Ди лъахэгъухэм я ехъулIэныгъэхэр.

ЩIышылэм и 16-м къыщыщIэдзауэ махуиплIкIэ Новосибирск къалэм щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Уры­сей Федерацэм и чемпионат. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым икIахэм абы хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Ди лъахэгъухэу Кабалоев Виталийрэ Локьяев Жамболэтрэ зэхьэзэхуэм и япэ махуэм хуабжьу дагъэгуфIащ. Нэхъ псынщIэ дыдэхэм я деж абыхэм дыщэ медалыр щызыIэрагъэхьащ.
Япэу ар къызэхъулIар нэгъабэ Европэм и чемпион хъуа Кабалоев Виталийщ. Килограмм 55-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и кIэух зэIущIэм ар щефIэкIащ Кърымым и щIыхьыр зыхъумэ Сефершаев Эмин икIи ещанэу къэралым и чемпион хъуащ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, и къуэшым и ехъулIэныгъэм къыпищэфакъым дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, Урысей Федерацэм куэдрэ и чемпион, Дунейм и кубокыр къэзыхьа, Европей джэгухэм нэгъабэ щытекIуа Кабалоев Заур. Килограмм 67-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финал ныкъуэм ар къыщыхигъэщIащ Краснодар крайм икIа Абдуллаев Назир икIи къыхуэхьар етхуанэ увыпIэращ.
Килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Урысей Федерацэм и чемпион Красноярск щыхъуащ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Локьяев Жамболэт. Финалым ар 7:0-у щефIэкIащ Мэзкуу икIа Петросян Артур. Балъкъэр щIа­лэм иджы етIуанэу къэралым и дыщэ медалыр зыIэрегъэхьэ.
Къэралпсо зэхьэзэхуэм куэдкIэ дыщыщыгугъат Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ. Килограмм 87-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж абы хьэрхуэрэгъу лъэщхэр щиIэт, Олимп чемпион Чакветадзе Давит я пашэу. Горобец Дмитрийрэ Абубакиров Тимуррэ ефIэкIыу финалым и Iыхьэ плIанэм щынэсам, а гугъэфIхэр нэхъ быдэж хъуат. АрщхьэкIэ Маргарян Вааг Iэ­щIэкIакъым икIи саугъэтыншэу къэнащ. А хьэлъагъым дыкъыщыдихыжащ Краснодар крайм и цIэкIэ банэ Сокъур Артур. Зэхьэзэхуэм абы ещанэ увыпIэр щиубыдащ, «финал цIыкIум» Ингушым икIа Евлоев Магомед щыхигъащIэри.
Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм, килограмми 130-м нэсхэм, я зэпеуэм адыгэ щIалиплI хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зыхъумахэу ЩхьэщэмыщI Рэмэзан, КIэмпIарэ Мурат, Шыбзыхъуэ Къантемыр сымэ пасэу къыхагъащIэри, зэхьэзэхуэм къыхагъэкIащ.
Дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Аюб Алихъан ет­хуанэ увыпIэр иубыдащ Мэзкуу областым и цIэкIэ банэурэ, финалым и Iыхьэ плIанэм абы къыщефIэкIащ зэхьэзэхуэм и дыжьын медалыр иужькIэ къэзыхьа Гедехаури Зураби. АдэкIэ ещанэ увыпIэм щIэбэныну Iэмал иIами, бэнакIуэ цIэрыIуэ Щур Виталий фIэкIыфакъым.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.