Кавказ театрхэм я зэфIэкI.

Налшык къалэр Кавказ Ищхъэрэм и театр гъэлъэгъуапIэ нэхъыщхьэ хъуат иджыблагъэ. Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ драмэ ­театрхэм щхьэкIэ ирагъэ­кIуэкI «Южная сцена» фестивалым хыхьэу, спектакль нэхъыфIхэр щагъэлъэгъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезы­-хьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Налшык и къэрал киноконцерт гъэ­лъэгъуа­пIэм, Музыкэ къэ­рал теат­рым. Зэхыхьэр къызэра­гъэ­пэщащ УФ-мрэ ­КъБР-мрэ ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ абы и щIыналъэ къудамэмрэ. Фестивалыр къыхэ­зылъ­хьахэм я мурад нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и лъэпкъ театрхэм я лэжьакIуэхэм я зэ­пыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ­нырщ, щIэблэр театр гъуазджэм дегъэхьэхынырщ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым фестивалыр къыщызэIуахащ Нэш Р. и «Уэшх зыщэр» спектаклымкIэ. Москва къикIа къэп­щытакIуэ гупым я пащхьэм къыкIэлъыкIуэ махуэхэм щагъэлъэгъуащ Адыгэ, Къэ­рэшей-Шэрджэс, Абхъаз, Осетие Ипщэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Дагъыстэн, Ингуш, Шэшэн республикэхэм, Ставрополь крайм я драмэ театрхэм я лэжьыгъэхэр.
Фестивалым хыхьэу, актёр Iэзагъэм теухуа мастер-класс къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щэкIуэ­гъуэм и 18-м щатащ ­ГИТИС-м режиссурэмрэ дра­мэмкIэ и кафедрэм и доцент Грани­товэ - Лавровская Екатеринэ и нэIэм щIэту. Къищы­нэмыщIауэ, КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм лъэпкъ драмэ театрхэм я зыужьыныгъэм теухуа зэIущIэ гъэщIэгъуэн щэкIуэгъуэм и 22-м щызэхэтащ. Зэхыхьэхэм къыщы­псэлъащ лъэпкъ драмтеатрхэм я унафэщIхэр, режиссёрхэр, художественнэ унафэщIхэр. Абыхэм къыхагъэщащ театрхэм я фестивалым мыхьэнэшхуэ зэри­Iэр, лъэпкъ драмтеатрхэр зэрыщIэным, зэдэIэпыкъу­ным теухуауэ.
Фестивалыр щIэщыгъуэу, гукъинэжу екIуэкIащ икIи щэкIуэгъуэм и 22-м Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щызэхуа­щIыжащ. Иужьрей пщы­хьэщхьэм театреплъхэм ирагъэлъэгъуащ Чанбэ С. и цIэр зезыхьэ Абхъаз къэрал драмэ театрым и режиссёр Кове Валерий щигъэува «Берег неба» спектаклыр.
Театр гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм Iэмал яIащ махуитхум къриубыдэу лэжьыгъэщIэ куэдым зыщагъэ­гъуэзэну. «Режиссёр лэжьыгъэ нэхъыфI», «Сценографие нэхъыфI», «Бзылъхугъэ роль нэхъыфI», «ЦIыхухъу роль нэхъыфI» гуэшыкIэм тету ирагъэкIуэкIа къэпщы­тэныгъэхэм кърикIуахэр иужьрей пшы­хьым къыщагъэнэIуащ, зи зэфIэкIкIэ ­къахэщахэм саугъэтхэр щра­тыжащ.
Лъэпкъ драмэ театрхэм псоми иратащ фестивалым зэрыхэтам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ. Фестивалым и спектакль нэхъыфI хъуауэ къыхагъэщащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ ­театрым и режиссёр, УФ-м, Къэбэрдей-Балъкъэр, Аб­хъаз республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Фырэ Руслан ­игъэува, Нэш Р. и «Уэшх зыщэр» лэжьыгъэр. «Сценографие нэхъыфI» лIэу­жьыгъуэм пашэ щыхъуащ Цей Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ театрым и ­артистхэм ягъэлъэгъуа «Кавказский меловой круг» спектаклыр, Брехт Б. и пьесэм къытращIыкIар. «Режиссёр нэхъыфI» цIэр хуа­гъэфэщащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман, Мизиев Iэубэчыр, УФ-м гъуаз­джэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэщIэгъуэгу, ­Къасей сымэ. «ЦIыхухъу ­роль нэхъыфIыр» къехъулIауэ къалъытащ КъБР-м и цIыхубэ артист, Кулиев Къай­сын и цIэр зезыхьэ ­Балъкъэр къэрал драмэ ­театрым и актёр Жангуразов Мажитрэ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Тхапсаев Владимир и цIэр зезыхьэ Осетие Ищхъэрэ къэрал академическэ театрым и актёр ­Губиев Къазбэчрэ. «ЦIыхубз роль нэхъыфI» лIэужьы­гъуэм пашэ щыхъуащ ­КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ Адыгэ, Абхъаз республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ, Цей Ибрэхьим и цIэр зезы­хьэ Адыгэ лъэпкъ театрым и артисткэ Вайкок Iэсиятрэ. «ЕтIуанэ планым и цIыхухъу роль нэхъыфI» цIэр хуа­гъэфэщащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Хъыдзэдж Бо­рисрэ Хьэ­мырзэ Ахьмэдрэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и артист Ораков Замир. «ЕтIуанэ планым и бзылъхугъэ роль нэхъыфI­кIэ» къыхэжаны­кIащ КъШР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ Шэрджэс къэрал драмэ ­театрым и артисткэ Тут Тезадэ. «Актёр нэхъ щIалэхэм я цIыхухъу роль нэхъыфI» унэтIыныгъэм щытекIуауэ къалъытащ Що­джэн­цIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и лэжьакIуэ Блашэ Имран. «Актрисэ нэхъ щIалэхэм ящыщу бзылъхугъэ роль нэхъыфI» къызэхъулIар Хетагуров Коста и цIэр зезыхьэ Осетие Ипщэ къэрал драмэ театрым и артисткэ Бекоевэ Заринэщ.
КъэпщытакIуэ гупым «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр хуагъэфэщащ Ставрополь и Академическэ драмэ театрым, Лермонтов Михаил и цIэр зезыхьэм, и артистхэм, Лопе де Вега и «Валенсианская вдова» классикэ комедиер къазэрехъулIам папщIэ.
Фестивалым зыкърагъэ­хьэлIащ Кавказ Ищхъэрэм и театр гъуазджэм и лэ­жьакIуэхэм, художественнэ унафэщIхэм, режиссёрхэм. Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ драмэ театрхэм я «Южная сцена» фестивалыр ди щIыналъэм зэрыщекIуэкIыр щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм, театреплъ­хэм я махуэшхуэ хъуащ. ­Театр гъуазджэм и лэ­жьакIуэхэм я зэфIэкIым хагъэхъуэнымкIэ, иджырей драмэ театрым и зыужьы­ныгъэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ ар IэмалыфIщ. Лъэпкъ театр­хэм ягъэлъэгъуа спектаклхэм театр гъуазджэм дихьэххэм гукъыдэж къаритащ икIи я нэгу зрагъэу­жьащ. Лъэпкъ театрхэр зэ­рызэмыщхьым хуэдэу, дэт­хэнэми и лэжьэкIэм гъэ­щIэгъуэн, щIэщыгъуэ ­хы­­бо-
­­лъагъуэ. Зэхыхьэм лъэпкъ­­хэм я зэныбжьэгъугъэр нэхъ­ри игъэбыдэну, ­гуапагъэмрэ захуагъэмрэ щытепщэ лъэпкъ хабзэ дахэхэм зрагъэужьыну дыщогугъ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)