ. Адыгэ фащэм кIэлъыIэбэурэ цIыхухъу щыгъынымкIэ ирашэкI, а гупсысэхэм дахьэх, зыщIаубыдэ хуэмей-хуэ­мейуэрэ… ГущIыхьэщ икIи шынагъуэщ а теплъэгъуэм узригъэгупсысыр, ауэ зэпеуэм и мыхьэнэмрэ абы хэт хъы­джэбзхэм я адыгагъэмрэ гур къызэрегъэгъуэтыжри, адэкIэ къыпещэ…
Хэдэгъуейт абы къыкIэлъыкIуа унэтIыныгъэм щыдагъэлъэгъуа дахагъэм. Пшыхь фащэхэр зэкIужу ящыгъыу, псы хуэм ес къазу, утыку къихьэрт хъыджэбзхэр, дэтхэнэми адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зыхэт, нобэрей махуэм декIу фащэхэр ящыгът, пасэм адыгэ бзылъхугъэм къигъэсэбэпу щыта хьэпшып зырыз яIыгът. «Адыгэ пщащэм и пшыхь фащэ» унэтIыныгъэм нэм щилъагъур гур хэзыгъа­хъуэщ, псэр зыгъэпсэхущ, гушхуэныгъэ къыпхэзылъхьэщ, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъужщ. Сыт нэхъ дахэ адыгэ фащэм нэхърэ? Ар зыщыгъ адыгэ пщащэращ!
Иужьрей утыку къихьэгъуэм хъуэхъу зырыз жаIэн хуейуэ арати, абыи егу­гъуащ хъыджэбзхэр, хъуэхъур зытеухуа Iуэхугъуэхэр теплъэгъуэу къагъэлъагъуэу. Лъэтеувэм къыщыIу бзылъхугъэ хъуэхъу дахэри, зи къуэ­рылъху къиша нанэр хьэгъуэлIыгъуэ махуэм зэрыдэжри, нэгъуэщI куэди дагъэлъэгъуащ, хъуэхъу дахэхэр зэхыдагъэхащ.
ЖыпIэнуракъэ, гугъут къэпщыта­кIуэ­хэм я Iуэхур. Апхуэдиз гуакIуагърэ Iущагърэ зыгъэлъэгъуа пщащэ нэсхэм я нэхъыфIыр зэрызэкIэлъыкIуэу къыхэхын хуейт. «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм и хабзэм къызэригъэувым тету хъыджэбзхэм увыпIэхэр мыпхуэдэу ­хуагуэшащ:
«Адыгэ пщащэ-2019» цIэ лъапIэр ­хуагъэфэщащ Къущхьэ Iэсият (Налшык).
Япэ Адыгэ пщащэ хъуащ Джэдмышх Даринэ (Къундетей).
ЕтIуанэ Адыгэ пщащэр Къуэны­къуей Лианэщ (Тохъутэмыщей).
Ещанэ Адыгэ пщащэщ Чэт Лианэ (Къуэшыркъуей).
«Пщащэ зэчиифIэу» зэпеуэм хихащ Дзасэжь Лианэ (Налшык).
Зы пщащи къэнакъым Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Налшык къалэ ЩэнхабзэмкIэ и управленэм, «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм я ЩIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ зрамыта. Удз гъэгъа Iэрамэхэр, «Черкесика» серием щыщу 2019 гъэм къыдэкIа тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр пщащэ псоми яритащ зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм. 
КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствищым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием я ЩIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмкIэ ягъэпэжащ увыпIэхэр къэзыхьахэр. 
Саугъэт нэхъыщхьэр зыхуагъэфэщар, дауи, «Адыгэ пщащэ-2019» хъуа Къущхьэ Iэсиятщ - ар 2020 гъэм и гъэмахуэм Израилым кIуэнущ! КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм хэхэсхэмрэ хэкурыс­хэмрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъри зыгъэбыдэ проект купщIафIэ иIэщ. Хамэ къэрал щыщ адыгэ сабийхэр илъэс къэс зыгъэпсэхуакIуэ къешэ, зыгуэркIэ къыхэжаныкIа хэкурыс ныбжьы­щIэхэр зыплъыхьакIуэ егъакIуэ. Iэсият и кIэн къикIащ мы гъэм Израилым кIуэну, Кфар-Камэ, Рихьэние щыпсэу адыгэхэмрэ абыхэм я щыIэкIэмрэ ­зригъэлъагъуну. 
Саугъэт щхьэхуэхэр пщащэхэм иратащ икIи ехъуэхъуащ Кэнжэ къуажэ ­администрацэм и Iэтащхьэ  Пщынокъуэ Олег,  журналист цIэрыIуэ Къудей Владимир, Зыхьэ Оксанэ, Що­джэнцIыкIу Леонид, Елгъэр Мадинэ, Умых Залинэ, «Жако» IэфIыкIэ щащI фабрикэм, Кэнжэ дэт «Чистюля» тыкуэным. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIа­кIуэ­хэу Мамий Аслъэн, Вындыжь Аскэр, Иуаз Азэмэт, ТхьэкIумащIэ Аслъэн, пшынауэхэу Дэрокъуэ Рами, Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэ, «Нал цIыкIу» ансамблым. 
А пщыхьэщхьэм утыку ита пщащэ­хэм хуэхъуахъуэу, ахэр зыгъэхьэзырахэм фIыщIэ хуащIу, зыгъэса адэ-анэхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъазэу, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и уна­фэщI Мамий Заретэрэ абы и гупымрэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэшхуэм пап­щIэ ехъуэхъуу къэпсэлъащ нэхъыжьыфI­хэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, БакIуу Хъанджэрий, къэпщытакIуэ гупым хэта-  хэр.

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.