IэнатIэ тэмэм ягъуэтын папщIэ.

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэ­хэта зэIущIэр теухуауэ щытащ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыух IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм лэжьапIэ нэхъ тыншу ягъуэта зэрыхъунум. Университетым и пресс-IэнатIэм и лэжьа­кIуэхэм хъыбар къызэрыдагъэщIамкIэ, КъБКъУ-м и унафэщIхэр дапщэщи набдзэгубдзаплъэу кIэ­лъоплъ а Iуэхугъуэм.
«IэнатIэ зэгъэгъуэты­ным, уней бизнес къызэ­Iупхыным епха Iуэхугъуэхэр, хэлъ щхьэхуэныгъэхэр» ­сессиер егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмыр къыхалъхьащ КъБКъУ-м а унэтIыныгъэм елэжь и IэнатIэм и лэжьа­кIуэхэмрэ «КъБР-м и хьэры­чэтыщIэхэр дэIыгъынымкIэ центр» щIыналъэ фондымрэ. Iуэхур ядиIыгъащ УФ-м, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ я ми­нистерствэхэм. А IуэхущIапIэхэм я экспертхэр къызрихьэлIа зэхуэсыр къызэ­Iуихащ зи гугъу тщIа IэнатIэм и унафэщI Куэцэ Ратмир. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, еджэныр къэ­зыуха IэщIагъэлI ныбжьы­щIэхэм лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэм ягъуэтыныр къэ­ра­лым и дежкIэ мы­­хьэ­­нэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Аращ абы КъБКъУ-м и унафэщIхэми гулъытэ хэха щIыхуащIыр.
- IэщIагъэ зэрызригъэ­гъуэтамкIэ диплом зи Iэ­мыщIэ илъ цIыхум зыхуе­джа унэтIыныгъэмкIэ IэнатIэ игъуэтыфыныр куэдкIэ елъытащ езым: IуэхущIапIэм и унафэщIым и пащ­хьэ гушхуэныгъэ хэлъу, жыджэру иувэм, шэч хэ­мылъу, гулъытэ хэха игъуэ­тынущ, «зигу кIуэдауэ», щтэIэщтаблэу абдеж щы­тым еплъытмэ, - жиIащ Куэцэм, сессием кърагъэб­лэгъа студент нэхъыжьхэм захуигъазэу. - Нобэрей ди зэIущIэм къедгъэблэгъа экс­пертхэм щыгъуазэ фы­хуащIынщ лэжьапIэ зэрыувын хуейм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм.
Япэу псалъэ иратащ «СтратегиещIэ» бизнес ком­панием и эксперт Подберёзная Еленэ. Ар теп­сэлъыхьащ иджырей экономикэр нэхъыбэу зыхуэ­ныкъуэ лэжьакIуэхэм, Iэ­натIэ къэзылъыхъуэ Iэ­щIагъэлI ныбжьыщIэхэм гу зылъатэн хуейхэри наIуэ ­къищIащ.
- Япэрауэ, фыздэувыну фи мурад IуэхущIапIэм теу­хуауэ социальнэ сеть зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм илъ хъыбархэм щыгъуазэ зыхуэ­ф­щIын хуейщ. Псом хуэ­мы­дэу гулъытэ яхуэщIыпхъэщ абы къыIукIыжахэм ятххэм. Апхуэдэуи дэфтэрхэр щывгъэхьэзыркIэ, абы щIывгъу сурэтми, япэ зэIущIэм фы­щыкIуэкIэ фи теплъэми, псэ­лъэкIэми мыхьэнэшхуэ зэраIэр зыщывмыгъэгъуп­щэ - лэжьакIуэ къащтэнур щэныфIагъ зыхэлъ, зэпIэ­зэрыту зыкъэзыгъэлъа­гъуэ, гугъуехьхэм къапимы­кIуэтыну фэ зраплъхэращ, - жиIащ абы. – ЕхъулIэныгъэ гуэрхэр фиIэмэ, ахэри Iэмал имыIэу къыщывгъэлъа­гъуэ фи резюмем. Фымы­укIытэу фызыщытхъуж, ауэ евмыгъэлей. Ахэри сэбэп хъу хабзэщ.
Зытепсэлъыхь Iуэхум и пIалъэ фIыуэ зыщIэ экспертым студентхэм апхуэдэу яжриIащ япэ зэIущIэм кIуа нэужь, къаIущIам и псалъэр зэпамыуду, къагуры­мыIуаIамэ, Iэдэбу щIэу­п­щIэжу, зытепсэлъыхьым епха упщIэ гуэрхэр езыхэми ятмэ зэрынэхъыфIыр.
Бизнесымрэ управленэмрэ я психологием, хьэ­рычэтыщIэм хэлъыпхъэ щэн­хэм ехьэлIауэ сессием къыщыпсэлъащ КъБР-м и Дохутырхэм я палатэм и унафэщIым и къуэдзэ, зыу­жьыныгъэмкIэ кафедрэм и менеджер, психолог Накуэ Алинэ. Абы студентхэм яж­риIащ къалэн пыухыкIа зыхуагъэувыжрэ абы лъэ­Iэсыным зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIэмэ, ехъулIэныгъэ зэрызыIэрагъэхьэфынум шэч зэрыхэмылъыр.
Уней Iуэху къызэзыгъэ­пэ­щыну мурад зиIэхэм яхуэгъэзат юрист КIуащ ФатIимэ и къэпсэлъэныгъэр.
- ЯпэщIыкIэ набдзэгуб­дзаплъэу кIэлъыплъын ­хуейщ рынокым, экономикэм я зыужьыкIэм. Гулъытэ хуэщIыпхъэщ цIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэм, Iуэхутхьэбзэхэм. ИтIанэ а Iуэхугъуэхэр зэребгъэ­фIэ­кIуэным, щIэуэ зыгуэр зэ­ры­хэплъхьэфынум епхауэ лэжьэн хуейщ, - къыхигъэщащ абы. - А псори зэфIэ­кIауэ къыщыфлъытэм деж гъэунэхуныгъэ проектым и чэзур къэсащи, ар евгъа­жьи фыкIэлъыплъ Iуэхур з­эрыкIуатэм. Абдеж наIуэ зыкъом къэхъунущ: Iуэхум хэфщIыкIрэ хьэмэрэ пэ­щIэдзэ щIэныгъэ фIэкIа фимыIэрэ, цIыхур хуей а ефхьэжьа Iуэхум, зегъэ­ужьыпхъэ проектым хьэ­мэрэ кIэ етын хуей. Фейдэ къабзэу Iуэхум къыпэкIуэнур, абы унэсын щхьэкIэ мылъкуу хэлъхьапхъэр, нэгъуэщI куэди къэлъытапхъэщ. Iуэху епхьэжьэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъщи, ар зыщывмыгъэ­гъуп­щэ.
Студентхэм захуэзыгъэзахэм ящыщщ хьэры­чэ­тыщIэ IуэхухэмкIэ эксперт Махуэ Нурхани-Миланэ.
ЗэIущIэм студентхэм къыщащIащ, лэжьэн щIадзэ­мэ, сэбэп къахуэхъуну чэнджэщ куэд.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)