Хэкупсэу ягъасэ.

Хэку зауэшхуэр ди ТекIуэныгъэкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Тэрч щIыналъэм мы­хьэнэ ин зиIэ акцэ щрагъэ­кIуэкIащ. Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэу щытар къы­дэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу гъэсэнырт.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэ­мыцэхэм къыщыIэщIагъэкIыжа ма­хуэхэм ирихьэлIэу, Курп лъагапIэхэм дэкIащ районым щылажьэ жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, щIыпIэм щыIэ ДОСААФ-м и юнармейцхэмрэ курсантхэмрэ, школакIуэхэр, къуа­жэдэсхэр.
Апхуэдэу Iуэхум хэтащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и унафэщI Дадэ МуIэед, абы и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, УФ-м и ДОСААФ-м КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Зэ­кIуий Мухьэжид, а IуэхущIапIэм и Советым и уна­фэщI МацIыхъу Хъусен сымэ, нэгъуэщIхэри.
Инарыкъуей къуажэм щыщу Хэку зауэшхуэм хэ­кIуэдахэм я фэеплъым деж щызэхэта пэкIум къыщып­сэ­лъащ Дадэ МуIэедрэ ЗэкIуий Мухьэжидрэ. Абы­хэм къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ 1942 гъэм и бжьыхьэм щIидзэу Мэлгъэбэг щегъэжьауэ Курп лъагапIэм нэсыху зауэ ­гуащIэ щекIуэкIауэ зэры­щытар. ЩIыпIэм щызэуа 317-нэ фочауэ дивизэр тIэунейрэ зэрагъэпэщыжат. Хэкум и щхьэ­хуитыныгъэм папщIэ офицерхэу, сэлэту миниблым щIигъум а лъагапIэхэм я псэр щатащ. 1943 гъэм и илъэсыщIэ жэщым щегъэжьауэ нэмыцэхэр ира­гъэкIуэтын щIадзэри, ди сэлэтхэм щIыналъэр хуит къащIыжащ.
Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ къыт­щIэхъуэ щIэблэр я лъахэр фIыуэ ­ялъагъуу къэгъэтэджын папщIэ мып­хуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэ­нэш­х­уэ зэ­раIэр, апхуэдэхэр къызэгъэ­пэ­щыным гулъы­тэ нэхъыбэ зэрыхуэ­щIып­хъэр икIи мы илъэсым и кIуэцIкIэ иджыри зэIущIэ зыбжанэ ирагъэ­кIуэкIыну зэрамурадыр.
Акцэр щекIуэкIа махуэр уаеу, жьы щIыIэ щIэту уэс къесу апхуэдэт. Къы­зэ­гъэпэщакIуэхэми Iуэхум хэтахэми зэрыжаIамкIэ, шэч хэлъкъым Курп лъа­га­пIэхэм папщIэ екIуэкIа зауэм хэ­кIуэдахэм я фэеплъым нэсыху дэкIахэм  я Хэкум и щхьэхуитыныгъэр яхъу­мэу нэмыцэхэм япэ­щIэта зауэлIхэм ятелъа бэлыхьымрэ хьэзабымрэ щыщу зымащIэ нэхъ мы­хъуми зэрызыхащIам.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.