ЗэгурыIуэныгъэ иращIылIэ.

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм щаIущIащ «ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм зегъэу­жьыным зыщIэзыгъакъуэ фонд» къэрал корпорацэм и лIыкIуэхэм. Абы лъэныкъуитIым Iэ щыщIадзащ щIыналъэм жьы хъуа и унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным ехьэлIауэ IуэхущIапIэм ахъшэ зэ­ры­хухихыну зэгурыIуэныгъэм.
ЗэIущIэм хэтащ Фон­-дым и генеральнэ унафэщI Цицин Константин, IуэхущIапIэм и КIэлъыплъакIуэ советым и тхьэмадэ Степашин Сергей, КъБР-м и Правительствэм щыщхэр, республикэм и къалэ округ­хэм­рэ районхэмрэ я щIыпIэ ­администрацэхэм я Iэтащ­хьэхэр. Ахэр тепсэ­лъыхьащ жьы ­хъуа унэхэм цIыхухэр къызэ­рыщIагъэIэпхъукI ­Iэмалхэм, фэтэр куэду зэ­хэт унэ­хэр зэрызра­гъэ­пэ­щы­жымрэ псэупIэ-коммуналь­нэ ­IэнатIэхэм зэрыз­рагъэу­жьынумрэ.
- ПсэупIэ-коммунальнэ ­IэнатIэм пыщIа гугъуехьхэр нобэ ди щIыналъэм и мы­закъуэу, къэрал псоми иIэщ икIи зэрытхузэфIэкIкIэ дэтхэнэми гулъытэ хуэтщIыну дыхущIокъу. Абы и лъэныкъуэкIэ тфIэкъабылщ фондым и зэфIэкIхэр къэдгъэ­сэбэпыну, дыдэлэжьэну, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- Мы зэманым цIыхухэр къызыщIэдгъэIэпхъукIыр 2017 гъэм щIышылэм и 1-м и пэкIэ кхъахэу къалъытэ унэхэрщ. Ауэ, дызэрыщы­гъуазэмкIэ, 2017 гъэм щIы­шылэм и 1-м и ужькIи къы­зыщIэгъэIэпхъукIын хуей зы унэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщахутащ, цIыхуи 140-рэ щыпсэууэ. Абы къы­хэкIыу адэкIи муниципальнэ щIыналъэхэм апхуэдэ къэп­щытэныгъэхэр щегъэ­кIуэ­кIын хуейуэ къыщIэкIынщ, - жиIащ къэпсэлъам.
Цицин Константин тепсэ­лъыхьащ коммунальнэ Iэ­натIэхэм зрагъэужьын папщIэ щыIэ дэIэпыкъуныгъэ­хэм. Абы зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ зы проектым фондым хухихыну Iэмал иIэщ сом мелуан 300. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ энергоресурс­хэр нэхъ мащIэу зытекIуадэ унэхэр яухуэн зэрыщIадзам. Абы и фIагъращи, цIыхухэм ят коммунальнэ ахъшэр нэхъ мащIэ мэхъу. Фондым и унафэщIым дыщIигъуащ фэтэр куэду зэхэт унэхэр зэрагъэпэщыжын щхьэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къы­щыхах ахъшэр процент 55-рэ фIэкIа зэрымыхъур икIи абы и лъэныкъуэкIэ цIыхухэм ядэлэжьэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэ нэужьым журналистхэм я упщIэхэм жэуап щаритым, Степашин Сергей къыхигъэщащ унэхэр зэгъэпэщыжынымрэ жьы ­хъуахэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ гугъу­ехь­ нэхъыбэхэр здэщыIэр Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр зэрыарар, ауэ щы­тыкIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщынэхъыфIыр.
- 2026 гъэ пщIондэ тещIыхьа, жьы хъуа унэхэм къыщIэгъэIэпхъукIыным теухуа программэм къыщыгъэлъэгъуахэр 2022 гъэм и кIэм нэсыху зэфIагъэкIыну къыхэзылъхьа щIыналъи­щым Къэбэрдей-Балъкъэ­рыр яхэтщ (Белгород, Астрахань щIыналъэхэм ядэ­щIыгъуу). ЩIыналъэм и Iэтащхьэр апхуэдэ Iуэху бгъэ­дыхьэкIэм зэрытегуш­хуам папщIэ фIыщIэ хуэс­щIыну сыхуейт, - жиIащ Степашиным. - Къэбгъэлъа­гъуэмэ, бюджет ахъшэ зыхухэтх мы программэмкIэ къэрал псом жьы хъуа унэ­хэм къыщIэдгъэIэпхъукIын хуейуэ чэзум щытыр псори зэхэту цIыху мин 520-рэ (ар 2026 гъэ пщIондэ) мэхъу. Фэтэр куэду зэхэт унэхэр ­зэгъэпэщыжыным и лъэныкъуэкIэ зэхуахьэс ахъшэр ауэ сытми къызэрыхамы­-хыр дыхуейт цIыхухэм къагурыIуэну, езыхэм я псэу­кIэр нэхъыфI хъуным ар зэрытеухуар.
КIуэкIуэ Казбек хьэщIэ­-хэм фIыщIэ яхуищIащ, республикэм дежкIэ мыхьэнэш­хуэ зиIэ Iуэхухэм теп­сэ­лъы­хьыну къазэрыхуеблэгъам папщIэ.
- Фондым етщIылIа зэгу­ры­Iуэныгъэр сэбэп хуэхъунущ программэр зытещIыхьа лэжьыгъэхэр зэман нэхъ кIэщIым зэфIэдгъэ­кIы­нымкIэ. Абы ипкъ иткIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 17-м ­щIигъу духуэну ди мурадщ, жьы хъуа унэхэм къыщIэдгъэIэпхъукIынур цIыху ми­ным щIегъу, - пищащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм. - Илъэсищым те­щIы­хьауэ абы делэжьыну къыщыхэтлъхьэм, Фондым ар къыддиIыгъащ, нэ­гъуэ­щIу жыпIэмэ ахъшэкIэ зыкъытщIигъэкъуэнущ. Пэ­жыр жыпIэмэ, республикэм хуабэр, псыр къэзыт и коммунальнэ IэнатIэхэми я щы­тыкIэм арэзы утехъуэркъым, абыхэми я хэкIыпIэм нобэ дытепсэлъыхьащ ди хьэщIэхэм я гъусэу. Фэтэр куэду зэхэт унэхэр зэрызрагъэпэщыжым и гугъу щыт­щIым къыхэдгъэщащ цIыху­хэм я фIэщ дыхъун папщIэ дадэлэжьэн зэрыхуейр. Зэ­IущIэм къызэрыщыхэдгъэщащи, унэхэр зэрызрагъэ­пэщыжынум щIатын хуей ахъшэр республикэм къызэ­рыщыхэкIым мы зэманым гугъуехьхэр пылъщ.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ республикэм жьы хъуа и унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъу­кIыным фондым сом мел­уан 500-м щIигъу къызэры­хуиутIыпщынур, щIыналъэм а Iуэхум хилъхьэнур сом ­мелуани 5-м зэрынэблагъэр.
Степашиным къыхигъэщащ нэхъ и пэкIэ программэм нэгъуэщI ухуэкIэ зэри­Iар, лэжьыгъэхэр лъэны­къуитIми я ныкъуэ-ныкъуэу ягъэзащIэу зэрыщытар. Иджы Урысей Федерацэм и Президентым и унафэкIэ Фондымрэ федеральнэ ­бюджетымрэ я ахъшэкIэ лэжьыгъэхэр процент 98-кIэ ягъэзэщIэну я пщэ далъхьэ.
ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ Налшык къалэм Тэрчо­къуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ №58-м щыIащ. 1991 гъэм яухуа унэр зэры­зэрахьэм арэзы укъызэ­ри­щIым и щыхьэту, Фондым ар щапхъэ зытрахыу къызэрилъытам и щыхьэт пхъэбгъур абы фIадзащ, щIыхь тхылъыр щIэсхэм иратыжащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж