КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и коллегием и зэIущIэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу ­КъБР-м щыIэм и коллегием иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы апхуэдэу ­кърихьэлIащ Урысей МВД-м экономикэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэ­тынымкIэ и управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI Курносенкэ Андрей, КъБР-м къегъэ­щIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, хабзэхъу­мэ, къарузехьэ органхэм я унафэщIхэр, ­КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, ветеран зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Зэхуэсым щыхэплъэжащ IэнатIэм хыхьэ къудамэхэм 2019 гъэм зэфIагъэкIахэм, илъэс дызыхыхьам къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэр яубзыхуащ. Къапщтэ­мэ, хэплъащ уголовнэ, экономикэ, Iулъ­хьэм, афияным ехьэлIа щIэпхъа­­джагъэ­хэр къыщIэгъэщынымкIэ я лэжьыгъэм ­кърикIуахэм, къимыдэкIэ, КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэкIуэдахэм я бжыгъэр гъэмэщIэным хуэунэтIауэ зэфIигъэкIхэм.
Коллегием къыщыщыпсалъэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ хабзэр къызэпызыудхэм япэщIэтыным, жылагъуэм зэпIэзэрытагъыр, шына­гъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным хуэу­нэтIауэ щIыналъэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр. Абы Iэмал къет щIэпхъаджагъэ лIэужьыгъуэ куэдыр, псом япэрауэ, фочышэкIэ, газкIэ уэ Iэщэхэр къагъэсэбэпу ялэжьхэр, апхуэ­дэуи экстремизм, терроризм унэтIыны­-гъэ зиIэхэр, нэхъ мащIэ хъунымкIэ. А ехъулIэныгъэхэр къыдэкIуащ участковэхэр, уголовнэ къэлъыхъуэныгъэ IэнатIэм, нэгъуэщI къудамэхэм я лэжьакIуэхэр я IэнатIэм зэрегугъуам, апхуэдэуи МВД-р ­адрей и хабзэхъумэ къудамэхэмрэ республикэм и властымрэ быдэу япыщIауэ зэра­дэлэжьам.
Абы къыдэкIуэуи, къыхигъэщащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм, министерствэм иIэ Iэмал псори нэсу къигъэсэбэпыркъым. ИлъэсыщIэм къалэн нэхъыщхьэу къэув­хэм ящыщу КIуэкIуэ Казбек къигъэлъэ­гъуащ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэ­щыным адэкIи нэхъ тегъэщIэн зэры­хуейр, щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуныр, ялэжьахэр, абыхэм экономикэ IэнатIэм щызэхащIыхьахэри хэту, къыщIэгъэ­щы­ныр, бюджет ахъшэр зыхуэунэтIам къыхуэгъэ­сэбэпа зэрыхъум кIэлъы­плъыныр. Шэч хэмылъу, гулъытэ щхьэхуэ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщу къонэж Iулъхьэ зэIэпыхыным пэщIэтыныр, гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыныр, республикэм хабзэр щытепщэу щытыныр.
ЩIыналъэм и УнафэщIым КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм фIыщIэ ­яхуищIащ я лэжьыгъэфIым папщIэ икIи илъэсыщIэми ехъулIэныгъэщIэхэр яIэну ехъуэхъуащ.
Зыхэплъэж пIалъэм зэфIагъэкIахэр щызэпкърыхауэ зэIущIэм доклад щи­щIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ - полицэм и генерал-майор Павлов Василий.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ