ХьэщIэхэр кърагъэблагъэ.

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр дыгъуасэ яхуэзащ Тверь областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и лIыкIуэхэм. ХьэщIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым кърагъэблэгъащ щIыналъэхэм я парламентхэр зэ­рызэдэлэжьэнум теухуауэ щэкIуэгъуэм и 12-м зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету.
ЛIыкIуэхэм зыщрагъэп­лъыхьащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщ­хьэм и IуэхущIапIэм, хагъэгъуэзащ я зэфIэкIхэмрэ ­ехъулIэныгъэхэмрэ.
Егоровэ Татьянэ кIэщIу тепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым и гъэпсы­кIэм­рэ я лэжьыгъэр зэраубзыхумрэ.
- Ди хьэщIэ депутатхэр ­нэхъыбэу зыхэтыр эконо­микэм епха комитетхэрщ. ДызэчэнджэщынымкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, мы махуэхэм къэралым и щIыналъэ псоми бюджетым щы­топсэлъыхьри, - жиIащ Егоровэм. - Апхуэдэуи къыхэзгъэщыну сыхуейт Тверь областым и зэфIэкIхэм зы­щыдгъэгъуэзэну дызэры­хуейр, псом хуэмыдэу мэкъу­мэш IэнатIэм, элект­роэнергетикэм, туризмэм зэрызрагъэужь щIыкIэм. А псом щхьэхуэу нобэ ды­щытепсэлъыхьыну ди мурадщ комитетхэр зыхэтыну зэIущIэм. Шэч хэмылъу, мыпхуэдэ Iуэху бгъэ­ды­хьэ­кIэр щхьэпэ хъунущ ди щIыналъэхэр зэрызэдэлажьэр дяпэкIэ едгъэфIэкIуэнымкIэ. Дэ дыкIэлъоплъ щIы­налъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьыгъэ убзыхукIэм. Пса­лъэм папщIэ, КъБР-м и Парламентым и V-нэ зэхы­хьэгъуэр жыджэру ядэ­лэ­жьащ Сыбыр, Приволжье федеральнэ округхэм, Тэ­тэрстаным я хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм, апхуэдэуи щIэх-щIэхыурэ даIуощIэ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я лIыкIуэхэми.
Тверь областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым Бюджетымрэ налогхэмкIэ и комитетым и унафэщI Буевич Константин бысымхэм фIы­щIэ яхуищIащ, гуапэу къы­зэрырагъэблэгъам папщIэ. Абы жиIащ Тверь областым и Хабзэубзыху Зэ­хуэсым депутат 40 зэры­хэтыр, политикэ парти 4 къы­зэры­щы­гъэ­лъэгъуар («Уры­сей зэ­къуэт», «Захуа­гъэ здэщыIэ Урысей», КПРФ, ЛДПР).
«Фи щIыналъэм, цIыху­хэм я гуапагъэр зыхэт­щIащ, гуа­пэу фыкъытIущIащ. Дыщогугъ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIы­кIуэ­хэри Тверь щIыналъэм фы­нытхуеблэгъэну», - жи­Iащ абы.
Саугъэтхэр зэIэпаха нэ­ужь, лIыкIуэхэмрэ бысым­хэмрэ я лэжьыгъэм щIа­дзащ. ХьэщIэхэм зыщра­гъэ­п­лъыхьынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэ зыбжанэм.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.