Къалэн нэхъыщхьэ.

Жэпуэгъуэм и 29-м илъэс 67-рэ ирикъуащ ведомствэм щIэмыт хъумакIуэ къулыкъур къызэрызэрагъэпэщрэ. Абы теухуат КъБР-м щыIэ Урысей Лъэпкъ гвардием и дзэхэм и УВО-м щекIуэкIа зэIущIэр.
Абы хэтащ КъБР-м щыIэ Урысей ВНГ-м и УВО-м и унафэщIым и къуэдзэ полицэм и полковник Хьэмыз Мурат, Налшык къалэмкIэ УВО-м и унафэщI полицэм и полковник Жылэшх Рэмэзанрэ КъБР-м щыIэ Урысей ВНГ-м и УВО-м и къудамэм и унафэщI полицэм и майор Ануров Павелрэ.
-УВО-р полицей IэнатIэщ, Урысей Лъэпкъ гвардием и дзэхэм (ВНГ) хыхьэу. Абы и къудамэхэм цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я мылъкур, хэщIапIэхэр яхъумэ зэгурыIуэныгъэр и лъабжьэу,- жиIащ Хьэмыз Мурат.
-Мы зэманым УВО-м республикэм щехъумэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэу мини 3,5-м щIигъу. УВО-м и къудамэхэм ягъэзащIэ Iуэхутхьэбзэхэм къапэкIуэу федеральнэ бюджетым сом мелуан 202-рэ ирагъэхьащ. ХэхъуэхэмкIэ къапэщылъ къалэнхэр ягъэзэщIащ. Муниципальнэ районхэм щолажьэ сыткIи зэпэщ хъумакIуэ пункт 11,- жиIащ абы.
КъБР-м щыIэ УВО-м къыщагъэсэбэп автомашинэхэр хъу­мэнымкIэ иджырей бгъэдыхьэкIэр, къызэрымыкIуэ щы­тыкIэ къэхъу хъужыкъуэмэ, зэгъэтIылъэкI имыIэу къезыгъащIэ ­хъумакIуэ техникэ Iэмэпсымэхэм я сэбэпкIэ.
-Iуэхутхьэбзэу зэфIэтхым зегъэубгъуным, апхуэдэуи автотранспортхэр яхъумэным къыхэхъуэным ехьэлIа Iуэхухэр ­КъБР-м щыIэ Урысей Лъэпкъ гвардием и дзэхэм и УВО-м и къудамэхэм зэтеублауэ ирагъэкIуэкI. Яхъумэ объектхэр къыщапщытэкIэ цIыхухэм йопсалъэ, зэфIах Iуэхутхьэбзэхэр зыхуэдэр, абыхэм щIатыпхъэ уасэр, автотранспортхэр ­яхъумэныр я нэIэм зэрыщIагъэувэ хабзэр гурагъаIуэ, - жиIащ Ануров Павел.
КъБР-м щыIэщ курыт еджапIэ 594-рэ, абыхэм я процент 80-р техникэ Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпу яхъумэ Росгвардием и IуэхущIапIэм и къудамэхэм. УВО-м и къудамэхэм я лэжьакIуэхэм яхъумэхэм, ар фэтэрхэу, IуэхущIапIэхэу щрет, щедыгъуа къэхъуакъым иужьрей илъэсхэм.
Росгвардием КъБР-мкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу къаIэрыхьащ хъуэхъу гуапэхэр, зи IуэхущIафэкIэ къалэным къахэжаныкIахэм иратащ ведомствэм и дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр.

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.