КъБР-м и Iэтащхьэр Москва щеджэ ди щIалэгъуалэм яхуозэ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIы­шылэм и 25-м Москва щахуэзащ къэ­ралым и къалащхьэм дэт вузхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу щIэс студентхэм.
СыхьэтитIым къриубыдэу зэIухауэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм хэтахэр теп­сэ­лъы­хьащ ди республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа Iуэхухэм, къэрал щIалэгъуалэ политикэр зэрагъэзащIэм, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэ­ры­зэIуахым.
ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэ К. В. студентхэм ехъуэхъуащ IэщIагъэлI нэс хъуну икIи ахэр щалъхуа республикэм, зэры­щыту къэралым я зыужьыныгъэм зэ­фIэкIышхуэхэр къыщагъэлъэгъуэну.
«Урысей студентхэм я махуэм Москва сыщыIэу ирихьэлIати, ди республикэм щыщу къалащхьэм и вузхэм щеджэ студентхэм захуэзгъазэри си щхьэкIэ се­хъуэхъуащ. Иджыпсту Москва и еджапIэу пщIы бжыгъэхэм ди лъахэгъу ныбжьы­щIэу 2000-м щIигъу щоджэ.
Iуэху хьэлэмэту, мураду, плъапIэу ахэр зыгъэпIейтей Iэджэм дытепсэлъыхьащ. А псори дызэщIыгъуу дызэгугъун икIи ­къару зэхэлъкIэ дэдгъэкIын хуей Iуэхуу зэрыщытым шэч къытесхьэркъым. Псоми фIыщIэ яхузощI гуапэу икIи зэIухауэ зэрыщытам папщIэ. Аргуэру зэ махуэш­хуэмкIэ - Студентым и махуэмкIэ псоми сохъуэхъу!»,- иритхащ КIуэкIуэ К. В. инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.