ЛIэщIыгъуэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ.

Ди республикэм щагъэлъэпIащ ди цIыху­хэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ пIалъэр - КъБР-м и дзэ комиссариатыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур. Налшык къалэм дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм абы теухуауэ къыщызэрагъэпэща гуфIэ­гъуэ зэIущIэм хэтащ республикэм и дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ. Апхуэдэу гуфIэгъуэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и депутатхэр, гъэзэщIакIуэ властым и органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, дзэ частхэм я унафэщIхэр, ветеранхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтхэр.
дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ юбилей гуфIэгъуэмкIэ ехъуэ­хъуащ КъБР-м и дзэ комиссар подполков­ник Пахомов Дмитрий. ФIыщIэ псалъэхэр абы яхужиIащ блэкIа илъэсхэм дзэ комиссариатхэм къулыкъу щызыщIахэмрэ щы­лэ­жьахэмрэ, иджыпсту а IэнатIэм хьэлэлу бгъэдэтхэм.
Докладым къызэрыхэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и областной дзэ комиссариатыр 2020 гъэм щIышылэм и 20-м къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы и лэжьыгъэм хиубыдэрт дзэм ираджэну къызы­пэ­щыт щIалэгъуалэмрэ дзэ къулыкъур езы­хьэкIауэ запасым щыIэхэмрэ къитхыкIы­ныр, транспортыр, шыхэр учётым гъэувы­ныр, зыхуэфащэхэр и зэманым дзэ къулыкъум гъэкIуэныр, зыхъумэжыныгъэм цIы­хухэр хуэгъэсэныр. Граждан зауэм и лъэ­хъэнэм а псоми икъукIэ мыхьэнэшхуэ яIэт.
Зэи хуэмыдэжу дзэ комиссариатхэм къалэн инхэр къабгъэдэхуащ Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь. Япэ махуэхэм къыщыщIэ­дзауэ республикэм и дзэ комиссарым лэ­жьыгъэшхуэ иригъэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм зыхъумэжыныгъэмкIэ ухуэныгъэхэр щегъэкIуэкIыным цIыху­хэр хузэщIагъэуIуэным хуэгъэзауэ. Апхуэдэу 115-нэ шуудзэ дивизэр къызэрагъэпэщу ­хуежьащ. Республикэм икIа зауэлIхэр фронт псоми щыIащ, абыхэм ящыщ куэд Берлин нэсащ, ТекIуэныгъэр абы щагъэ­лъэпIащ.
Къэралым мамыру щыпсэу иджырей лъэхъэнэм, жиIащ Пахомов Дмитрий, КъБР-м и дзэ комиссариатым и къалэн нэхъыщ­хьэхэм ящыщщ гузэвэгъуэ къыщыхъуам деж цIыхухэмрэ транспортымрэ псынщIэу зэщIэгъэуIуа зэрыхъунум елэжьыныр, зи ныбжьыр нэсахэр дзэм гъэкIуэныр, контракткIэ къулыкъу зыщIэнухэр къыхэхыныр. Апхуэдэу мы IуэхущIапIэм гулъытэшхуэ ­хуещI дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэ­тIысхьэнухэр къыхэхыным, щIалэгъуалэр хэкум хуэпэжу гъэсэным, нэгъуэщIхэми.
КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд зэIущIэм къыщеджащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъум. «КъБР-м и дзэ комиссариатым и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ си гуапэу сохъуэхъу гуфIэгъуэ пIалъэмкIэ - а къулыкъущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэ­сищэ зэрырикъумкIэ. Япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ республикэм и дзэ комис­сариа­тыр елэжьащ IэщэкIэ зэщIэузэда къа­рухэм я зэфIэкIыр къэIэтыным, зыхъу­мэжыныгъэм и лъэныкъуэкIэ къэралым и лъэщагъым хэгъэхъуэным хуэгъэза Iуэхуш­хуэхэм. Гъэу­нэхуныгъэ хьэлъэу абы и дежкIэ щытащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэр. Военкоматым куэд зэфIигъэкIащ Дзэ Плъыжьым и частхэмрэ соединенэхэмрэ зэщIэгъэу­IуэнымкIэ, ахэр фронтым гъэкIуэнымкIэ, дзэ­хэр зы­хуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэ­пэ­щы­ным­кIэ. Нобэ КъБР-м и дзэ комиссариатым къулыкъу­ щызыщIэхэм япэ итахэм я хабзэ хьэлэмэтхэр ягъэбыдэ, къаб­гъэдэхуэ къа­лэнхэр щIыхь пылъу ягъэзащIэ, щIалэ­гъуа­лэр дзэ къулыкъум хуагъэхьэзыр, вете­ранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядоIэ­пыкъу.
Мы гуфIэгъуэ махуэм фIыщIэ фхузощI хьэлэлу фи къулыкъур зэрефхьэкIым икIи къыхэфха IэнатIэм пэжыгъэкIэ фызэрыбгъэдэтым папщIэ. Си гуапэу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ фIыщIэ фиIэну, Хэкум къулыкъу хуэщIэнымкIэ къалэным фехъулIэну», - итщ абы.
Къуэдзокъуэ Мухьэмэд КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр Налшык къалэм и дзэ комиссар Щоджэн Залым, къалэ комиссариатым и къудамэм и унафэщI Сурневэ Аллэ сымэ яритащ. Апхуэдэу КъБР-м и Правительст­вэм и фIыщIэ тхылъыр цIыху зыбжанэм ­хуагъэфэщащ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим къеджащ КъБР-м и дзэ комиссариатым и лэжьакIуэхэм республикэм и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр етыным теухуауэ республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и президиумым къищта унафэм. Абы ипкъ иткIэ наградэхэр хуагъэфэщащ комиссариатым и къудамэхэм я унафэщIхэу Мэрзей Хьэдис, Балаев Алим, Шрамко Алексей сымэ.
ЗэIущIэм и кIэухым абы хэтахэм я нэгу зрагъэужьащ республикэм и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гуп нэхъыфIхэм хэтхэм, Кавказ Ищхъэрэм ­ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым музыкэм щыхурагъаджэ и кадет корпусым и гъэсэнхэм.

Белгъэрокъуэ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.