Сэлэт мыцIыхум и щIыхькIэ.

Зи Хэкур зыхъумэжурэ хэкIуэда Сэлэт мыцIыхум и махуэм ехьэлIа дауэдапщэхэр дыгъэгъазэм и 3-м щызэхэтащ Бахъсэн щIыналъэм - Къызбрун щIыналъэр зыхъумахэм я фэеплъу ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэтым деж щагъэтIылъащ удз гъэгъахэр.
ЗэIущIэм хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм, Бахъсэн къалэ округым дзэ комиссару щыIэ Сосналы Мухьэмэд районым и жылагъуэ палатэм и унафэщI Къаздэхъу Олег, ХьэтIохъущыкъуей дэт кадет еджапIэ-интернатым и унафэщI Габоев Мухьэрбий сымэ, еджакIуэ цIыкIухэр.
Илъэс къэс дыгъэгъазэм и 3-м Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Сэлэт мыцIыхум и махуэр. Ленинград шоссем и 4I-нэ километрым деж хуэзэу иIэ къуэшыкхъэм къыщIахыжри, 1966 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м сэлэт мыцIыхум и хьэдэ щыщIалъхьэжауэ щытщ Москва Кремлым пэмыжыжьэу иIэ Александровскэ хадэм. Нэхъ иужькIэ абдежым къыщызэIуахащ Сэлэт мыцIыхум и хуащIа мемориал ансамблыр.
-Нобэ дигу къыдогъэкIыж етIощIанэ лIэщIыгъуэм и гузэвэгъуэ нэхъ шынагъуэ дыдэм - фашизмэм - текIуа ди нэхъыжьхэр. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр зэи ди гум ихунукъым. Куэдым я псэр ятащ ди нобэрей мамыр гъащIэм папщIэ. Ар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, - къыхигъэщащ Ахъуэбэч Анзор.
ДакъикъэкIэ щыма нэужь, къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр фэеплъым деж тралъхьащ.

ЧЫЛАР Аринэ, Бахъсэн щIыналъэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.