КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум теухуа зэIущIэ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм и Уна­фэщIхэмрэ абы хэтхэмрэ я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъур къэпщытэным теухуауэ.
Абы зэрыщыжаIамкIэ, лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ яубзыхуа щIыналъэ лэжьыгъэхэм хиубыдэу дыгъэгъазэм и 1-м ирихьэлIэу хьэзыр ящIащ зи ныбжьыр илъэси 3-м фIэмыкIа ­сабийхэм папщIэ яслъэу 18. Апхуэдэу Аушыджэр къуажэм футбол джэгупIэ, ХьэтIохъущыкъуей къуа­жэм стадион, Саратовскэ хуторым фельдшер-акушер пункт къыщызэIуахащ, Сэрмакъ къуажэм псы зрикIуэ бжьамийхэр щаукъуэдиящ. Апхуэдэ дыдэу «Псы къабзэ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ ирафын псыкIэ къызэрагъэпэщащ Белоглинскэ, Дальнэ ­къуажэхэр. Узыншагъэр хъумэнымкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, спортымкIэ, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэу 123-м папщIэ зыхуеину транспортыр, Iэмэ­псымэхэр къащэхуащ. Къалэхэм щыIэ пщIантIэу 145-рэ, цIыху куэд щы­зэхуэс щIыпIэу 28-рэ зэIузэпэщ ящIащ.
ЗэIущIэм апхуэдэу щыхэплъащ ­Iуащ­хьэ­махуэ лъапэ туризмэмкIэ и IуэхущIапIэхэр цIыху нэхъыбэ дыдэ къыщекIуа­лIэ щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуагъэ­хьэзырам, социальнэ мы­хьэнэ зиIэ ухуэ­ныгъэхэр къызэрызэ­Iуахым, гъуэгу хо­зяйствэм и щы­тыкIэм.
Къызэхуэсахэм я пащхьэм докладхэр щащIащ КъБР-м и Правительст­вэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и япэ къуэдзэ ­Говоров С. А., ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Къуныжь М. А., КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI А. З., ­КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и ­къалэнхэр зыгъэзащIэ Рахаев ­­Б. М., КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ ЩоджэнцIыкIу М. Л.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.