ЩIыпIэцIэхэр.

Адлер - 1864 гъэ пщIондэ Арыдбэ абазэ уэркъ лъэпкъым ейуэ щытащ Адлер и Iэгъуэблагъэр. ЛъэпкъыцIэр къалэм и фIэщыгъэцIэ хъужащ.
Анапэ - Iэнэпэ (абазэбзэкIэ «къудамэм» и къежьапIэ жиIэу аращ, псы къудамэ жиIэу къикIыу). Пасэрей зэман жыжьэм алыджхэм Анапэм щхьэкIэ Горгиппие, генуэзхэм Марэ, тыркухэм Бугуркъалэ жаIэу щытащ.
Арыкъ - Борыкъуей. Нэхъапэм Къуяндэс, Къэбышхей жаIэу щытащ.
Армавир - Ермэлыхьэблэ (Джаурхьэблэ жаIэуи щытащ), ермэлыхэр (армянхэр) зыдэс къуажэ къикIыу аращ.
Аскъалей - ТеукIэж щIыналъэм щежэх Мартэ псым и сэмэгурабгъумкIэ къыщыс жылэщ. Нэхъ пасэу къуажищ (Арэпий, Аскъалей, Еджыкъуей) зэхыхьэри Аскъалей фIащыжащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, зэкъуэшитI щыпсэуащ а щIыпIэм - Чысэбийхэ Аскъалрэ Гъуэтрэ. ЩIэину къалъыса щIыпIэр тIууэ ягуэшыжри, щхьэж и цIэр и жылэм фIищыжат. Аскъалей 1850 гъэм къэунэхуащ.
Аскъалэ - пасэрей зэманым Азов апхуэдэу еджэу щытащ.
Аушыджэр - («греческий Ийсус», Алыдж Аущым къытекIащ адыгэхэр чристэн диным щитым) - Дыгъужьыкъуей.
Бахъсэнёнок - Къэсейхьэблэ.
Белое - нэхъ пасэу Бгуащэхьэблэ жыхуаIэу щыта адыгэ къуажэм дэсахэр зэрыщыту Хэкум ирашащ.
Курп Ипщэ - Ислъэмей, Инарыкъуей.
Волгэ - Индыл.
Вольный Аул - XIX лIэщIыгъуэм Брамтэ жаIэу щытащ урысхэм Вольный Аул зыфIаща жылэм щхьэкIэ.
Георгиевск - Гумкъалэ.
Даухэ я сын - Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм щыIэ сынышхуэщ. Абы тхыгъэ тетыр алыджыбзэкIэ тхащ, цIыху, псэущхьэ зэхуэмыдэхэр къыхэбзыкIащ. Гюльденштедт зэритхыжамкIэ, къэбэрдейхэр а сыным Дыкъуэ-БэчкIэ еджэу щытащ.
Джубгэ - Жьыбгъэ (ветер) е Жьыубгъу (широкая равнина) жаIэ. ИпэжыпIэр фIэщыгъэцIэр къызытекIа диалектым елъытащ.
Джэгъэтей - тенджыз ФIыцIэм деж щыпсэуа убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ къызытехъукIыжа «зыхь» лъэпкъым куржыхэр къызэреджэу щытар аращ.
Джэдунэ - Лабинск къалэр къызытехъукIыжа жылэм аращ зэреджэу щытар. Ауэ ар «джэдум и нэрэ» «джэдум и унэрэ» зэхэгъэкIыгъуейщ.
Дыщэпс - Архипо-Осиповкэ деж щежэх, тенджыз ФIыцIэм хэлъэдэж псы цIыкIум адыгэхэр зэреджэу щытар аращ. Иджырей картэхэм ар «Тешебс»-щ зэритыр.
Жикзакопс - Жыгзакъуэпс, Мэлгъэбэг пэмыжыжьэу щыIэ щIыпIэ.
Жьыгъеибг - Красно-Александровский жылэм къыпэщыт щыхупIэм зэреджэр аращ. Жьыгъэибг жыпIэмэ, «жьыгъэм ибг» жиIэу къокI, Жьыгъеибг жыпIэмэ, «жьыр щагъеиж бгы» мэхъу. IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, жьы хъуахэр мы бгым ирадзыхырт.
Зеленчук (псы) - Инжыдж.
Зэрэгъыж - Жаныкъуей. Жэмтхьэлэпсымрэ Псыгуэнсумрэ щызэхэлъадэм деж щыс къуажэ. ФIэщыгъэцIэм «гъын» псалъэр лъабжьэ хуэхъуауэ хуагъэфащэ. Къуажэм дэс Хьэмгъуокъухэ я нэхъыжьыфIым зэрыжиIэмкIэ, Агъ-Зэрэгъыж и цIэу лIы хахуэ псэуащ, адыгэр кърым тэтэрхэм щезауэм. Ар и лIыгъэмкIэ апхуэдизкIэ цIэрыIуэти, бийм Зэрэгъыж и цIэр зэхихамэ, щтэрт. НэгъуэщIу къызэрыпэмылъэщынур къагурыIуэри, Зэрэгъыжыр жейуэ яукIауэ щытащ. ЛIыр щаукIа щIыпIэм Зэрэгъыж дэлъэдапIэ фIащыжащ. Псыгуэнсу къыдэкIыу, абдеж тIысыжа жылэм Зэрэгъыж и цIэр я къуажэм фIащащ.
КIахэ - нэхъапэIуэкIэ къэбэрдейхэр Адыгэ Республикэм зэреджэу щытаращ. Къэбэрдейм елъытауэ Адыгейр зэрыегъэзыхыгъуэм къыхэкIыу, кIа (э) - «конец», хэ - уэх, егъэзыхыгъуэ жиIэу аращ къикIыр.
Каменномост - Къармэхьэблэ, Нырхьэблэ.
Кисловодск - Нартсанэ.
Кыщпэк - КIыщ Бэч къытехъукIащ фIэщыгъэцIэр. Кыщпэкыпсыр зрижэ псыбэкъур япэ дыдэ дэзытIыкIа лIым и цIэр фIащыжауэ аращ. ИужькIэ Тыжьей хъуащ.
Краснодар - Бжьэдыгъукъалэ
Куба - нэхъапэм Хьэсэнбий хьэблэрэ Агубэчей хьэблэрэ зэхэсу щыта къуажэщ. ХьэтIохъущыкъуей иIэпхъукIыу а щIыпIэм щытIысауэ щыта ХьэтIохъущокъуэ Хьэсэнбий и цIэр хьэблэм фIащыжри, зыкъомри зрихьащ. Агубэчейр къызыте­хъукIар XIX лIэщIыгъуэм Шэджэм Iуфэ иIэпхъукIат. ИужьыIуэкIэ къуажэм Куба фIащащ, хьэрыпыбзэкIэ «къуббэм» купол жиIэу аращ къикIыр. Апхуэдэ фIэщыгъэцIэр къуажэм хуагъэфэщэн хуей щIэхъуар - щIыпIэм пэгъунэгъуу мавзолей зыбжанэ купол щхьэщыту щыIэти аращ.
Къулъкъужын - Абзуанхьэблэрэ Къуэнхьэблэрэ зэхэтщ (Къулъкъужын Ипщэрэ Ищхъэрэрэ). Мэшыкъуэ бгым деж щыпсэуа жылэ цIыкIу Къулъкъужын Ипщэм Iэпхъуэри, абыхэм къатехъукIыжащ. Ищхъэрэм щыпсэухэр Кыщпэк къуажэ иIэпхъукIауэ хуагъэфащэ. ФIэщыгъэцIэр къызытекIар тыркубзэщ, «пщылI щIэпхъуэжа» къикIыу аращ.
Къызбрун - Ислъэмей къуажэм и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэм деж щыIэ бгы плъыжьыфэ, «къыз» - пщащэ, «бурун» - пэ къикIыу, тыркубзэм къытекIащ. Бгым пэгъунэгъу къуажищым Къызбрун 1-нэ, Къызбрун 2-нэ, Къызбрун 3-нэ фIащат. ИужькIэ къуажэхэр къызытехъукIыжахэм я цIэр иратыжащ: ХьэтIохъущыкъуей, Ислъэмей, Дыгулыбгъуей.
Къызбрун 2 - Алъэсчырей, Ислъэмей, Бжьахъуэкъуей жылэхэр зэхыхьэу къэунэхуа, илъэси 100 и пэкIэ ЛъампIэжьыкъуэ къыдэкIа унагъуэ гупым къызэрагъэпэща къуажэщ.
Мейкъуапэ - мей - мэзым къыщыкI мыIэрысэ лIэужьыгъуэ, къуэ - псы щежэх щIыпIэ). Мейкъуэ псым къытекIащ.
Малкэ (къухьэпIэ лъэныкъуэр) - Ашэбей, Трамэ къуажэ. Малкэ (къуэкIыпIэ лъэныкъуэр - Хьэжыхьэблэ, Хьэгъундокъуей.
Мацестэ - МафIэпс, шапсыгъхэм МашIуапсы жаIэ. Псыр зэрыхуабэм къытекIа фIэщыгъэцIэщ.
Науэжьыдзэ - Балъкърэ Бахъсэнрэ я зэхуаку дэт Iуащхьэ. Iуащхьэр жьэдэбзыкIауэ, папцIэу зэрыщытым къыхэкIыу, фызыжьым и дзэм ирагъэщхьу фIащауэ аращ.
Курп Ищхъэрэ - Къаншыуей, Алъхъо къуажэ.
Плановскэ - Ботэщей.
Пседах - Псыдахэ. Мэлгъэбэг щIыналъэм хиубыдэ псым, жылагъуэм я цIэ. Беслъэнеипщ Джылэхъстэным и къуитI - Жамырзэрэ Къанщауэрэ - лъыщIэжым кърихужьауэ, япэу щетIысэхащ а щIыпIэм. Урожайнэ (Абейкъуажэ) къуажэм дэсхэм зэрыжаIэмкIэ, я жылэр къыздиIэпхъукIар зэкъуэшитIыр щепсыхауэ щыта щIыпIэращ. Абы щыхьэт тохъуэ Урожайнэм Беслъэней унэцIэр зезыхьэхэр зэрыдэсыр.
Сочэ - ЩIачэ, Шашэ, Сашэ. Пасэрей зэманым Сочэ деж щыпсэуа убыххэм абазэхэр къызэреджэу щытар «шашэщ». Абы къытехъукIауэ жаIэ Сочэ и цIэр. И пэжыпIэри къызэрапсэлъ бзэм елъытащ.
Ставрополь - Шэткъалэ.
Тамбукъан - Тамбий гуэл.
Туапсе - ТIэупсы, пситIым я зэхуакум дэт, тIуащIэ жиIэу аращ (Пшэнахъуэрэ ЩIэлэпсырэ я зэхуакум зэрыдэтыр къегъэлъагъуэ).
Аруан - Мысостей. Нэхъапэм Тыгъуланей жаIэрт.
Шалушкэ - Щхьэлыкъуэ (нэхъ пасэIуэу Къуныжьей, Даутыкъуей, Щэрдан хьэблэ, ЛаукIэцей жаIэу жытащ).

Къаныкъуэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)