ЩIакхъуэ Iыхьэ - псэхэлъхьэж.

Мы махуэхэм ди къэралым и щIыпIэ псоми ще­кIуэкIащ «Блокадэ щIа­кхъуэ» урысейпсо фэеплъ акцэр. ЩIышылэм и 27-м, ленинграддэсхэр фашист блокадэм къикIыу хуит щыхъужа махуэм, трагъэхуа а Iуэхугъуэр даIы­гъащ ди республикэм щыпсэухэми. Апхуэдэу а махуэм и фэеплъу ­КъБКъУ-м и библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ «Бло­кадэ зращIылIа Ленинград къалэм дэсхэм я щIакхъуэ Iыхьэр» гъэлъэгъуэныгъэр.
Фэеплъ Iуэхугъуэм жы­джэру хэтащ университе­-тым и егъэджакIуэхэр, студентхэр, хьэщIэ гупи кърихьэлIат. Абыхэм яхэтт ди ­лъахэгъу усакIуэ икIи уэрэд­жыIакIуэ цIэрыIуэ Амирамов Ефрем. Ар къызэхуэсахэм къахуеджащ езым и усэхэм, апхуэдэуи Нева псым тет къалэ-лIыхъу­-жьым епха гукъэкIыжхэм-кIэ (Амирамовыр абы куэд-рэ щыпсэуащ) ядэгуэшащ.
Эренбург Илья, Ардаматс­кий Василий, Адамович ­Алесь, Берггольц Ольгэ, ­Ленинград блокадэм тетхыхьа нэгъуэщI тхакIуэхэм, усакIуэхэм я къалэмыпэм къыпыкIа тхылъхэр щызэ­хуэхьэсат гъэлъэгъуэныгъэм. Абы хэлът а гузэвэ­гъуэшхуэр къызэрыщыж сурэтхэри. Махуэ 872-кIэ, 1941 гъэм фокIадэм и 8-м къыщыщIэдзауэ 1944 гъэм щIышылэм и 27 пщIондэ, зи кIыхьагъ блокадэм и тхыдэм щыгъуазэ зыхуа­щIащ щIалэгъуалэм. Абы­хэм и гукъэкIыжхэмкIэ ядэгуэшащ зи адэр а гузэвэ­гъуэм щыгъуэ Ленинград фронтым щызэуа, хуит къащIыжагъащIэ къалэм япэу дыхьэхахэм ящыща Яценкэ Макар ипхъу, КъБКъУ-м б­иологиемкIэ и кафедрэм и щIэныгъэ унафэщI Калашниковэ Любовь.
Библиотекэм и лэжьакIуэ Дал Айсанэт къызэхуэса­-хэм яхутепсэлъыхьащ Чистяков Николай и «Память сердца. Ленинградские чер­кесы Бесленея» тхы­лъым. Ар теухуат Лениград къыдаша журт сабийхэр адыгэ ­унагъуэхэм зрашалIэурэ, я бын дыдэхэм хуагъадэу зэ­рапIам, адыгэ цIэ-унэцIэхэр ирату нэмыцэхэм зэрыщахъумам.
Гъэлъэгъуэныгъэм и плIа­нэпэхэм ящыщ зым нэры­лъагъу щащIат блокадэ зращIылIауэ щыта ленинграддэсхэм ират хабзэ щIа­-кхъуэр зэрапщу щыта щIы­кIэр. Хьэжыгъэм нэ­мыщI, абы халъхьэрт сэхуран гуарци, щхьэлхэм я блын­хэм кIэрищIа хьэжыгъэ сабэхэри, хьэпцIий, зэнтхъ хуэнщIейхэри, Ладогэ гуэ­лым щIрагъэлъэфа гуэн­-хэм кърахыж гуэдз жылэ ­къикIыкIахэри.
Зэхуэсым кърихьэлIахэм щIакхъуэ Iыхьэ цIыкIу зырыз хуагуэшащ, блокадэм и лъэхъэнэм цIыхухэм ирату щытам хуэдиз хъууэ. Къи­нэмыщIауэ, гъэлъэгъуэныгъэм еплъахэм ящыщ куэ­дым письмо хуатхащ а къэухъуреиныгъэ хьэлъэм исахэм яхуэгъэзауэ. А тхыгъэхэр ягъэхьынущ Ленинград блокадэм щисахэм я зэгу­хьэ­ныгъэм хэтхэм, ветеранхэми хуагуэшынущ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.